Жьы хъуахэм ягъуэтыпхъэщ гулъытэ

КъБР-м и Парламентым Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ по­­литикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым мазаем и 18-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ хуащIэ Iуэхут­хьэбзэхэм.

ЗэIущIэм хэтащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, абы и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ Ды­щэкI Мадинэ, щIыналъэм и социальнэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, депутатхэр.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр ­хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен жи­Iащ къаIэта Iуэхум, шэч хэ­мылъу, мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым зи гугъу тщIы цIыхухэм сыт щыгъуи щахуосакъ икIи пщIэ щыхуащI. Нэхъыщхьэжращи, абыхэм къахукъуэкI гугъуехь­хэр зэхэгъэкIыныр къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжхэм ящыщщ», - къыхигъэщащ абы.
- УФ-м и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэ­Iу­щIэм гъэ къэс Зэрызыхуи­гъазэм къыщыхегъэщ зи ныбжь хэкIуэтахэм гулъытэ хэха яIэн, ядэIэпыкъун, ахэр гъэгушхуэн зэрыхуейр. Къэралым и зыужьыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэшхуэ хуэзыщIа, щIэ­ныгъэрэ зэфIэкIкIэ щапхъэ, ди лъэпкъ хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ тхуэзыхъума нэхъы­жьыфI­хэм сыт и лъэны­къуэкIи защIэдгъэкъуэныр ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэщ, - жиIащ Егоровэ Татьянэ. - Ху­щ­хъуэ­кIэ, социальнэ, медици­нэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ абыхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэр едгъэфIэкIуэн, зи закъуэу псэу­хэмрэ щытыкIэ гугъу итхэмрэ защIэдгъэкъуэн хуейщ. Мы Iуэхум ехьэлIауэ республикэм иIэ ехъулIэныгъэхэм я мызакъуэу, нобэ дытепсэлъыхьыну сыхуейт зи ныбжь хэкIуэтахэм я гъащIэр нэхъ тынш, нэхъ кIыхь зэрахуэтщIыфыну щIы­кIэхэми. 
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Тогузаев Тахир я лэ­жьыгъэр зэраунэтIым щы­теп­сэлъыхьым, жиIащ республикэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэм тегъэщIауэ къэ-рал IуэхущIапIэу 9 зэрыщыIэр, абыхэм жьы хъуахэмрэ ны­къуэдыкъуэхэмрэ я унэ-интернату 4 (цIыху 755-рэ псоми зэхэту щIэхуэу) зэрахэтыр. ЦIыхухэр социальнэ Iуэху­тхьэбзэхэмкIэ къызэзыгъэ­пэ­щ республикэ центрым и къудамэхэр район псоми щыIэщ. Зи закъуэхэмрэ ныкъуэды­къуэхэмрэ, зи ныбжь хэкIуэта зэщхьэгъусэхэм пэш хухахы­ным тещIыхьауи «Жьы хъуауэ зи закъуэу къэнахэм яхухэха унэ щхьэхуэ» щыIэщ. Абы цIыху 54-рэ щIохуэ. 
Республикэм и социальнэ IуэхущIапIэхэм илъэс къэс цIыху мин 40-м щIигъум Iуэхут­хьэбзэ зэмылIэужьы­гъуэхэр хуащIэ. Министрым зэрыжиIамкIэ, IуэхущIапIэхэр IэщIагъэлIхэмкIэ ирикъуу къ­ы­­зэгъэпэщащ, я нэIэм щIэт­хэм я ныбжьри я узыншагъэри къэлъытауэ, ахэр дэт­хэнэ  -ми набдзэгубдзап­лъэу кIэ­лъоплъ. Абы и фIыгъэкIэ социальнэ Iуэхутхьэбзэхэм ­къи­щынэмыщIа, жьы хъуа­хэм зэрызыщIагъакъуэ Iэ­мал­хэм зрагъэубгъуф. Зи ныбжь хэкIуэтахэм медицинэ и лъэ­ныкъуэкIи ядоIэпыкъу, гукъы­дэж къызыхахын щэнхабзэ Iуэхухэми хагъаплъэ. 
Тогузаевым къыхигъэщащ нэхъыбэу щIэупщIэ зиIэр унэм деж щадэIэпыкъуныр зэ­рыарар, абы и лъэныкъуэкIэ цIыху мини 4-рэ ныкъуэм щIигъу къызэрызэщIаубыдэ­фыр.
