Фэеплъхэр, егъэджэныгъэр, щIалэгъуалэр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ­республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ мазаем и 27-м. Депутатхэм абы законопроект зыбжанэ къыщащтащ.

Апхуэдэу зэхъуэкIыныгъэ­хэр халъхьащ «КъБР-м Iулъ­хьэм зэрыщыпэщIэтым теу­хуауэ» КъБР-м и Законым и 12-статьям. 
«Мэкъумэш щыщIэным хухэха щIыхэм гъавэ бэв къыщы­хъуным я нэIэ зэрытрагъэтым и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и 3-нэ статьям халъхьэ зэхъуэ­кIыныгъэхэр епхащ «собственник», «владелец», «пользователь», «арендатор» псалъэхэр «правообладатель» жыхуиIэмкIэ зэрахъуэкIыным. 
Депутатхэр арэзы техъуащ «Егъэджэныгъэм теухуауэ» ­КъБР-м и Законым и 5, 6-нэ ­статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектми. КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ жиIащ «Урысей ­Федерацэм щыIэ егъэджэныгъэм теухуауэ» Федеральнэ ­Законым зэхъуэкIыныгъэхэр ­хэлъ­хьэным теухуауэ» ФЗ №315-мрэ «Урысей Федерацэм и зако­нодательнэ акт щхьэ­хуэ­хэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэ­ным ехьэлIауэ» ФЗ №471-мрэ къы­зэращтам къыхэкIыу ар зэ­рагъэхьэзырар. Абы тету, «акъылкIэ къыкIэрыху» жыIэ­гъуэр «зи акъылым сэкъат иIэ» псалъэхэмкIэ, «щыщIэныгъэ зи­Iэ» жыхуиIэр «зи зыужьыныгъэм зэран иIэ»-кIэ зэрахъуэкI. «Педагогикэ, психологие щIэ­ныгъэхэм я лъэныкъуэкIэ къатщтэмэ, и акъылкIэ къыкIэроху жытIэныр къезэгъыркъым, сыту жыпIэмэ апхуэдэ диаг­ноз зиIэ сабийм и Iэмалхэр абы ­нэхъ мащIэ ещI», - къыхигъэщащ Емузым. 
«Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу лъэпкъхэм я тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэм ятеу­хуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-1, 13-хэм халъхьэ зэ­хъуэкIыныгъэхэм тепсэ­лъы­хьащ хабзэубзыху IуэхущIа­пIэм ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэ зыужьыныгъэмрэ хъыбаре­гъащIэ политикэмкIэ и коми­тетым и унафэщI Текуев Iэмырбий. Абы жиIащ «Урысей Фе­дерацэм и хабзэ щхьэхуэхэм ­зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэ­-ным теухуауэ» ФЗ №444-р 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къы­зэращтам къыхэкIыу дэфтэрыр зэрагъэхьэзырар. Абы ипкъ ­иткIэ, «Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым щыпсэу лъэпкъхэм я тхы­дэ, щэнхабзэ фэеплъхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым и 13-нэ статьям пункт 6-5-р ды­щIагъуну къыхалъхьэ. Ар зы­теухуар щIыналъэ, муници­пальнэ мыхьэнэ зиIэ тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэм я щы­тыкIэр къэпщытэныр пщэрылъ зыщащIыр гъэбелджы­лы­нырщ.
ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм ебгъуа­нэу зэхуашэс и гупыщIэм. Абы теухуауэ Емуз Нинэ къыщып­салъэм къыхигъэщащ Палатэм депутат ныбжьыщIэхэр, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтхэр зэрыхагъэхьар. ЦIыху 35-м ящыщу 10-р хъыджэбз цIыкIущ. «Дыщогугъ лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ мы гупыщIэм дагъэгушхуэну», - дыщIигъуащ къэпсэлъам. 
Егоровэ Татьянэ жиIащ щIалэгъуалэм зэрахуэарэзыр, ­КъБР-м и Парламентым и лэжьыгъэр сыт щыгъуи яфIэгъэщIэгъуэну къызэрекIуалIэм папщIэ.
ЗэIущIэм депутатхэр щедэ­Iуащ 2024 гъэм я лэжьыгъэр зыхуэдам теухуауэ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу КъБР-м щыIэм и ­уна­фэщI Кужонов Жантемыр къы­зэщIикъуэжам.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.