КъулыкъущIэхэр ягъэхьэзыр

ЩIалэгъуалэм я унэм иджыблагъэ лэжьэн щыщIидзащ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и школ» зыфIаща еджапIэм. 

ЩIыпIэ самоуправленэм щылэжьэну гупыж зыщIхэм я бжыгъэр хэгъэхъуэныр зи къалэн нэхъыщхьэ, зи ныбжьыр илъэс 16-м къыщыщIэдзауэ 25-м нэсхэр, 10 - 11 классхэм щIэс­хэр, студентхэр, щIыпIэ самоуправленэхэм щылажьэ щIалэ­гъуалэр зэкIуалIэ школыр щIэщыгъуэу ежьащ. Япэ дерсхэм къыщыщIэдзауэ абы екIуалIэхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ къыж­ра­Iэхэмрэ зыхурагъаджэхэмрэ. Дауи апхуэмыдэнрэ?! Абы щIэ­ныгъэ щызэзыгъэгъуэтыну е зи зэфIэкIым щыхэзыгъэхъуэ­ну хуейхэр, Iуэхум нэхъ дихьэххэращ къыхахар. 
ЗэIущIэм хэта къэпщытакIуэхэм ящыщщ филологие щIэ­ныгъэхэмкIэ кандидат, «Эльбрус» корпоратив университе­тым и унафэщIым и къуэдзэ Мякининэ Оксанэ. Ар ныбжьыщIэ­хэм яхутепсэлъыхьащ гупым хэту лэжьэным фIагъыу хэлъым, абы къыпэкIуэ ехъулIэныгъэхэм. 
ЕджакIуэхэм ятхащ «Сэ нэхъыбэу сызыхуэIэрыхуэмрэ ахэр къэрал къулыкъущIапIэм къызэрыщысэбэпынумрэ» зи фIэ­щыгъэ эссе. Еджэн яуха иужь, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтахэмрэ зи зэфIэкIым хэзыгъэхъуахэмрэ иджыри зы эссе ирагъэтхы­ну я мурадщ, езыхэм, апхуэдэуи я Iуэху еплъыкIэм захъуэжарэ замыхъуэжарэ къащIэн папщIэ. 
КъыкIэлъыкIуэ Iыхьэу щытащ школым щеджэхэр нэхъ ­гъунэгъуу зэрыцIыхуныр, гуп зэкъуэт зэрыгъэхъуныр. Гъэ­щIэгъуэну екIуэкIащ а Iыхьэр икIи, зэрызэрыцIыхуам къы­дэ­кIуэу, гупуи лэжьэну Iэмал яIащ. Ар дяпэкIи къахуэсэбэпы- ­нущ еджакIуэхэм, сыту жыпIэмэ школым и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр зытеухуар гуп зэдэууэ зэдэлэжьэнырщ. 
«IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и школым» екIуалIэхэм щIэныгъэ хъарзынэ зыIэрагъэхьэфынущ, IэщIагъэ къыхахам ахэр къа­зэрыщыхуэщхьэпэнуми шэч хэлъкъым. Нобэрей япэ зэIу­- щIэм ипкъ иткIэ, дэ нэхъ гъунэгъуу дызэрыцIыхуащ икIи гупу дылэжьащ. Сигу ирихьащ зэрыцIыхуагъащIэ ныбжьыщIэхэр псынщIэу зэрызэгурыIуар. Ар, дауи, я фIыгъэщ школым ­къыщагъэсэбэп Iэмалхэр зэхэзылъхьахэм. Дызыщагъэгъуэ-за лэжьэкIэр, Iуэху зехьэкIэр си щхьэкIэ гурыхь сщыхъуащ», - къыджиIащ школым и еджакIуэхэм ящыщ Гамаевэ Элинэ. 
Иджыри лекцэ-зэIущIэ зыбжанэ школым и деж щекIуэ­кIынущ, жьакIуэу псалъэу егъэсэным, езым я бренд къызэ­рызрагъэпэщыным, псэуныгъэм ехьэлIа Iуэху яубзыхуным, школым къыщащIэр къызэщIэкъуэжыным хухэхауэ.
Мы школыр сэбэпщ абы щеджэхэм щIыпIэ самоуправленэхэм ущылэжьэныр зищIысыр къащIэнымкIэ, апхуэдэуи ­зрагъэгъуэта IэщIагъэр нэгъуэщI IэнатIэхэми къащы­хуэ­щхьэпэнущ. А грант Iуэхур зи гукъэкI Атмурзаевэ Iэминат и жэрдэмыр къыдеIыгъ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ феде­ральнэ агентствэм. 
ИСТЭПАН  Залинэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.