Республикэм и ЩIалэгъуалэ центрым щагъэлъагъуэ «Корни и крылья» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Ету зэшыпхъухэу Илонэрэ Элинэрэ я лэжьыгъэ 30-м щIигъу. Сурэтхэм къыщыгъэлэгъуа теплъэгъуэхэм блэкIамрэ нобэмрэ зэпащIэ.
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артур Ету зэшыпхъухэм дяпэкIи щIыналъэм исхэр я IэдакъэщIэкIхэмкIэ ягъэгуфIэну ехъуэхъуащ. Абы къыхигъэщащ зэшыпхъухэм я сурэтхэмкIэ я зэфIэкIыр, я лъэпкъым и тхыдэр къызэрагъэлъагъуэм къыдэкIуэу, щIэблэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щаIэ ехъулIэныгъэхэм зрагъэужьынымкIэ щапхъэ зэрахуэхъур.
- Зэшыпхъухэм фи Iуэхур фIы дыдэу къывохъулIэ. Фи лэжьыгъэхэр щыплъагъукIэ, лъэпкъ щэнхабзэмрэ хабзэмрэ нэхъри уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым! Гъуазджэм и IэмалхэмкIэ фи гурыгъу-гурыщIэхэр къызэрывгъэлъэгъуэфыр уасэншэщ! Ар зэфIэкI фызэриIэм и щыхьэтщ. ЩIалэгъуалэми нэхъыжьыIуэхэми яфIэгъэщIэгъуэнщ фи лэжьыгъэхэри, дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр фиIэну сынывохъуэхъу! - жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ.
Ету Элинэ жиIащ хуабагъ зыщIэлъ я сурэтхэмкIэ щыIэкIэ-псэукIэм епха Iуэху зэIумыбзхэм гу лърагъэтэну, блэкIа зэманым щыIа лъапIэныгъэхэм, нэхъапэм цIыхугъэ нэхъ яхэлъу, зыр адрейм дэIэпыкъуу, жьы хъуахэм пщIэрэ гулъытэрэ хуащIу зэрыщытам кърагъэгъэзэжыну зэрыщыгугъыр.
Ету зэшыпхъухэм Налшык и Художественнэ школыр къаухауэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым щоджэ. Ахэр зэпеуэ, гъэлъэгъуэныгъэ куэдым я лауреатщ. Нэгъабэ я лэжьыгъэхэр япэу щагъэлъэгъуащ «Сердце Кавказа» выставкэм. Илонэрэ Элинэрэ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэм фIыщIэ хуащIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщынымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ.
Зэшыпхъухэм я IэрыкIхэм феплъыфынущ гъатхэпэм и кIэ пщIондэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.