Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ ущыдэтым деж гуапэ пщохъу IуэхущIапIэхэм я цIэр адыгэбзэкIэ тетхауэ, адыгэ ныпыр дэнэкIи фIэлъу щыплъагъукIэ. КъищынэмыщIауэ, а къалэм адыгэ шхапIэ цIыкIуу дэтым къахэхъуэ зэпытщ. «Адыгэ Iэнэ» и цIэу нэгъабэ къызэIуаха шхапIэм хьэщIэщ теплъэ иIэщ, жьэгу щIэтщ, дэнэкIэ зыбгъазэми адыгэ хьэпшыпхэр нэгум къыщIедзэ. Ар къызэIузыхари зыгъэлажьэри Теувэж Беслъэнщ. УкъызыхэкIа лъэпкъым и шхын пщIыныр, уи унагъуэ щупщэфIыныр лъэпкъ хабзэхэм ящыщщ. Ерыскъы къудейуэ щымы-ту, ар щэнхабзэм и зы Iыхьэщ, лъэпкъым и дуней тетыкIэр къигъэлъагъуэу, жыпIэмэ, ущыуэнукъым.
«Адыгэ Iэнэм» и бжэхэр хьэщIэхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, абыхэм гуапэу япожьэ езы Беслъэн. Дэри ди бысым «Адыгэ макъ» газетым и редакцэм дыздригъэблэгъар аращ. Пхъэм къыхэщIыкIа тетIысхьэпIэхэмрэ Iэнэхэмрэ упэрысыну тыншщ. Дэтхэнэри бжыхь-кIэ къэхухьащи, зы Iэнэм пэрысхэр адрейхэм зэран яхуэхъуркъым. Абы уи ныбэ изу IэфIу ущышхэ къудейкъым, атIэ ди лъэпкъым и шыфэлIыфэр, и дуней тетыкIэр, и тхыдэр къызэрып-щIэн куэд щIэлъщи, уи щIэныгъэм хэбгъэхъуауэ укъыщIокIыж.
«Нэхъапэм гамбургер жыхуаIэм хуэдэ дгъэхьэзыру щытащ. АрщхьэкIэ, адыгэ шхыныгъуэм къыщIэупщIэр куэдт, адыгэ ерыскъы зыIуагъэхуэну хуейхэр нэхъыбэ хъу зэпытти, ди Iуэхум зедгъэубгъун хуей хъуащ, - къыддогуашэ Беслъэн. Япэм дгъэлэжьар къалэм пэIудзауэ, шхапIэ пэшхэри нэхъ цIыкIуу щытащ. Ауэ адыгэм хьэщIэ къыхуэкIуамэ, адыгэ шхынкIэ игъэхьэщIэну мурад ищIурэ, цIыху гупышхуэхэр къытхуашэрт. Абы дытригъэгушхуэри, къалэкум къыщызэIутхащ метр зэбгъузэнатIэ 160-рэ зи инагъыр».
Зэуэ цIыху 50 хуэдиз щIохуэ шхапIэм, лъэпкъ IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэмкIэ гъэщIэрэщIащ. УзэрыщIыхьэу узыIуплъэ плIанэпэм арджэныр щыфIэдзащ, пхъэцIычхэр, Iэпэпшынэхэр, бзылъхугъэ пхъэ вакъэр, фащэм и нэгъуэщI пкъыгъуэхэр дэнэкIи щы- болъагъу, дапхъэхэм адыгэ тхыдэм, щэнхабзэм теухуа тхылъхэр телъщ.
- Иджыпсту зыплъыхьыным, зекIуэ кIуэным, нэгу зегъэужьыным хуабжьу зиужьащ, жеIэ Беслъэн. - Адыгейм къакIуэри куэдщи, адыгэ шхынхэр щапщэфI шхапIэхэр Мейкъуапэ бэуэ дэтын хуейуэ къысщохъу. Аращ шхапIэр къыщызэIусхым гупсысэ нэхъыщхьэу сиIар. Иджы дуней псом укъа-щIэн, укъацIыхун папщIэ Интернетыр IэмалыфIщ - Телеграм-каналым, Яндексым напэкIуэцIхэр щыдиIэщ, сайт хэхаи дгъэпсащ. Ди шхапIэр ягу ирихьу, къытхуэарэзыуэ, шхыныгъуэхэм я фIагъыр къалъытэу къытхуатххэр ди гуа- пэ мэхъу. Ар адрей цIыхухэми ялъагъу, хъыбарыр Интернетым щызэIэпахри, нэхъыбэж къокIуэ.
