Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 - 21-хэм «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI. Дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри зэхуэдэ щыхъу а зэблэкIыгъуэм, цIыху набдзэгубдзаплъэхэм гу зэрылъатауэ, щIыуэпсым и щытыкIэм зэхэпщIыкIыу зехъуэж. Астрономие щIэныгъэм зэрыжиIэуи, ипэжыпIэкIи абдежращ ди планетэм ищхъэрэкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм гъатхэр къыщихьэу къэтлъытэ хъунури.
Адыгэхэри ящыщщ гъатхэпэм и 21-р илъэсыщIэр къыщыса махуэу къэзыбжхэм. АтIэми, мыр, ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, къэрал куэдым щыпсэухэм я зэдай гуфIэгъуэщ. Абы и щыхьэтщ ООН-м и штаб-фэтэру Нью-Йорк щыIэм, зы илъэс къэмынэу, гъатхэпэм и 21-м Мамырыгъэм и тхьэгъушыр къызэрыщеуэр.
Дызэрыщыгъуазэщи, ди планетэм щыпсэухэм зэманым и пыбжыкIэр къыщыщIадзэн хуейуэ щIэныгъэлIхэм ягъэувар Лондон и Гринвич щIыпIэм деж дыгъэм зыкъызэрыщиIэтым тещIыхьауэщ. Мы гъэм «гъэрэ щIырэ» жыхуаIэр абдежым щызэхэкIыу къабжар гъатхэпэм и 20-м сыхьэтыр 9-рэ дакъикъэм секунди 9 щIигъуауэщ. Абы щыгъуэ Москва деж зэманыр зэрыщыхъур сыхьэт 12-рэ зы дакъикъэщи, аращ гъэрэ щIырэ щызэхэкIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэми къэтлъытапхъэр (нэхъ пэжыр жытIэмэ, сыхьэт ныкъуэкIэ япэ дитущ).
Физикэ, астрономие щIэныгъэхэр мы зи гугъу тщIы зэблэкIыгъуэм зэреплъыр зэдгъэщIэну дыхуеймэ, дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ ди планетэр зэкIэрэхъуэкIыж и джэлэсыр Дыгъэм и хъуреягъкIэ къызэрыщилъэтыхь и уэрдыхъум хуэлъэныкъуабэу зэрыхущытыр. Ар дыдэращ щхьэусыгъуэ хуэхъури гъэмахуи щIымахуи ди планетэм зэрыщыIэм. Сыту жытIэмэ, Дыгъэм здекIэрэхъуэкIым ЩIым къытепсэ бзийхэм я зыгъэзэкIэм, гъэм и зэманым елъытауэ, зэм нэхъ лъахъшэ защI, мыдрейхэм дежи нэхъ лъагэ щохъу.
ЩIы Хъурейм ищхъэрэкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм тес цIыхухэм, зи гугъу тщIы махуэхэри хиубыдэу, гъатхэ псом и кIыхьагъкIэ къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм гулъытэ хэха щыхуащI: пщIантIэхэмрэ уэрамхэмрэ ягъэкъабзэ, жыгхэмрэ удз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хасэ, щIыуэпсыр и щытыкIэр езыгъэфIакIуэ Iуэхугъуэхэу къэралми жылагъуэми кърахьэжьэхэр даIыгъ.
«ЩIым и махуэм» хуэгъэза пэхуэщIэхэр къыхэзылъхьэхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэныр ди зэхуэдэ пщэрылъу зэрыщытыр дэтхэнэми, псом хуэмыдэжу къытщIэхъуэ щIэблэм, зыхегъэщIэнырщ икIи абы теухуа лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынырщ.
Языныкъуэхэм къытфIощI дыкъэзыухъуреихь дунейр зы цIыху къарукIэ теплъэгъуафIи нэхъ дахи тхуэмыщIыну. Ауэ ар щыуагъэщ - щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр езым и деж дэтхэнэ зыми къыщыщIидзэжыпхъэщ. Ар шэч къызытумыхьэнщ.
Ауэ щыхъукIи, мы махуэм дигу къегъэкIыж щIыуэпсыр къабзэу щыгъэтыным дэтхэнэми хэлъхьэныгъэ нэрылъагъу зэрыхуэтщIыфынур. Сыт хэлъыр кIэрыхубжьэрыхур къапщтэу сэмб щхьэхуэ иплъхьэным е пхъэнкIийр къыумыхьэжьэ щIыкIэ абы хэлъ пластикымрэ пкъыгъуэ быдэхэмрэ зэхэбдзыным. Ахэращ, Iуэху къызэрыгуэкIыу къытщыхъуми, дызытес ЩIы Хъурейр щыпсэугъуафIэу къызэтезыгъанэр.
А псом къадэкIуэуи зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым ди планетэр хъумэнымрэ и щIыIур зэIузэпэщ щIынымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэр сыт хуэдэ зэманми зэрегъэкIуэкIыпхъэр.
Ауэ щыхъукIи, гудзакъагъэ тхэлъу дыкъэзыухъуреихь дунейм дыхущытыным, гулъытэ нэс абы хуэтщIыным ехьэлIауэ гъатхэм кърахьэжьэ Iуэхугъуэ екIухэрщ «ЩIым и махуэ» жыхуэтIэ хъунури.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.