ХуэунэтIащ лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Экономикэмрэ цIыхубэ шына­гъуэншагъэмкIэ советымрэ Хабзэр хъума хъун папщIэ зэпыу имыIэу лажьэ зэзыгъэуIу гупымрэ я зэIущIэ.   Абы къыщаIэтащ лъэпкъ ­проектхэм я гъэзэщIэкIэмрэ цIыхубэм я шынагъуэншагъэмрэ епха Iуэхугъуэхэр. 

Лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэунэтIауэ ирагъэ­кIуэкI лэжьыгъэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Крючков Вячеслав, Налшык транспорт полицэм и линейнэ къудамэм и унафэщI Мысостышхуэ Мурат, Урысейм и Ипщэ банкым и управ­ленэ ­нэхъыщхьэм и унафэ­щIым и къуэдзэ Олейник Виктор, Страховщикхэм я урысей­псо зэгухьэныгъэм хэту, щIы­налъэм мыхъумыщIагъэм щыпэ­щIэ­ты­нымкIэ и къызэгъэпэщакIуэ гупым и унафэщI Елокъуэ ­Мурат, КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министр Къа­лэбатэ Рустам, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Езауэ Анзор, щэнхабзэмкIэ ­министр Къумахуэ Мухьэдин, лэжьыгъэмрэ социальнэ дэ­IэпыкъуныгъэмкIэ министр Тогузаев ТIэхьир сымэ. 
КIуэкIуэ Казбек и телеграм напэкIуэцIым щытепсэлъы­хьы­жащ зэIущIэм къыщаIэта Iуэ­хугъуэ нэхъыщхьэхэм. 2024 гъэм республикэр щIэпхъаджащIэхэр щыерыщ щытыкIэм пэIэщIэу щытащ, поли­тикэ и лъэныкъуэкIэ Iэуэ­лъа­уэн­шэщ, псори зытетыпхъэм тетщ. Хабзэхъумэхэр наб­дзэ­губдза­плъэу якIэлъоплъ дэф­тэ­рын­шэу щIыпIэр зыхъуэж­хэм, ахэр экстремизмэм, терроризмэм, коррупцэм пыщIауэ къыщIэ­кIынкIи зэрыхъу­нум къыхэкIыу. Куэд мэхъу ин­тер­нетымрэ те­лефонымрэ къа­гъэсэ­бэ­пурэ цIыхухэм я мылъкур ­зы­Iэры­зыгъэхьэ щIэпхъа­джа­щIэхэм я бжыгъэр. Гулъы­тэ ­нэхъыбэ хуэ­щIын хуейщ гъуэгум и шына­гъуэншагъэм. 
УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий и унафэкIэ машинэхэр хъума хъуным, ­автострахованэ къудамэм къы­щыхъу мыхъумыщIагъэхэм теп­сэлъыхьащ. КIуэкIуэ Каз­-бек а Iуэхур зи нэIэ щIэт IуэхущIапIэхэм унафэ яхуищIащ ОСАГО полисхэр республикэм щыпсэухэм яIэрыхьэным елэ­жьыну. 
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм иджыри щытепсэ­лъыхьащ «Узын­шагъэр хъу­мэн», «ЩIэ­ныгъэ», «Демографие», «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектхэр зэра­гъэзащIэ щIыкIэм. 
«Ди Президент Путин Вл­а­димир къызэрыхилъхьам тету, мы илъэсым щегъэжьауэ ­«Унагъуэ», «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ», «ГъащIэ кIыхь узыншэ» лъэпкъ проектхэм дыхыхьащ. А лъэныкъуэм ­ще­кIуэкI лэжьыгъэм дяпэкIи пыт­щэнущ», - иритхащ КIуэ­-кIуэ Казбек и телеграм-каналым. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.