Бжыгъэрылъанэ дерсхэр

«Бжыгъэрылъанэ дерсхэр» зи фIэщыгъэ урысейпсо егъэджэныгъэ жэрдэмым ипкъ иткIэ, Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2-м дерс зэIуха щекIуэкIащ. Ар компьютерым и лэжьыгъэр зытещIыхьа операцэ Iэмалхэр джыным теухуат.

Дерс зэIухам хэтащ КъБР-м Бжыгъэры­лъанэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ КъуэщIысокъуэ Зарэ, Тэрч щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр, егъэджакIуэхэр.
- Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди къэралым щрагъэкIуэкI «Бжыгъэр зи лъабжьэ дерсхэм» ягъуэт гулъытэм хэхъуэу, къыщIэупщIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъууэрэ йокIуэкI. ГурыIуэгъуэщ еджакIуэхэми, абыхэм я адэ-анэхэми гъащIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр зэры­зы­хащIэр, абы къыхэкIыу щIэныгъэ гуэдзэ зрагъэгъуэту къыхаха IэщIагъэмкIэ я есэныгъэхэр ягъэкууну зэрыхэтыр. Экономикэ зэ­хущытыкIэхэм теухуауэщ дунейм зэры­зиу­жьыр, арыххэуи, абы епха IэщIагъэ зэмы­лIэужьыгъуэ куэди гъащIэм къыхохьэ. Интернетымрэ компьютерымрэ пыщIа Iуэху­гъуэхэр куэду ямыгъэщIэгъуэжми, абы­хэм уазэрыдэлэжьэн, узыпэрыт IэнатIэмрэ Iуэхумрэ узэрыщехъулIэн Iэмал куэд пыщIащи, ахэр щIалэгъуалэм ягурыгъэIуэныр IэщIагъэрылажьэхэм я дежкIэ пщэрылъ пыухыкIа мэхъу. Апхуэдэ щIэныгъэм, егъэлея хэмылъу жытIэнщи, жылагъуэ-экономикэ псэукIэ зэпэщыр зэрепхар, абы пыщIа IT-IэнатIэхэм я зыужьыныгъэри зэрелъытар къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэщ интернетми компьютерым епха щIэныгъэми мыхьэнэ яIэр зыхуэдизыр. НыбжьыщIэхэр зыщIэупщIэ, гъэщIэгъуэн ящыхъу Iуэху­гъуэхэмкIэ щIэгъэкъуэн дыхъуныр, пасэу дунэтIыныр мыхьэнэ зиIэ къалэну къыдолъытэ, а гуращэр абыхэм яIэщIэмыужьыхэу дяпэкIи дылэжьэну ди гугъэщ», - жиIащ ­КъуэщIысокъуэ Зарэ.
Дерсым къигъэув Iуэхугъуэхэр курыт еджапIэхэр зэрылажьэ программэм токI. Абы къыхэкIыу методикэ чэнджэщхэр зэхагъэуващ, сабийхэр щылажьэ пэшхэм я къызэгъэпэщыкIэр техникэ и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщыкIынкIэ зэрыхъунур къэзылъытэ сценарийхэри зэхалъхьащ.
«Къэралым и жылагъуэ-экономикэ зыу­жьыкIэм уеплъмэ, нэрылъагъущ абы бжыгъэр тегъэщIапIэ зыщI зэхъуэкIыныгъэхэр къызэрыхихыр, абы хуэкIуэ гъуэгур хишмэ, игъуэу къызэрилъытэр. ХэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, мис а щытыкIэм къегъэув хъыбарегъащIэ технологием и мыхьэнэр ин хъу­ныр, абыкIэ щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэ­ры­лажьэхэм я пщIэм хэхъуэныр. IT-IэнатIэхэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, заужь. ИпэкIэ зэхэдмыха, зэи дызримыхьэлIа IуэхугъуэщIэхэр махуэ къэс жыхуаIэм ещхьу гъащIэм къыхо­хъухь. ГъэщIэгъуэнращи, нэхъыбэр зэпхари хъыбарегъащIэ технологиехэмрэ компьютер