Оркестр цIэрыIуэр къызэрагъэпэщыж

Сэрмакъ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзэжри, Махуэ Дадушэ и цIэр зезыхьэ и щэнхабзэ-нэгузыужь центрым и лэжьыгъэр ирагъэжьэжащ. Иджы абы къыщагъэщIэрэщIэж струннэ оркестр цIэрыIуэр. 
1983 гъэм яухуа IуэхущIапIэр нэгъабэ дыгъэгъазэ мазэм зэрагъэпэщыжащ, «Щэнхабзэ» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу. Сэрмакъдэс ныбжьыщIэ щэ бжыгъэхэм иджы Iэмал яIэщ абы щылэжьэну секцэхэм екIуэлIэну. Мыбы дыщэидэм, сурэт щIыным, уэрэд жыIэным, театр гъуазджэм щыхуагъасэ. Шахматымрэ шашкэмрэ я гупжьейхэм сабийхэри балигъхэри макIуэ. Сурэт, видео техыкIэм щыхуагъасэ дерсхэр куэд мыщIэу яублэнущ. 
ЩэнхабзэмкIэ унэм къуажэ библиотекэри хэтщ. Зэпеуэ, фестиваль куэдым къыхэжаныкI «Си Сэрмакъ» къэфакIуэ ансамблым хэт ныбжьыщIэхэми аращ зыщагъасэр. «Пушкиным и картэ» программэр зэрагъэзащIэм хыхьэу, IуэхущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Гуащэ театрым щигъэлъэгъуащ «Карлик Нос» спектаклыр. 
ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Къалэ Альберт къыхигъэщащ я IуэхущIапIэр къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжам и фIыгъэкIэ, ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэфIэкIхэм абы зыщрагъэужьыну Iэмал зэраIэр. 
- Иджыри ди лэжьыгъэм къыпытщэну, адэкIи едгъэфIэкIуэну мурадыфIхэр диIэщ. Нэхъыщхьэращи, ди жэрдэмхэр къуажэдэсхэм къыддаIыгъщ. 
Дзэлыкъуэ районым 70 - 80 гъэхэм щэнхабзэм жыджэру зыщрагъэужьауэ жыпIэ хъунущ. Абы щыгъуэ Дзэлыкъуэ, ЯтIэкъуэ, Псынэдахэ, Кичмалкэ, Хьэбэз къуажэхэм - ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, Сэрмакъ къуажэм - кинотеатр щаухуащ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ахъмэт Салават, Джатэжьокъуэ Борис, Вындыжь Малил сымэ щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфIхэр хуащIащ. Абыхэм къызэрагъэпэщауэ щыта струннэ оркестр цIэрыIуэр щэнхабзэ-нэгузыужь центрым къыщагъэщIэрэщIэжыну зэрамурадым куэд щогуфIыкI.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.11.2025 - 12:00

КъыщIагъэкIым и куэдагъым хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъыхэкIхэмкIэ и промышленнэ индексыр проценти 102,2-рэ хъуащ.

11.11.2025 - 09:03

Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь

Тэтэрстаным и Елабугэ къалэм жэпуэгъуэм и 21 - 26-хэм щекIуэкIащ УФ-м тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

11.11.2025 - 09:03

Фашизмэм и «напэр»

Мамырыгъэр хъумэным цIыхур къыхузэщIэгъэушэным, жылагъуэ зэхэщIыкIыр унэтIынымрэ блэкIам и дерсхэр къэпщытэжынымрэ ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэ хъуащ.

11.11.2025 - 09:03

Кувейтым мэлъатэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кувейтымрэ кхъухьлъатэхэмкIэ иджыблагъэ зэпыщIа хъуащ.

11.11.2025 - 09:03

Бахъсэн къалэр ягъэдахэ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм хыхьэ «Гъуэгу хозяйствэр» программэ гуэдзэным ипкъ иткIэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэