Гъуэгу шынагъуэншагъэм депутатхэр егъэпIейтей

КъБР-м и Парламентым «Прави­тельствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм я фIагъымрэ шына­гъуэншагъэмрэ къызэрызэрагъэпэщым. 

ЩIыналъэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ ­къаIэта Iуэхур къэралым и пщэрылъ нэхъыщхьэ дыдэхэм зэращыщыр.
- Гъуэгухэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ щIыным хуэгъэзащ «ГъуэгуфI шына­гъуэншэхэр» лъэпкъ Iуэхур. Иужьрей илъэсихым гу зэрылъыттэщи, ар ди республикэм къызыхуэтыншэу щагъэзащIэ. Иджы «Жылагъуэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщын» лъэпкъ проектыщIэми ипкъ ­иткIэ къуажэхэм я гъуэгухэр зэIузэпэщ ящIынущ, - къыхигъэщащ абы.
Егоровэм жиIащ гъуэгухэм я фIагъхэм, транспорт зэжьэхэуэхэр къэмыгъэхъуным зэрелэжьым хуэдэу, республикэм шына­гъуэншагъэм щыхэгъэхъуэным иджыри зэрыщелэжьыпхъэр. «Гъуэгу транспорт зэ­жьэхэуэхэр нэхъ мащIэ хъуныр иджыри къыдэхъулIакъым. Урысейм и Президентым «УФ-м 2030, 2036 гъэхэм пщIондэ зэрызегъэужьыпхъэхэр» и Унафэм ипкъ иткIэ, гъуэгум къыщыхъу насыпыншагъэхэм хэкIуадэхэм я бжыгъэр 2030 гъэм ирихьэлIэу хуэдэ 1,5-кIэ, 2036 гъэм хуэдитIкIэ дгъэмэщIэныр зэдгъэхъулIэн хуейщ (бжыгъэхэр 2023 гъэм егъэпщащ)», - дыщIи-    гъуащ къэпсэлъам.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым зэрыжиIэмкIэ, а Iуэхум зэгъусэу елэжьыпхъэщ къэрал IуэхущIапIэхэри, щIыпIэ уна­фэр зезыхьэ IэнатIэхэри, жылагъуэри, хьэ­рычэтыщIэхэри. «Iуэхугъуэ псори зытещIыхьауэ щытын хуейр республикэм и ­гъуэгухэм я быдагъэмрэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ зэгъэхъулIэнырщ. Зи гугъу тщIым хабзэубзыху IуэхущIапIэм зэ­пымыууэ и нэIэ трегъэт, «ГъуэгуфI шына­гъуэншэхэр» Iуэхум къыщыгъэлъэгъуахэр зэрагъэзащIэм дыкIэлъоплъ. Ноби аращ абы дытепсэлъыхьыныр къыщIэтIэтар», - пищащ Егоровэм. 
КъБР-м транспортымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн жиIащ зи гугъу ящI лъэпкъ Iуэхум хыхьэу, 2019 - 2024 гъэхэм къриубыдэу республикэм и автомобиль гъуэгу километр 1118-рэ зыхуей зэры­хуагъэзар, гъуэгу километр 380-м я Iуфэхэм уэздыгъэхэр зэрыщагъэувар. 
2024 гъэм щIыналъэ, щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгу километри 150-рэ, лъэмыж метри 120-м щIигъу зэрагъэпэщыжащ, километр 80-м нэблагъэ къагъэнэ-   хуащ. ЩIыналъэм гъуэгум хухих и мылъкум щыщу сом мелард 1,8-м щIигъу трагъэкIуэдащ километр 37-рэ зыхуей хуэгъэзэным. Министрым жиIащ гъуэгу хабзэхэр къы­зэпызыудахэм тралъхьэ тезырыр зэрырагъэпшын щIыкIэм ехьэлIауэ законода­тельствэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн зэрыхуейр. 