Нобэ шхапIэм и теплъэри, абы щапщэфIхэри унагъуэкIэ къызэрагъэпэ-щу аращ Теувэжхэ: - Псори дэр-дэру зэдгъэпэщыжащ. Мо чыхэр си ныбжьэгъум сэрэ мэзым къыщIэтшащ, Iэнэхэм тет тхыпхъэхэри, шэнтхэри, уэнжакъри зыщIар сэращ. ГъэщIэгъуэну къекIуэкIащ си Iуэхур. Сызыхуеджар экономикэ IэщIагъэращ, Псыжь академиер къэзухащ, щэн-къэщэхуным пылъ компание ин гуэрым сыщылэжьащ, арщхьэкIэ, лэжьакIуэхэр щагъэмащIэм, сэри сыхэхуэри, сыкъыIуагъэкIащ. Си ныбжьэгъу щIалэм и гъусэу унэ зыщIхэм садэIэпыкъуу тIэкIурэ сылэжьащ. Зэгуэрым си анэр къызэлъэIуащ тхьэвыр щихун пхъэбгъу хуэсщIыну. Зэман къыдэзгъахуэри, сыпэрыхьащ абы. И хъуреягъкIэ къекIуэкIыу - тхыпхъэхэр, и кум «адыгэ Iэнэ» тестхащ, къыхэзгъэсыкIащ жысIэмэ, нэхъ пэжщ. Ар ди анэм апхуэдизкIэ фIэдахэ хъуащи, къигъэсэбэпыну хуэмейуэ, щIэрыпсу зэрехьэ. Мис ар къежьапIэ хуэхъуауэ къызолъытэ иджыпсту сызыпэрыт Iуэхум.
ЯпэщIыкIэ, си анэр, си шыпхъур, си щхьэгъусэр зэгъусэу пщафIэу, хьэлывэ ягъажьэрэ тщэуэ щытащ. Матэ кхъуей зыдэлъ адыгэ хьэлывэхэр зэрыпщтыру, ягъэжьа къудейуэщ зэрыпшхын хуейр, ар къыщохъулIэнур шхапIэращ. Мис апхуэдэу сыхуэкIуащ шхапIэ къызэIухын гупсысэм. Абы «Адыгэ Iэнэ» зэрыфIэсщынми, шэч хэлъыжакъым, - жеIэ унафэщIым.
Беслъэн и адэ-анэ Теувэж Нухьрэ Гуэщнагъуэрэ къыхалъхьа лъэпкъ гъэсэныгъэр игъэгъуэщакъым, ар и лъабжьэу уней Iуэху къызэIуихауэ ехъулIэныгъэхэр иIэу мэлажьэ.
Сыт хуэдэ пэщIэдзэри гугъущ, къапщтэмэ. Ауэ къыпкъуэувэн, къыбдэIэпыкъун цIыху уиIэмэ, уегъэгушхуэ, къару къыпхелъхьэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Беслъэн шхапIэ ищIыну бэджэнду къищта унэм япэ мазитIым пщIэ Iахакъым. Апхуэдэу ар зэрыгъэщIэрэщIа сурэтхэр и къуажэгъу, сурэтыщI цIэрыIуэ Къат Теувэж къритащ, нэгъуэщI зы сурэти къыхущIихьащ «Адыгэ Iэнэм» щыхьэщIа гуэрым.
- Iэпэпшынэри апхуэдэу гъэщIэгъуэ-ну къысIэрыхьащ, - жеIэ Беслъэн. Адыгэ мультфильмхэр зыщI ДыщэкIхэ я щIалэм и хьэтырщ ари. Абы и ныбжьэгъу щIалэр «Русская удаль» ансамблым хэтти, IэмэпсымэщIэхэр къыщащэхум, жьыхэр ягъэтIылъыжащ. «Ухуеймэ, къащтэ» жиIэри шыкIэпшынэр къыщритым, сэри Iэпэпшынэр къысхуриIыхауэ щытащ.
