Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр щIыналъэр псыкIэ къызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхухэм теухуауэ епсэлъащ Урысейм щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым.

Вэсэмахуэ Москва щызэIущIащ УФ-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Кобылкин Дмит­рийрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ цIыхухэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа щIыналъэ программэхэм къэрал дэIэ­пыкъуныгъэ зэрагъуэт щIыкIэм. ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщащи, Урысейм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм щыхоп­лъэ «Псы къабзэ» федеральнэ проектым, къуажэхэм зегъэужьыным хуэгъэза программэхэм япкъ иткIэ республикэм къэрал бюджетым къыхэкIыу къыхуау­тIыпщ мылъкум къыхущIагъуным теухуа Iуэхум. Ахъшэр хухахыну я мурадщ щIыналъэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хуэу­нэтIауэ зыщIадза Iуэхум пыщэным, псы жьы хъуахэр бжьамийхэр зэхъуэкIыным, псы зэрыкIуэ бжьамиищIэхэр укъуэдииным, жылэхэм щыпсэу цIыхухэр зэфэн псы къабзэкIэ къызэгъэпэщыным.
Къэралыр къазэрыдэIэпыкъуам, ап­хуэдэуи щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ органхэр зэдэууэ зэрылэжьам я фIыгъэкIэ, мы зэманым республикэм и щIыналъэ зыбжанэм ягъэмэщIэн щахузэ­фIэкIащ псы ирикъуу зэрамыгъуэтым къыхэкIыу зыхэт гугъуехьхэр. Сыт и лъэ­ныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ псыр зэбгрышыным, гуэшыным ехьэ­лIа инженер хуэIухуэщIэхэр, щы­ты­кIэр щынэхъыкIэ щIыпIэу километр 26-м щIигъур, лажьэу яутIыпщыжащ ягъэувыIауэ щыта псы къыщIэшыпIиплI, 48-м я лэжьэкIэми зэхъуэкIыныгъэхэр халъ­хьащ.
ЗэIущIэм и кIэм Кобылкин Дмитрий жиIащ, щыIэ Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхалъхьэ жэрдэмхэр гъэзэщIэнымкIэ зыкъызэ­ры­щIагъэкъуэнур, абы хыхьэу «ЩIыуэпс» лъэпкъ проектым и щIыналъэ Iыхьэхэр пхыгъэкIынми зэрелэжьынур.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.09.2026 - 09:03

Сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэра­гъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм ще­кIуэкIащ зэзыгъэуIу штабым и зэIущIэ.

06.09.2026 - 09:03

Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ

АДЫГЕЙ.

06.09.2026 - 09:03

Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

06.09.2026 - 09:03

ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм

Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт  курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ са­бий­хэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фо­кIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ. 

06.09.2026 - 09:03

Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щы­Iащ Лэскэн районым.