ДыщэкIым къызэрыхигъэщамкIэ, «Шынагъуэншэ республикэ» АПК-м и Iэмал ­псори дяпэкIэ къагъэсэбэпыфынущ. ­КъБР-м и МВД-м и Къэрал автоинспекцэм и управленэр я дэIэпыкъуэгъуу, ПДД-р къызэрызэпаудар къэзыгъэлъагъуэ «Паркон» системэр (сурэтрэ видеорэ трех) къыщагъэсэбэп щIыпIэхэри нэхъыбэ ящIынущ. 
- Гъуэгухэм я фIагъымрэ шынагъуэншагъэмрэ хэдгъэхъуэнымкIэ щIэгъэкъуэныфI тхуэхъунущ «Жылагъуэр зыхуей-зыхуэфI­хэмкIэ къызэгъэпэщын» лъэпкъ Iуэхур. Министерствэм мы Iуэхур зи нэIэ щIэт IэнатIэхэр и гъусэу, зэхигъэуващ къэкIуэну илъэ­сихым гъуэгум дызэрелэжьыну щIы­кIэр. Абы КъБР-м и Iэтащхьэр арэзы те­хъуащ, - дыщIигъуащ министрым.
2025 гъэм IуэхугъуитIым иужь ихьащ: Аруан къуажэм къыщыщIэдзауэ Налшык къалэм Щоджэным и цIэр зезыхьэ и уэрамым къэс километри 8 зи кIыхьагъ гъуэгу Iыхьэмрэ Щхьэлыкъуэ - Кэнжэ автомобиль гъуэгумрэ (Налшык и Щэрдан уэрамым къыпыхьэжу псори зэхэту километри 4,7-рэ мэхъу) елэжьыным.
КъБР-м и МВД-м гъуэгу шынагъуэншагъэмкIэ и къэрал инспекцэм и управленэм и унафэщI Бэджыдэ Юрэ жиIащ къагъэсэбэп Iэмалхэм емылъытауэ, ДТП-хэр нэхъ мащIэ зэрымыхъуар. 
Апхуэдэу гъуэгум къыщыхъуа насыпыншагъэхэм фэбжь хэзыхахэм я бжыгъэр проценти 8,5-кIэ нэхъ мащIэ хъуами, транспорт зэжьэхэуэхэр проценти 4,2-кIэ, хэкIуэдахэр процент 47,3-кIэ нэхъыбэу щытащ. Нэгъабэ республикэм и гъуэгухэм къыщыхъуа насыпыншагъэхэм цIыхуи 134-рэ хэ­кIуэдащ, 2023 гъэм абы и бжыгъэр 91-уэ щытащ. 
КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм щыщIэныгъэ зиIа уэрамхэмрэ ­гъуэгухэмрэ зыхуей хуэгъэзэжыным ехьэлIауэ зэфIигъэкIа лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ, апхуэдэ щIыпIэхэм къыщыхъу ­транспорт зэжьэхэуэхэр процент 31,2-кIэ ягъэмэщIэн яхузэфIэкIащ. Апхуэдэ ДТП-хэр хуэдитIкIэ, фэбжьу хахри хуэдищкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Управленэм и лэжьакIуэхэм нэгъабэ гъуэгухэм къэпщытэныгъэ 494-рэ щрагъэкIуэкIащ, гъуэгу шынагъуэншагъэр яхъумэн зэрыхуейм теухуа тхыгъэ 712-рэ зэбграгъэхащ, хабзэр къызэрызэпаудам теухуа Iуэхугъуэ 92-м теухуа хъыбар прокуратурэм и IэнатIэхэм Iэрагъэхьащ. 
КъищынэмыщIауэ, шынагъуэншагъэр къы­­зэрызэрагъэпэщ Iэмалхэм ящыщщ машинэ зэблэкIхэм я зэхуакум гъущI ухуэныгъэхэр зэрыдагъэувэр. Ахэр КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм и жэрдэмкIэ, 2018 гъэм щегъэжьауэ Р-217 автомо­биль гъуэгум и кIыхьагъкIэ щагъэув. Ап­хуэдэ щIыпIэхэм деж иужьрей илъэсищым щыхэкIуэдар цIыхуитIщ, абы ипэкIэ - а бжыгъэр 51-рэ хъууэ щытащ. 
