Ставрополь щыщIадзэнущ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» дивизионым и Япэ гупым мы гъэм щекIуэкIыну зэхьэзэ-хуэм хэтынухэмрэ щыщIидзэнумрэ зэхагъэкIащ. Абы ипкъ иткIэ «Спартак-Налшыкым» зэпеуэр Ставрополь къалэм щригъэжьэнущ, щIыпIэ «Динамо»-м гъатхэпэм и 22-м щыIущIэнурэ. 

Налшыкдэсхэр зыхэхуа гупым щыджэгунущ командэ 14: «Астрахань» (Астрахань), «Кубань-Холдинг» (Павловскэ рай­он), «Рубин Ялтэ» (Ялтэ), «Ангушт» (Нэзрэн), «Ростов-2» (Дон Iус Ростов), «Динамо Ставрополь» (Ставрополь), «Легион» (Мэхъэчкъалэ), «Динамо-2» (Мэхъэчкъалэ), «Победа» (Хасавюрт), «Спартак-Налшык» (Налшык), «Дружба» (Мейкъуапэ), «Нарт» (Черкесск), «Сочи-2» (Сочэ), «Севастополь» (Севастополь). ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм, зыр адрейм деж кIуэурэ, ахэр тIорытIэ зэдэджэгунущ. ИтIанэ япэ - еханэ увыпIэхэр зыубыдахэр зэ къекIуэкIыгъуэкIэ бжьыпэм щIэбэнынущ, ищхьэкIэ дэкIуэтеин папщIэ. Адрейхэр гупым къыхэнэным иризэныкъуэкъунущ. 
Зэхьэзэхуэм щIидзэным къэнэжа щыIэкъым. А зэманыр нэсу къызэрагъэсэбэпыным командэхэр ерыщу хущIокъу. Зыгъэсэныгъэхэм къадэкIэу абыхэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр иджыпстукIэ ирагъэкIуэкI. Апхуэдэ зы иджыблагъэ Налшык и Сабий стадионым щызэхэтащ. Абы «Спартак-Налшыкым» къыщригъэблэгъат Хасавюрт и «Победа»-р. Ди щIалэхэр зэкIэ нэхъ хьэзыру къыщIэкIащ икIи Дагъыстэным и футболист- хэр 3:1-уэ хагъэщIащ. Налшыкдэсхэм я топитI Далиев Дени ­дигъэкIащ, ещанэр къехъулIащ зыкIэлъыплъыну кърагъэб­лэгъа щIалэм. 
«Спартак-Налшыкым» и зыгъэсэныгъэхэр иджыри зы тхьэмахуэкIэ щыIэнущ. Абы къриубыдэу иджыри зэныбжьэгъу-     гъэ зэIущIитI къапэщылъщ. Налшыкдэсхэр яIущIэнущ Черкесск и «Нартымрэ» Нэзрэн и «Ангушт»-мрэ. 
Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.01.2026 - 09:03

Блым щыщу тхур дыщэу

Урысейм ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэ­хьыным хуэунэтIа къэралпсо зэхьэзэ­-хуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащ-хьэ Черкесск щекIуэкIащ.

24.01.2026 - 09:03

Медаль 35-рэ къахь

Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь крайм щекIуэкIащ иджыблагъэ.

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.