Бзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер, Адыгэ Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр, «Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламент» адыгей жылагъуэ зэгухьэныгъэр зэщIыгъуу мазаем и 20 - 21-хэм ирагъэкIуэкIащ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ VII Дунейпсо зэIущIэ. ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэным хухаха илъэси 10-м (2022 - 2032 гъэхэр) ипкъ иту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ академием и академикхэр, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм, Тыркум, Абхъазым, нэгъуэщI щIыналъэхэм я щIэныгъэлIхэр. 

ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ­Адыгейм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу абы хэтащ ­ЩIДАА-м и вице-президент, Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфарбий, ЩIДАА-м и президентым и чэнджэщэгъу Бэлахъуэ Олег, ЩIДАА-м филологиемкIэ и къудамэм и унафэщI БакIуу Хъанджэрий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI БищIо Борис, нэгъуэщIхэри. 
Конференцыр зэхаублэн ипэ къихуэу, абы хэтахэм видеокIэ зыкъыхуагъэзащ Адыгэ Республикэм и ­Iэтащхьэ КъумпIыл Муратрэ ЩIДАА-м и Президент Къанокъуэ Арсенрэ:
- Анэдэлъхубзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэдгъэпэща дунейпсо зэIущIэм хэтхэм фIэхъус фызох. VII конференцым кърихьэлIащ Абхъазым, Хьэрып Эмиратхэм, Израилым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Тыркум я лIыкIуэхэр. Фигу къэзгъэкIыжынут ЩIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэ­ным хухаха илъэси I0-р (2022 - 2032 гъэхэр) ООН-м игъэува Iуэхугъуэу зэрыщытыр, икIи, ди гуапэ зэрыхъунщи, Урысей Федерацэм жыджэру щагъэзащIэ абы къигъэув лэжьыгъэр. ЦIыхум Iэмал имыIэу хэ­лъын хуей хэкупсагъэр къыщежьэжыр и анэ­дэлъ­ху­бзэм дежщ. Лъэпкъыу дунейм тетым я щэнхабзэрэ бзэрэ яIэжщ, тхыдэшхуэ я щIыб къыдэлъщ. ЦIыхум а псом пщIэ яхуищIмэ, и бзэм ирипсалъэмэ, и хабзэр зэрихьэмэ, щIэныгъэ, лэжьыгъэ, щыIэкIэ-псэу­кIэ я лъэны­къуэкIи ефIэкIуэнущ. Сыту жыпIэмэ, анэ­дэлъ­ху­бзэрщ щIэныгъэмрэ Iущыгъэмрэ и хъумакIуэр! Си гуапэщ нобэрей зэIущIэм щIэныгъэлI лъэрызехьэхэр зэрызэхишар - егъэджакIуэхэр, магистрхэр, кандидатхэр, докторхэр, бзэм и жылагъуэ къэхутакIуэхэр. Дэтхэнэри къэпсэлъэну, и къэху­тэ­ны­гъэ­хэмкIэ, къэп­щы­тэныгъэхэмкIэ къыддэгуэшэну Iэмал иIэщ, - жиIащ Къанокъуэм. 
Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат къыхигъэщащ бзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ УФ-м и Президент Путин Владимир иригъэкIуэкI лэжьыгъэм зэрыщыщыр, абы гулъытэ хэха зэры­хуищIыр:
- Урысей Федерацэр лъэпкъыбэщи, арауэ къалъытэ ди къэралым и къулеигъэ нэхъыщхьэр, зыгъэдахэр, зыгъэщIэращIэр. Ауэ щыхъукIэ щIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэр хъумэныр къэралым и унафэ­щIым япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Шэч къытесхьэркъым нобэрей зэIущIэр абыкIэ сэбэп зэрыхъунум, IуэхугъуэщIэ куэди къызэрыхалъхьэнум, - жиIащ абы. 
Пэублэ Iыхьэм къыщыпсэлъащ КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. Абы и гугъу ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ щрагъэкIуэкI ­лэ­жьыгъэмрэ Iэмалхэмрэ. КъулыкъущIэм къызэ­рыхигъэщамкIэ, а Iуэху мытыншымкIэ ми­нис­терст­вэм щIэгъэкъуэн къыхуохъу республикэм и Прави­тельствэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ. 
- Бзэм ехьэлIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри ди Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и нэIэ щIэтщ. Апхуэдэу, анэдэлъхубзэр зэрадж тхылъхэмкIэ курыт еджапIэхэр къызэгъэпэщыныр, ахэр къэралым къигъэув мардэхэм ­къезэгъыу щытыным кIэлъыплъыныр ди пщэ дэлъщ. А тхылъхэр щыуэ егуэш: бзэр джын щIэзыдза­гъащIэм, бзэр фIыуэ зыщIэм, бзэр мащIэу зыщIэхэм папщIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ иужьрей илъэсищым къриубыдэу тхылъ мин 230-рэ къызэрыдэкIари. Абы и фIыгъэкIэ 1 - 9-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэр анэ­дэлъхубзэ тхылъхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Егъэ­джа­кIуэхэми я щIэныгъэм щыхагъахъуэ семинархэр, ­вебинархэр щыIэщ. АнэдэлъхубзэмкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ еджакIуэхэм папщIэ зэпеуэ зэмылIэужьы­гъуэхэр щыдогъэкIуэкI ди щIыналъэм. Псалъэм папщIэ, 2023 - 2024 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ я зэпеуэм ныбжьыщIэ 5608-рэ хэтащ. Абыхэм ящыщу еджакIуэ 4397-м адыгэбзэмкIэ, 1211-м балъкъэрыбзэмкIэ я зэ­фIэкIхэр къагъэлъэгъуащ, - жиIащ Езауэм.