- ЦIыхухэм я псэукIэр нэхъ тынш ящыщIыным теухуауэ ягъуэт дэIэпыкъуныгъэхэр кIуэ­ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Апхуэдэу «Демографие» лъэпкъ Iуэхум «Нэхъыжьхэр» и федеральнэ проектыр гъэ­зэщIэным хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и районитхум (Налшык, Прохладнэ къалэхэм, Тэрч, Бахъсэн, Май щIыналъэхэм) нэгъабэ щыдгъэбелджылауэ щытащ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ ныкъуэ­дыкъуэхэмрэ пIалъэ кIыхьым тещIыхьауэ зэрыкIэлъыплъыну щIыкIэр. Абы сом мелуан 61-м щIигъу хухахащ. Абы ипкъ иткIэ цIыху 217-м ядоIэ­пыкъу, тIур - дзэ Iуэху хэхам хэтауэ. 2025 гъэм Шэрэдж районри хэту, апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм цIыху 228-рэ къы­зэщIедгъэубыдэну ди мурадщ, - дыщIигъуащ минист­рым.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Прохладнэ къалэм я жьыхъугъуэм зи закъуэу къэна цIыху­хэр щыкуэдщ. Абыхэм яхэтщ къахуэмеижу я бынхэм къы­хыфIадзэхэри, - жеIэ ЦIыхухэр социальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэзыгъэпэщ республикэ центрым и Прохладнэ къалэ къудамэм и унафэщIым и ­къуэдзэ Сасыкъ Надеждэ. - Унэм социальнэ Iуэхутхьэбзэ зыщыхуащIэхэр 2024 гъэм цIыху 847-рэ хъууэ щытащ. Ар егъэлеяуэ бжыгъэшхуэщ зы къалэм дежкIэ. 
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, жьы хъуа я адэ-анэхэр нэхъыбэу хыфIэзы­дзэр фадэм е наркотикым ди­хьэхахэращ. 2024 гъэм ­къриубыдэу Прохладнэ къалэм щыIэ социальнэ IуэхущIа­пIэм Iуэхутхьэбзэ зэхуэ­мы­дэу 169 743-рэ яхуищIащ цIыху­хэм. Сасыкъ Надеждэ тепсэ­лъы­хьащ социальнэ лэжьа­кIуэхэр ныкъуэдыкъуэхэмрэ пIэ­хэ­нэ­хэмрэ зэрыкIэ­лъып­лъынум теу­хуауэ зэрагъасэми апхуэдэхэм я Iыхьлыхэм зэрадэ­лажьэми. 
«Гериатрическэ центр» Iуэху­щIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэ Хьэджымыкъуэ Рус­лан тепсэлъыхьащ жьы ­хъуахэм я узыншагъэм кIэ­лъып­лъыныр къызэрызэрагъэпэщым. Абы зэрыжиIамкIэ, центрым и Iуэхутхьэбзэхэм хуэныкъуэхэм папщIэ мазэ къэс 25-нэ махуэм ягъэгъуэлъыфыну цIыху бжыгъэр зыхуэдизыр поликлиникэхэм зэрырагъащIэр. 
Жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я Налшык унэ-интернатым и унафэщI Быф Беслъэн жиIащ 2020 гъэм унэм и етIуанэ къатыр зэрызэрагъэпэщыжар, абы щыпсэухэм я нэгу зыщрагъэужь пэшыш­хуи зэраIэр. «Нэхъыбэу ди лэжьыгъэр зытетщIыхьыр унэм щIэсхэм медицинэ Iуэху­т­хьэбзэхэр тэмэму ягъуэ­тын­ращ», - къыхигъэщащ абы. 
ЦIыхухэр социальнэ Iуэху­тхьэбзэхэмкIэ къызэзыгъэ­пэщ республикэ центрым Iуэщ­хьэмахуэ щIыналъэм щи­Iэ къуда­мэм и унафэщIым и к­ъуэдзэ Этезов Мэжид я лэ­жьыгъэр зэраунэтIым кIэщIу тепсэлъыхьа нэужь, зэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ уна­фэ къащтащ.
Егоровэ Татьянэ жиIащ зи гугъу ящIа Iуэхур дяпэкIэ ­КъБР-м и Парламентым и зэIущIэшхуэхэм къыщаIэт- мэ нэхъ зэрыфIэкъабылыр, ­цIы­ху нэхъыбэ абы хэпсэ­лъыхь­­мэ, гугъуехьхэр нэхъ тыншу зэхэгъэкIа зэрыхъунур.
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.