ЗыгъэпIейтейхэри мащIэкъым

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек.

ЗэIущIэм щыхэплъащ Урысей Федерацэм наркотикхэм япэщIэтыным теухуауэ щрагъэ­кIуэкI политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм щыубзыхуахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2024 гъэм зэрыщагъэзэщIам, афиянхэкI зэзыхьэлIэхэр гъэхъужыным, абыхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтыным пыщIа Iуэхухэм прокурорхэм я нэIэ зэрытетым. Апхуэдэу абы щызэпкърахащ Налшык, Бахъсэн къалэ округ­хэм наркотикхэм япэщIэтынымкIэ я комиссэхэм я лэжьыгъэр зыхуэдэр.
 Къыхэбгъэщ хъунущ, наркотикхэр хабзэншагъэкIэ игъэкIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къыщIэгъэщынымкIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэр нэхъ зэрефIэкIуар. Абы къыдэкIуэу, уегъэгузавэ синтетикэ наркотик гуащIэхэр нэхъыбэ зэрыхъуам, интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу ялэжь апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэми къазэрыхэхъуэм.
Республикэм щызэтраухуащ наркоманхэм дохутыр-социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэр ягъуэты­ным, афияным игъэсымэджахэр жылагъуэ гъащIэм тэмэму къыхэшэжа хъуным яхуэгъэза лэжьыгъэр, стационар, амбулаторнэ программэхэм пхыкIа апхуэдэ сымаджэхэм я бжыгъэми хэхъуащ.
ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьахэм, апхуэдэу наркотикхэм япэщIэтынымкIэ щIыналъэ комиссэм и лэжьэкIэм теухуауэ къыхалъхьа чэнджэщхэм япкъ иткIэ унафэ пыухыкIахэр къащтащ, наркотикхэр ирагъэкIыным пэщIэтыным, щIалэгъуалэр а узыфэм щыхъумэным хуэгъэ­зауэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.06.2026 - 15:02

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.