Лъэпкъ щIэиным и мыхьэнэр

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу ­КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ. Ар хэтащ «Лъэпкъ щIэин: цIыхубэ щэнхабзэм и тхыпхъэхэмрэ и ­макъхэмрэ» гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуаха дауэдапщэм.

Гъэлъэгъуэныгъэр щокIуэкI республи­-   кэм и къалащхьэм дэт Щэнхабзэ зыужьыны­гъэмкIэ центрым. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и ­гъусэу, Президентым и лIыкIуэр еплъащ IэрыщI ­гъуазджэм хуэIэкIуэлъакIуэу щIына­-   лъэм исхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри лъэпкъ щIэиныр зэрыбейм, абы лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ зэры­зиубгъум и щыхьэту къэуващ. Ахэр зэращIыр абдеж дыдэм щагъэува экранхэм къыщагъэлъэ­гъуащ. 
Чайкэ Юрий «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и унафэщI Атэбий Игорь илъэс куэд хъуауэ и къару емыблэжу лъэпкъ щэнхабзэм и зиужьыныгъэм зэрытелажьэм папщIэ, Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и ФIыщIэ тхылъ иритащ. Творческэ гупым 1933 гъэм лэжьэн щIидзащ икIи Кавказ Ищхъэрэм ар нэхъ ныбжьышхуэ зиIэу итхэм язщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.