Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэ администрацэм иджыблагъэ Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ: Хэкум и хъумакIуэ хахуэхэр зыгъэса адэхэм «Сэлэтым и адэ» медалхэр иратащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Сэлэтым и адэ» медалыр зыгъэувар «Урысейм и адэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэрщ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» Урысейпсо фондым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу икIи ар ират лIыхъужьыгъэ зезыхьэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я адэхэм.
Дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэу Псыгуэнсу къуажэм и администрацэм а махуэм кърагъэблэгъат Журт Арсен, Безыр Артур, Яхэгуауэ Мыхъутар сымэ. Абыхэм къаIущIащ щIыпIэ администрацэм и тхьэмадэ Балъкъыз Мухьэмэдин, къуажэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и депутатхэу Шыбзыхъуэ Русланрэ Къудей Беслъэнрэ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и къудамэу Аруан щIыналъэм щыIэм и социальнэ координатор Хъалил Аслъэн, «Псыгуэнсу» уэрэджыIакIуэ-къэфакIуэ ансамблым и унафэщI Мыз Хьэжмурат сы- мэ.
Къуажэ администрацэм и лэжьакIуэхэмрэ щIыпIэ депутатхэмрэ кърагъэблэгъа я къуажэгъухэм фIыщIэ хуащIащ Хэкум и хъумакIуэ щIалэ ахъырзэманхэр зэрагъэсам папщIэ икIи гуапэу ехъуэхъуащ зи къалэнхэр зыгъэзащIэу дзэ Iуэху хэхам щыIэ я бынхэм узыншэу я унэ къагъэзэжыну.
Хъалил Аслъэн зэIущIэм къыщыхигъэщащ Псыгуэнсу дэс унагъуихым я адэхэм «Сэлэтым и адэ» медалыр ипэIуэкIэ зэрыратар икIи а Iуэху гуапэм Аруан щIыналъэм адэкIи зэрыщыпащэнур.
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.