Хахуагъэр и шыфэлIыфэт

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам къыщигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуа­гъэмрэ, и къалэныр нэсу зэ­­ригъэзэщIам папщIэ Дзэ­лыкъуэ щIыналъэм хыхьэ ЯтIэкъуэ къуажэм щыщ Андемыр Рэмэзан ЛIыхъу­жьыгъэм и орденыр езыр щы­мы­Iэжу къыхуагъэфэщащ УФ-м и Президент Путин Вла­димир и УнафэкIэ. 

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Дохъушокъуэ Исмэхьил дамыгъэ лъапIэр иритыжащ лIыхъужьым и адэ Резуан. Андемыр Рэмэзан и щIыхькIэ къы­зэрагъэпэща зэIущIэр щекIуэкIащ район администрацэм. Абы хэтащ СВО-м хэкIуэда лIыхъужьым и адэ- анэмрэ и щхьэгъусэмрэ, Бахъ­сэн къалэ округым, Бахъ­сэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссар ШыкIэбахъуэ Алим, Дзэлыкъуэ щIы­налъэм и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ­хэр, ЯтIэкъуэ къуажэ администрацэм и унафэщIыр. 
- Андемыр Рэмэзан къулыкъум гурэ псэкIэ пэрытащ. И гъащIэр итащ къэралым, лъэпкъым я къэкIуэнум егуп­сысу. ЦIыхур Хэкум зэ­ры­хуэ­пэжым и щапхъэ нэс игъэ­лъэгъуащ. ЩIалэр ди гум къи­нащ лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ зи шыфэлIыфэу. Къэралым къыщхьэщыжу зи псэр зытам и унагъуэм дыф­щIыгъунущ, зауэлIым и бынхэм гулъытэ яхуэтщIынущ, - жиIащ Дохъушокъуэм орденыр лIыхъужьым и адэм щритыжым. 
Андемыр Резуан зэIущIэм щIэсхэм фIыщIэ яхуищIащ и щIалэм и фэеплъыр зэрахъу­мэм, къулыкъум лIыгъэ зэрыщищIар къызэрагъэлъа­гъуэм щхьэкIэ. ЖиIащ мы зэманым дзэ Iуэху хэхам  щы­Iэ щIалэхэр узыншэу, я къалэн ягъэзэщIауэ, те­кIуэ­ныгъэ къахьауэ къагъэзэжыну зэригуапэр. 
Дзэ комиссар ШыкIэба­хъуэ Алим къыхигъэщащ Андемыр лIыхъужь нэсу къулыкъум зэрыпэрытар, зэи къы­зэримыкIуэтар, щIэпхъаджагъэм пэщIэту и псэр зэритар. 
Къуажэ администрацэм и унафэщI Теувэжыкъуэ Хьэдис къэралым, республикэм, райо­ным я унафэщIхэм фIы­щIэ яхуищIащ СВО-м хэт сэ­лэт­хэм, абыхэм я унагъуэхэм гу­л­ъытэ зэрыхуащIым папщIэ. 
Андемыр Рэмэзан 1987 гъэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ ЯтIэкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, дзэм яхэту къу­лыкъу ищIэну ираджащ. ЛIыхъужьым и Iыхьлыхэм зэрыжаIэжымкIэ, щIалэр хэкупсэ нэст, къэралым къулыкъу хуищIэныр къалэн лъа­пIэу къилъытэрт. «Сэ зауэлI сыхъунущ Iэмал имыIэу!» - а псалъэхэр жиIэрейуэ щытауэ ягу къагъэкIыж. 
Дзэм къулыкъу щищIэу къуа­жэм къигъэзэжа нэужь, лэжьапIэ уващ, унагъуэ ­хъуащ, быних къыщIэхъуащ. Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхар къэхъея нэужь, зэгу­ры­Iуэныгъэм Iэ тридзэри, къу­лы­къум пэрыуващ. 2022 гъэм и щэкIуэгъуэм СВО-м кIуащ. 
2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м Андемыр Рэмэзан Хэкум и щIыхьыр, щIэблэм я къэкIуэнур ихъумэу, и псэр щитащ Херсон областым хыхьэ Покровскэ къуажэм. Къу­лыкъум пэрытыху Анде­мы­рым тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ Урысей Федерацэм ­ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и ми­нистерствэм и медалыр. 

ГУГЪУЭТ Заремэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.09.2026 - 09:03

Гугъуехьхэм къагъэдзыхакъым

Лъахэм къытепсыха гуауэм ­игъэхыщIат къэралышхуэм и цIыхухэр. Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэр къежьат ди Хэкур зыIэрагъэхьэу, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу.

16.09.2026 - 09:03

Куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэ округым.

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.