КIыщокъуэ Алим зэи ящыгъупщэнукъым.

Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лау­реат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху­бэ усакIуэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтыр зыхуа­гъэ­фэща КIыщокъуэ Алим къызэралъ­хурэ илъэсищэрэ тхурэ щрикъум ирихьэ­лIэу, дыгъуасэ сыхьэт 11-м пэкIу ще­кIуэкIащ абы и фэеплъым деж, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къы­зэригъэпэща «Всадник чести» усыгъэ фестивалым хыхьэу.
КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ уэрамым, Налшык къалэ администрацэм и гупэм деж хуэзэу щыт фэеплъым деж щызэ­хуэсат жылагъуэ, политикэ Iуэху зе­зы­хьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, уса­кIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъу­хэр.
- Къэзахъстаным, Къыргъызым, Дагъыстэным, Ингушым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Тыркум, нэ­гъуэщI щIыпIэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр зыхэт фестивалым хыхьэ зэIущIэхэр щы­зэхэтшэ нобэрей махуэр ды­гъэпсу къы­зэрыдэхъулIар гуапэщ. Мы зэхуэсым зыкъре­зыгъэхьэлIа ­дэтхэнэ зыми фIыщIэ фхуэфащэщ, - жиIащ ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и ­къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин зэ­хы­хьэр къыщызэ­Iуихым.
Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгу­хьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ На­талье къыхигъэщащ КIыщокъуэ Алим и фэеп­лъым деж гъэ къэси цIыхухэр нэхъыбэу зэ­рыщызэхуэсыр, усакIуэшхуэр ягу къагъэкIыжын папщIэ.
- УсакIуэшхуэм и щIэинхэмрэ щIэблэр фэеплъым къызэрекIуалIэмрэ ар пщIэн­шэу дунейм зэрытемытам и щыхьэт наIуэщ. Ди ужь къинэну щIэблэрщ КIыщокъуэм и гупсысэхэмрэ и усэхэмрэ адэкIэ гъащIэм щыпхызышынур, - жиIащ абы.
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Гуртуев Сэ­лихь и псалъэм къыхигъэщащ КIыщо­къуэ Алим зэращымыгъупщэр икIи ар зэи цIыхухэм ягу зэримыхунур.
- Лъэпкъ щэнхабзэр хъума мэхъу, абы къыхэкIа тхакIуэ, усакIуэ, сурэтыщI цIэ­рыIуэхэм я фэеплъыр яхуэхъумэху, - жиIащ филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм.
Къумахуэ Мухьэдин и гуапэу къыхигъэщащ усыгъэм республикэм щIэупщIэ ин зэрыщиIэр икIи къызэхуэсахэм яжриIащ фестиваль нэужьым ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, Тхьэгъэзит Зубер, Зумакуловэ Танзиля, нэгъуэщI усакIуэхэм ятеу­хуа зэхыхьэ хьэлэмэтхэр мы гъэм къы­зэрызэрагъэпэщынур.
Фестивалым зэхуишэсахэр КIыщо­къуэ Алим зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ икIи и фэеплъым удз гъэгъахэр бгъу­ралъхьащ. ИужькIэ ахэр Шэджэм ­районым кIуэри, и кхъащхьэм удз гъэгъахэр тралъхьащ, усакIуэм и музейр къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм щызрагъэлъэгъуащ. Зэхы­хьэм хэтхэр ирагъэплъащ Шэджэм къалэм щрагъэкIуэкIа литературэ-макъамэ пшыхь гъэщIэгъуэным.
Сыхьэт 14-м щIидзэу Налшык ще­кIуэ­кIащ усакIуэшхуэхэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, ЩоджэнцIыкIу Алий, ­ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, Лермонтов Михаил, Пушкин Александр сымэ я IэдакъэщIэкIхэм къыщеджэ зэIущIэхэр. Ахэр щызэхэтащ усакIуэхэм я фэеплъхэр зэрыт утыкухэм.
Пщыхьэщхьэм сыхьэт 18-м фестивалым щыпащащ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм. Абы къыщызэрагъэпэщащ «УсакIуэ ныбжьыщIэхэм я клуб» зэгу­хьэныгъэр зыхэт «Стихиатрия осени» литературэ-макъамэ пшыхь щIэщы­гъуэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.