Япэу псалъэ зратахэм ящыщщ Европэм щыIэ хасэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Зэ-тий. 
- Европэ Хасэм къыбгъэдэкIыу сэлам гуапэ фызох мы Iуэху щхьэпэм хэтхэмрэ хэкурысхэмрэ. Бзэр ­хъумэным теухуа мыпхуэдэ Iуэхугъуэшхуэ сэри, зи пашэу сыщыт зэгухьэныгъэри зэи дыхэтакъым. Европэм щыпсэу адыгэхэр иужь дитщ ди анэдэлъхубзэр тхъумэну, ди бынхэм едгъэщIэну, ауэ ар хуабжьу гугъущ. Дэ дыщыпсэу къэралхэм анэдэлъхубзэм ­теухуауэ хабзэ пыухыкIа гуэрхэри щыIэкъым. Гугъэ псори зэпхар хэкуращи, хэхэсу хамэ къэралхэм щыпсэухэм гулъытэ къытхуэфщIыну сынывэлъэIунут. ТхузэфIэкIыр мащIэщ… Пэжщ, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм ди анэдэлъхубзэкIэ къыщыдэкI тхылъхэм ящыщ Ев­ропэм дошэ, ахэр унагъуэм илъмэ, адэ-анэм я бынхэр нэхъ тыншу ирагъэджэнщ жытIэу догугъэ. Ауэ ар мащIэщ, - захуигъэзащ Вэрокъуэм зэIущIэм къе­кIуэлIахэм. 
УФ-м лъэпкъыбзэхэмкIэ и къэрал институтым и унафэщIым и къуэдзэ Мыз Маринэ къыщыпсэлъам къыхигъэщащ анэдэлъхубзэхэм я мыхьэнэр щагъэнахуэ мып­хуэдэ зэIущIэхэр Урысейм куэдрэ зэрыщемыкIуэкIыр икIи адыгэм абы гулъытэшхуэ зэры­хуищIым, бзэр гъэкIуэтэным жыджэру зэрелэжьым папщIэ фIыщIэ яхуищIащ ЩIДАА-м и президент ­Къанокъуэ Арсен, АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Адыгейм ­Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институ­-тым и уна­фэщI ЛIэужь Iэдэм сымэ. 
- УФ-м лъэпкъыбзэхэмкIэ и къэрал институтыр мыпхуэдэ зэIущIэхэм нэхъыбэрэ зэрыхэтыным хущIокъу икIи мы унэтIыныгъэм теухуауэ ди IуэхущIапIэм лэжьыгъэу зэфIихым фыщызгъэгъуэзэнут. Анэ­дэлъхубзэр зэрадж тхылъхэмрэ зэрылажьэ тет­радхэу абы щIыгъуу къакIуэхэмрэ зэхэгъэувэныр, къэпщытэныр институтым и пщэм къыдалъхьащ 2024 гъэм. Абы ипкъ иткIэ, адыгэбзэр, нэгъуеибзэр, бурятыбзэр, саамыбзэр, къинэмыщIхэри джынымкIэ тхылъ 27-рэ къыдэгъэкIыным делэжьащ. Къи­щынэмыщIауэ, анэдэлъхубзэу 4 джынымкIэ пса­лъалъэхэри догъэхьэзыр, бзэ 26-рэ джынымкIэ тхылъ 436-рэ къэрал программэм къыщыдгъэлъэ­гъуащ. Абыхэм и мызакъуэу, лъэпкъ щэнхабзэр ­хъумэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI. Псалъэм папщIэ, гъэ къэс, мазаем и 21-м ирихьэлIэу инс­титутым ирегъэкIуэкI онлайн-марафон; «Путешествие в страну родного языка» Iуэхугъуэр; Пушкин Алек­сандр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу зэпеуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Мыхьэнэшхуэ иIэу къысщохъу «АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ ­нэхъыфI» зэпеуэу 2022 гъэ лъандэрэ къызэдгъэ­пэ­щыр, - жиIащ Мызым. 
МахуитIкIэ екIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъащ щIэ­ныгъэлI куэд. Абыхэм къаIэтащ иужьрей технологие­хэр къагъэсэбэпу адыгэбзэр хъума хъунымкIэ бгъэ­дыхьэкIэщIэхэр, адыгэм сабийр нобэ зэрипI щIы­кIэ­хэр, къагъэнэхуащ егъэджэныгъэм къыхыха пса­лъэщIэхэр, убыхыбзэр нобэ зэрыува щытыкIэр, теп­сэлъыхьащ къэухь IэрыщIым адыгэбзэр егъэ­щIэн папщIэ адыгэбзэкIэ тедза клавиатурэ ды­зэ­рыхуэныкъуэм, «Бзэрабзэ» тхылъыр и щапхъэу, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр зэрырагъэ­джым, бгъэдыхьэкIэщIэхэр адыгэбзэ дерсхэм къы­зэрыщагъэсэбэп Iэмалхэм, хьэтыбзэмрэ нобэрей адыгэ-абазэбзэмрэ зэщхьу къыхэна псалъэхэм, нэгъуэщIхэми. 
ЩIДАА-м и хэщIапIэ «Синдика» хьэщIэщым ма­заем и 20-м щызэхуэса къэбэрдей щIэныгъэлIхэр ­видеожыпхъэм тету екIуэкIа зэIущIэм зи гугъу щащIахэм ятеухуауэ зэпсэлъащ, унафэ зыбжани къы­зэдащтащ.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.