КъуийцIыкIу Валерэ ягъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, музыкант, усакIуэ, уэрэджыIакIуэ гъуазджэмкIэ кафедрэм и доцент КъуийцIыкIу Валерэ и концерт. Ар къызэрагъэпэщащ и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъумрэ егъэджакIуэ лэжьыгъэм илъэс 30 хъуауэ зэрыпэрытымрэ я щIыхькIэ.

Пшыхьым зыкърагъэхьэлIат бзылъхугъэхэм я «Надежда России», «Юбилейная» зэгухьэныгъэхэм щыщхэм, колледж зыбжанэм я студентхэм.

Пшыхьым къекIуэлIахэр дежьууащ КъуийцIыкIу Валерэ игъэзащIэ совет уэрэдхэм икIи едэIуащ Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм, Узбекистаным щыщ и гъэсэнхэр къызэджа усэхэмрэ жаIа уэрэдхэмрэ.

- Зи лэжьэкIэм, уэрэд жыIэкIэм фIыуэ дыщыгъуазэ КъуийцIыкIу Валерэ и пшыхьым ди гуапэу дыхэтащ. ДызэрыцIыкIурэ тщIэ уэрэдхэмрэ и усэщIэхэмрэ тфIэфIу дедэIуащ, - жиIащ КПРФ-м и «Юбилейная» зэгухьэныгъэм хэт Къудей Лидэ. – Уэрэд жыIэнымкIэ ар егъэджакIуэ Iэзэу зэрыщытым иджыри зэ щыхьэт техъуащ и гъэсэнхэм я уэрэд гъэзэщIэкIэр. Студентхэм удихьэхыу, Iэзагъышхуэ зэрахэлъыр нэрылъагъуу зыкъагъэлъэгъуащ.

Пшыхьым щагъэзэщIащ Магомаев Муслъим, Бейбутов Рашид, Герман Аннэ сымэ жаIэу щыта уэрэд цIэрыIуэхэр, адыгэ, балъкъэр тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэр. НэхъыжьыIуэхэм ноби ягу къинэжащ КъуийцIыкIу Валерэ Музыкэ театрым щыщылэжьам оперэ зыхэтахэм щигъэзэщIа ариехэр.

Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. КъуийцIыкIу Валерэ иригъэджахэм къахэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артист зыбжанэ. Абы шэч къытрихьэркъым макъамэкIэ, усэрэ уэрэдкIэ дунейр зэрыпхуегъэфIэкIуэнум.

ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ КъуийцIыкIу Валерэ и гуапэу ехъуэхъуащ, фIыщIэ тхылърэ Вэрокъуэ Владимир и тхылъхэм щыщрэ тыгъэ хуищIащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг