КIуэкIуэ Казбек хэтащ хэкIуэда хабзэхъумэхэм ятеухуауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу къулыкъур щрахьэкIым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм теухуауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм.
Республикэм и унафэщIым хабзэм и лэжьакIуэхэу Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэдахэм, апхуэдэу я къулыкъум пэрыту хэкIуэдахэм я мемориалым удз гъэгъа-эр трилъхьащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и мамыр гъащIэр яхъумэурэ зи псэр зытахэм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэ аргуэру зэ яхуэгузэващ.
Щыгъуэ пэкIум хэтащ КъБР-м и къэрал властым и органхэм, хабзэхъумэ Iуэху­щIапIэхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэ-хэм я унафэщIхэр, республикэм щыIэ ­МВД-м и ветеранхэмрэ абы къулыкъу щы­зы­щIэхэмрэ.
Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и район псоми хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж икIи абыхэм ятеухуа зэIущIэхэр, кон­фе­ренц­хэр щрагъэкIуэкI.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.