Щыуагъэхэм щахъумэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм иджыб­лагъэ щекIуэкIащ экстремизм, терроризм щIэпхъа­джа­гъэхэм пэщIэтыным ехьэлIа зэIущIэ. 

Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, УФ-м и МВД-м и къудамэу республикэм щыIэм Экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрым и оперуполномоченнэ Гуслистовэ Викторие, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур сымэ. ЗэIущIэм кърагъэблэгъащ ди щIыналъэм и спорт еджапIиплIым я унафэщIхэмрэ тренер-егъэджакIуэхэмрэ.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ терроризм, экстремизм щIэпхъаджагъэхэр щIыналъэм къыщымыгъэхъуным, абыхэм япэ­щIэтыным, щIалэгъуалэр а мыхъумыщIагъэхэм щыхъумэным хуэунэтIауэ щыIэ Iэмалхэм, ахэр къызэрыгъэсэбэпыпхъэхэм. Тренерхэм зэIущIэм щыжраIащ я гъэсэнхэр я нэIэ щIагъэтыну, дин, лъэпкъ зэхэгъэжым, зэпэщIэувэныгъэхэм къыхураджэу иужьрей зэманым интернетым къралъхьэ Iуэху мыщхьэпэхэм дамыхьэхыным гулъытэ хуащIыну, къэралым щыщыIэ хабзэхэр къызэпамыудыным, я щхьэ яхъумэжыным хуаущиину. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.