хуэIухуэщIэхэмрэщ. Абы къыхэкIыу къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ яIэщ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэс сабийхэм бжыгъэмрэ информацэмрэ ехьэ­лIауэ ират дерсхэм. ЩIэныгъэр еджэныгъэм къыхокI, ауэ ар тхылъым епха къудей мыхъуу, нэрылъагъу Iэмалхэми ятещIыхьауэ щытын хуейщи, ари къыдолъытэ, ди методикэ нэхъыщхьэри аращ, жыпIэми щы­уагъэ хъунукъым. Къыхэтлъхьэ методикэ Iэмалхэм ныбжьыщIэхэр IT-IэщIагъэхэм я дунейм занщIэу хишэфынущ, абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэм щигъэгъуэзэфынущ. Еджа­кIуэхэм компьютер программэхэр зэрызэхагъэувэм хэлъ щэхухэр къащIэну, абы халъхьэ пкъыгъуэхэм я мыхьэнэр зэхагъэкIыну, информацием ехьэлIа технологиехэр зэрылажьэ щIыкIэхэм зыщагъэгъуэзэну Iэмал яIэнущ. Си щхьэкIэ шэч къытесхьэркъым, ди дерс зэIухахэм къыхыхьэ ныбжьыщIэхэм къэкIуэну зэманхэм IT-IэщIагъэлI нэсхэр къазэрыхэкIынум. Сыт хуэдэ гупсысэфIми къегъэжьапIэ иIэщи, апхуэдэ ублапIэу къэлъытэн хуейщ компьютерым и лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщ операцэ Iэмалхэр. Арыххэуи, ди ныбжьыщIэхэм мы пэхуэ­щIэм къриу­быдэу едгъэщIэну дыхущIэкъунущ къызэрыгуэкI файлхэр зэраутIыпщым къыщегъэ­жьауэ компьютерым тетхауэ тет программэ гугъухэм зэрадэлажьэм щы­щIэкIыжу щыIэ щIэныгъэхэмрэ Iуэхугъуэ­хэмрэ. Еджа­кIуэ­хэм едгъэщIэнур теорием и закъуэкъым, атIэ еджэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, практикэ лэжьыгъэхэр еттынущ, абыкIэ яIэ хъуа есэныгъэхэр кърапщытэжын хуэдэу», - жиIащ КъуэщIысокъуэм.
«Бжыгъэм и дерсхэр» жэрдэмыр 2018 гъэ лъандэрэ Урысейм щрагъэкIуэкI. Абы и ублэгъуэм ирихьэлIэу къэралым и IT гупхэм дерсхэм къыхалъхьэну лэжьыгъэхэр зэхагъэувэ, ахэр курыт щIэныгъэ щрат IуэхущIапIэхэр зэрылажьэ программэхэм епхауэ зэхалъхьэ, щхьэ закъуэ лэжьыгъэуи гуп лэжьыгъэуи зэщхьэщах. Дерсхэр технологиемрэ программированэмкIэ IэнатIэхэм я ­дунейм ухэзышэ Iэмалщ, къэкIуэну зэманхэм я экономикэм хуэгъэза лэжьыгъэщ.
УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьауэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ къэралым щрагъэкIуэкI егъэджэныгъэ жэрдэмыр зэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу ­мэхъу «Бжыгъэрылъанэ экономикэ» акционер зэгухьэныгъэмрэ «Технологие пашэныгъэ» лъэпкъ программэр зыгъэзащIэ гу­пым­рэ.

ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.01.2026 - 09:03

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм.

16.01.2026 - 09:26

Пэжыр цIыхубэм лъагъэIэс

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и уна­фэщI Жыласэ Заурбэч жи­Iащ илъэсым Iуэ­ху гуапэкIэ зэрыпежьар.

16.01.2026 - 09:23

АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэк

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.