Хэт зыIэрыхьэнур дыщэр?

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иухыным къэнэжар зы джэгугъуэ за­къуэщ. АрщхьэкIэ иджыри наIуэкъым абы и дыщэ медалхэр зыIэрыхьэнур.

2024 - 2025 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI футболымкIэ щIымахуэ чемпионатым зэрыщIидзэрэ бжьыпэр зыIыгъ Ислъэмей и «Родник»-м ар иужь дыдэ джэгугъуэм IэщIэкIынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ар къызыхэкIар, куэдым хуамыгъэфащэу, щэбэтым псыгуэнсудэсхэм щахуэзам очкоитI зэрафIэкIуэдаращ. Ику иту иджыри къэс я хьэрхуэрэгъухэм топ плIырыплI яхудэзыгъэкIыурэ нобэм къэса ислъэмейдэсхэм, «Псыгуэнсум» и гъуэр зэ нэхъ ­мыхъуми хагъэщIэфакъым. КъапэщIэтахэми апхуэдэ къайхъулIэну щIэхъуэпсауи фIэщщIыгъуейщ. Сытми, зэIущIэр иухащ, бжыгъэр къызэIуамыхауэ. 
И хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэм очкоитI фIэкIуэду, чемпионыгъэр къазэрыхуэкъуэплъам игъэгушхуа «Искра»-м и футболистхэм хэти «зэпкъратхъыну» хьэзырт. ЯгъэIэпхъуауэ щытауэ Налшык и «Мурбек ФШ»-м IущIэну бэрэжьейм къапэщылъым абыхэм ерыщу зыхуагъэхьэзырат. АрщхьэкIэ… я хьэрхуэрэгъухэр къэкIуакъым. Арати, мыджэгухэу, 3:0-у текIуауэ хуатхащ. 
Абы ипэжкIэ «Искра»-м «Урыхум» и щхьэр кърагъэIэтакъым икIи и гъуэм жэуапыншэу топибгъу (!) дигъэкIащ. Алътуддэсхэм я пашэ Апажэ Чэрим а зэIущIэм плIэнейрэ къыщыхэжаныкIащ икIи гъуащ­хьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр щызыIыгъ ХъутIэ Анзор лъэщIыхьэжащ. Псори зэхэту а щIалитIым топ пщыкIущ-пщыкIущ я хьэрхуэ­рэгъухэм худагъэкIащ. Мыбдежым къыхэгъэщын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIымахуэ чемпионатым футболист куэд зэрыхэтыр, профессиональнэ командэхэм щыджэгуу. Абыхэм ящыщ зыщ ­ХъутIэ Анзори. Ар зыхэт Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзырыну зэхуэсыжырти, ди щIалэр ираджэжащ, адэкIи мы щIымахуэ чемпионатым хэтыжынукъым. Абы къыхэкIкIэ Апажэ Чэрим Iэмал иIэщ гъуащхьауэхэм я зэпеуэм щытекIуэну, иужь джэгугъуэм зы топ нэхъ мыхъуми щыдигъэкIмэ. ФIэщщIыгъуейщ Бабугент и «Логоваз»-м и пашэ Мокаев Таулан къылъэщIыхьэжыну. Абы дигъэкIар топипщIщ. 
Аращи, мазаем и 16-ращ Къэбэрдей-Балъкъэрым 2024 - 2025 гъэхэм я щIымахуэ чемпионатым щытекIуэнур хэтми щызэхэкIынур. Гъэмахуэ зэхьэзэхуэм къыщихьа дыщэр Псынэдахэ и «Родник»-м игъэбэгъуэну хьэмэ Алътуд и «Искра»-м иужь дыдэ зэIущIэм ар къыIэщIихыну? А упщIэм и жэуапыр къыдэзытынур пщэдей щыIэну зэпэщIэтыныгъэхэращ. Дыжьын медалхэм ерыщу щIэбэн Налшык и «Горис»-р псынэдахэдэсхэм яхухэмыгъащIэмэ, чемпионыгъэр яIэщIэкIауэ къэплъытэ хъунущ. Шэч къытезыхьэ щыIэу къыщIэкIынукъым иджыри къэс псоми зыфIахьа Къэрэгъэш и «Иналым» «Искра»-ри зэрытекIуэнум. ЗэрыжаIэщи, деплъынщ!
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм 2024-2025 гъэхэм я щIымахуэ чемпионатым щекIуэкIа иужь зэIущIэхэм иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ. Мис ахэр: «Инал» (Къэрэгъэш) – «Спартак-Д» (Налшык) - 0:3, «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) – «Родник» (Псынэдахэ) – 0:0, «Урыху» (Урыху) - «Искра» (Алътуд) – 0:9, «Шагъдий» (Зеикъуэ) –«Мурбек ФШ» (Налшык) – 2:1, «ГорИс» (Налшык) – «Сады Баксана» (Ислъэмей) – 2:0, «Логоваз» (Бабугент) – «Ислъэмей» (Ислъэмей) – 1:4, «Малка» (Малкэ) - «Зэрэгъыж» (Зэрэгъыж) – 7:1. 
Къызэрыхэдгъэщащи, кIэух джэгугъуэр нобэрэ пщэдейрэ зэхэтынущ. А махуэхэм зэIущIэнущ: мазаем и 15-м – «Сады Баксана» - «Малка», «Мурбек ФШ» - «Псыгуэнсу», «Зэрэгъыж» - «Логоваз»; мазаем и 16-м – «Шагъдий» - «Спартак-Д», «Родник» - «ГорИс», «Искра» - «Инал», «Ислъэмей» - «Урыху» командэхэр. 

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.03.2025 - 10:13

ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэлъу

Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ.

21.03.2025 - 09:50

ГъащIэ кIыхьым и къежьапIэр

Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ ­мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зы­хуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ.

21.03.2025 - 09:47

Зэшыпхъухэм я зэфIэкIыр

Республикэм и ЩIалэ­гъуалэ центрым щагъэлъагъуэ «Корни и крылья» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.

21.03.2025 - 09:45

«Уэсрэ Нэсрэ» аудио тхылъыр

Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и унэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ тха­кIуэ, драматург, «Гарянка» газетым и редактор нэ­хъыщ­хьэ Къаныкъуэ Заринэ зэхишауэ.

20.03.2025 - 09:03

Оркестр цIэрыIуэр къызэрагъэпэщыж

Сэрмакъ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзэжри, Махуэ Дадушэ и цIэр зезыхьэ и щэнхабзэ-нэгузыужь центрым и лэжьыгъэр ирагъэжьэжащ.