Беслъэн къиIуатэ псори гъэщIэгъуэнщ, шхапIэм щIэлъ дэтхэнэ хьэпшыпми хъыбар иIэщ.
Блыным кIэрылъ картэхэр 19-нэ лIэщIэгъуэм зекIуэхэм зэхагъэувауэ Адыгэ хэкум (Черкесием) иIыгъа щIым и инагъыр уи нэгу къыщIэзыгъэувэщ. «Картэхэм ящыщ зыр Бэрэтэрэ Хьисэ-рэ Тау Аслъэнрэ къысхуахьащ, - жеIэ абы. - Тхылъхэм я нэхъыбэр унэм къисхащ, иныкъуэхэр Бэрзэдж Убых къызитащи яхэлъщ абыхэм. ЩIалэ гуп къыщIыхьэри щышхати, адыгэ бэракъыр машинэм кърахри, къызатащ. Мис апхуэдэу гуапэу цIыхухэр къызэрысхуэупсэми си гур хегъахъуэ».
Апхуэдэ зэхущытыкIэр, шхэну къакIуэхэм къалъыкъуэкI адыгагъэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Теувэжым зэрыжиIэмкIэ, шхапIэр къызэIуиха нэужь, хьэкъущыкъуу къищэхуар форфорым къыхэщIыкIахэрт. Зы махуэ гуэрым адыгэ щIалитI къыщIыхьащ и деж. «Дышхэнукъым, ауэ сытми «Адыгэ Iэнэ» тетхати, дыкъыщIыхьауэ аращ», - жаIэ. АрщхьэкIэ, шхыныгъуэ зырыз кърагъащтэри, унафэщIыр къраджэ. ШхапIэмрэ хьэкъущыкъухэмрэ зэрызэмыкIур жраIэ. «Сэри яжесIащ, абы иужь сызэрихьэнур, зэкIэ згъуэтыр къызэрысщтар. А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэм къысхуахьащ ятIагъуэм къыхэщIыкIа тепщэч, кумбыгъэ зэкIужхэр. Хуабжьу сахуэарэзыщ апхуэдэу зи чэнджэщ, IуэхущIафэ къызэзыхьэлIэхэм. Сегъэгушхуэ адыгэ шхапIэщ жаIэу, дэтхэнэми езым и хэлъхьэныгъэ гуэр хуищIыну зэрыхэтым», - къыджеIэ ди бысымым.
Шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щызэблах Беслъэн и шхапIэм. Дэ лыцIыкIулыбжьэкIэ дызэджэм хуэдэ къытхутрагъэуващ нартыху хужь пIастэ и гъусэу. Ауэ къэбэрдейхэм лыцIыкIулыбжьэр лыри шыпсри зэщIэлъу дгъэхьэзырмэ, кIахэмкIэ лыр щхьэхуэу, шыпсыр щхьэхуэу къыпхуахь. ЩIакхъуэзэтеупIэщIыкIыр дэ Iуву, тэджауэ тщIымэ, абыхэм пIащIабзэу ягъажьэ. Ари тфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Зыми хуэдэжкъым матэ кхъуей зыдэлъ адыгэ хьэлывэр (хьалыжъ). Ар «Адыгэ Iэнэм» IэфI дыдэу щегъажьэ Беслъэн и анэм. Шыпсыр зышха адыгей пщащэхэр щIэупщIащ ар зыщIам. КъащIат унафэщIым и анэм зэрищIар, адыгэ нанэм ищIа шыпсыр зэи зыми зэрыхэмыгъуэщэнур жаIэурэ яшхащ, шыб- жиитхъукIэ щIа кIахэ шыпс плъыжьыр. Дэ шатэкIэ тщIы шыпсым ещхьтэкъым ари.
Мейкъуапэ зыгъэдахэ шхапIэхэм иджыри зы къазэрыхэхъуам дыщыгуфIыкIащ. «Адыгэ Iэнэр» абыхэм къахощ унагъуэ уис хуэдэу узэрыщагъэхьэщIэмкIэ.
Тхыгъэри сурэтхэри зейр НэщIэпыджэ Замирэщ.