Iуэхугъуэ щхьэхуэщ гъуэгухэр зэ­пы­зупщIхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэ­пэщыныр. Зы илъэсым и кIуэцIкIэ гъуэгум зэпрыкIыу цIыхуи 140-м машинэ къажьэ­хэуащ: 32-р абы хэкIуэдащ, 122-м фэбжь ягъуэтащ. Лъэсу зекIуэхэм яIэ хуитыныгъэхэр рулым дэсхэм къыщызэпаудыр гъэ­мэщIэным епхауэ къэрал автоинспекцэм Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр иригъэкIуэкIащ. Илъэ­сым къриубыдэу хабзэр къыщызэпауда Iуэхугъуэ 7700-рэ къыщIагъэщащ, ар хуэ­дитIкIэ нэхъыбэщ ипэ илъэсым щыIам ­нэхърэ.
- ЦIыху зэпрыкIыпIэхэр жэщми махуэми, дунейм и щытыкIэ зэхуэмыдэхэми къэгъэнэхуауэ щытмэ, ДТП-р нэхъ мащIэ хъунущ. Абы къыхэкIыу гулъытэ хэха худощI уэрамхэм апхуэдэ я щIыпIэхэр къэгъэ­нэхуным. «ГъуэгуфI шынагъуэншагъэ» федеральнэ Iуэхум хыхьэ щIыналъэ проектыщIэм (Жылагъуэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщын) къыщыдгъэлъэгъуащ иджыри метр мин 50 къэдгъэнэхун зэры­хуейр, - дыщIигъуащ Бэджыдэ Юрэ.
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, гъуэгум транспорт насыпыншагъэхэр къыщымыгъэхъуным къыхуезыджэ Iуэху 1395-рэ ирагъэкIуэкIащ. 2025 гъэм гъуэгум хабзэхэм зэрыщытетым нэхъ ткIийуэ кIэлъыплъыну я мурадщ, апхуэдэуи Урысейм и УФССП-м щIыгъуу, административнэ хабзэхэр къы­зэ­рызэпаудам теухуауэ тралъхьа къуэдыхэр егъэпшыныным нэхъыфIу я нэIэ трагъэ­тынущ.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ сурэтрэ видеорэ тезых Iэмэпсымэхэр щагъэув щIыпIэхэр къы­зэрыхах щIыкIэм, фадэ ефауэ маши­нэм дэсхэм я зэранкIэ къэхъу ДТП-хэм я бжыгъэм, дунейм и щытыкIэм зэрызи­хъуэжымрэ абы кърикIуахэр гъэкIуэ­ды­жынымрэ псынщIэу иужь зэрихьэм, гъуэгу хабзэхэр зэрагъэзащIэм, къуэдыхэр зымытхэм зэрабгъэдыхьэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа Iуэхухэр. 
КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ ­гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Къалмыкъ Марат къыхигъэщащ гъуэгум и шынагъуэншагъэр къызэпызыуд Iуэхугъуэ­хэм зэращыщыр автомобилхэр зэрызэтрихьэри. Абы къыхилъхьащ гъуэгу зэхэкIы­пIэ­хэм «светофор губзыгъэхэр» (гъуэгум и щы­­тыкIэр къэлъытауэ машинэхэр зэблигъэкIыфу) ягъэувыным хуэгъэзауэ яIэ Iэмалхэм хуэкIуэныр. КъищынэмыщIауэ, абы къиIэтащ цIыхухэм зэрызыкъыхуагъэза ­Iуэхугъуэ зыбжанэ: Шэджэм укъикIыу Налшык укъыщыдыхьэкIэ светофор ягъэувыну цIыхур зэрыщIэлъэIумрэ къалащ­хьэм Ленинымрэ КIыщокъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрам зэхэкIыпIэхэм диагоналкIэ зэпрыкIыу ящIынымкIэ щыIэ Iэмалхэм-  рэ. 
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ, зэлэ­жьы­нухэм я лъабжьэр къащтащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух