Хэку зауэшхуэм и джэрпэджэж.

Илъэс 74-м щIигъуащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ, ауэ абы и лъэужьыр нобэми яхуэгъэгъущыркъым. Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Черниговскэ къуажэм и губгъуэм иджыблагъэ къыщагъуэтащ топы­шэ зыбжанэ.
«Кавказ гъунапкъэ» къэлъы­хъуакIуэ гупым и зи чэзу ежьэм иунэтIат Прохладнэ щIыналъэм и Черниговскэ къуажэм. Абы и Iэгъуэблагъэм 1942 гъэм зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIат икIи, губгъуэ лэжьыгъэ- хэр щрагъэ­кIуэкIкIэ, хэкIуэда совет сэлэтхэм я ­къупщхьэхэм нобэр къыздэсым ­щрихьэлIэрт мэз лъапэм щыIэ ягъэсеижа щIытIхэм и деж. Ахэр зэхуэ­хьэсыжыныр, яхузэфIэкIмэ, хэтми къэщIэныр, итIанэ, Хэкум и ­хъу­ма­кIуэм хуэфэщэн пщIэ хуащIу, щIалъ­хьэжыныр лъыхъуакIуэхэм ­къалэн ­зыщащIыжат. Iуэхум кърашэлIат МВД-м и оперативно-следственнэ гупыр. АрщхьэкIэ япэ ма­- хуэр яфIихьащ зрихьэлIа щIым щIэлъ топышэхэр убзыхуауэ къы­щIэ­хыным.
Пщыхьэщхьэм ирихьэлIэу къагъуэ­тахэр зы щIыпIэм щызэхуахьэсы-жащ. Ахэр узыгъэшынэт: мм 82-рэ зи гъу­магъ топышэ 17, къэзыгъауэ-хэр ядэщIыгъуу, лагъым килограм­мищрэ ныкъуэрэ, нэгъуэщIхэри.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ лъандэрэ щIым щIэлъ а къомыр дапщэ-щи «къэушыфынут» икIи зы гъащIэ­тэкъым ихьынур, а губгъуэр бэджэнду къащтауэ цIыху куэдым гъавэ зэрыщащIэр къэплъытэмэ. Иджы, «Кавказ гъунапкъэ» гупым и фIыгъэкIэ, шынагъуэр ящхьэщыкIащ.
-БлэкIа зауэшхуэм и лъэужьыр гъэкIуэдыжыным езыхэм яфIэфIу ­телажьэ гуп зэкъуэту дызэхуэсащ, - жеIэ а Iуэхум сыт щыгъуи хуэжы-джэр Гулэжын Беслъэн. - Хэкум, ди къэкIуэну дахэм папщIэ зи псэ емыблэжахэм я щIыхуэ сыт щыгъуи щIэблэм ттелъщ. Псом ящхьэращи, ахэр къэдгъуэтыжу, хэтми дгъэбелджылыжу яхуэфэщэн хуэдэу щIэт­лъхьэжын, я Iыхьлыхэм хъыбар едгъэщIэн хуейщ.
Прохладнэ щIыналъэми нэгъуэщI щIыпIэхэми «Кавказ гъунапкъэ» гупым къэлъыхъуэныгъэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ щрегъэкIуэкI икIи хузэфIэкIар мащIэкъым. Абы и фIыгъэкIэ совет сэлэт зыбжанэм я къуп­щхьэхэр къагъуэтыжри, пщIэ хуащIу щIалъхьэжащ. КъищынэмыщIауэ, ­топышэ, лагъым, бомбэ куэд къызэщIакъуэжри, шынагъуэншэ ящIащ.

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.09.2026 - 09:03

Сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэра­гъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм ще­кIуэкIащ зэзыгъэуIу штабым и зэIущIэ.

06.09.2026 - 09:03

Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ

АДЫГЕЙ.

06.09.2026 - 09:03

Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

06.09.2026 - 09:03

ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм

Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт  курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ са­бий­хэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фо­кIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ. 

06.09.2026 - 09:03

Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щы­Iащ Лэскэн районым.