Я къэкIуэнур дахэ ирехъу

КIуэкIуэ Казбек «Урысейм и щIалэгъуа­лэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI Гуров Григорий и гъусэу, Май районым щIалэгъуалэм папщIэ центр къы­щызэIуихащ мазаем и 13-м. 

Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, Май райо­ным и администрацэм и уна­фэщI Саенкэ Татьянэ, щIы­пIэ самоуправленэхэм я лIыкIуэ­хэр, цIыхубэ лэжьакIуэхэр, юнар­мейцхэр. 
КIуэкIуэ Казбекрэ Гуров Гри­го­рийрэ майкъалэдэсхэм ехъуэ­хъуащ ЩIалэгъуалэм папщIэ центр къызэрызэIуахам папщIэ. 
- Президентым и унафэм ипкъ иткIэ, нобэ щIалэгъуалэм зыузэщIыпIэ куэд ягъуэт. Ди нэкIэ долъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым а Iэмалым зэрызыщиубгъур. ДяпэкIи а Iуэхум пыт­щэнущ, ди щIалэхэм къызы­хуигъэщIа IэщIагъэр къагъуэ­тыжу, гъуэгу яIэн хуэдэу. Ехъу­лIэныгъэ фи куэду фыпсэуну гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу, къэ­кIуэну дахэ фиIэну си гуа­пэщ. Фэ фи къэкIуэнур дахэмэ, ди къэралым и пщэдейрей махуэри дахэнущ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек, къызэхуэсахэм защыхуигъазэм. 
ЕкIуэкI дауэдапщэм мыхьэ­нэш­хуэ зэриIэр и псалъэм къы­щыхигъэщащ Гуров Григорий: 
- Фи республикэм щекIуэкI IуэхуфI псори зы гуп зэкъуэтым зэригъэзащIэр нэрылъагъущ. ЩIалэгъуалэр зэкIуэлIэну щIы­пIэхэр нэхъыбэ хъуху, ахэр дзэ Iуэху хэхам хэт ди зауэлIхэм ядэIэпыкъуу аращ, - дэтхэнэ зыми и унэр еухуэ. Псоми фIыщIэ фхузощI. 
КъызэIуаха центрым унэтIы­ныгъэ нэхъыщхьэу иIэнухэм ящыщщ къэзакъ щэнхабзэм зегъэужьыныр, IэщIагъэ къыхахынымкIэ ядэIэпыкъуныр. Къэралым щылажьэ «ЩIалэ­гъуа­лэм я щIыналъэ» проектым къыхэкI мылъкумкIэ «Рос­молодежь» зэгухьэныгъэм закъыщIигъэкъуэнущ мы IуэхущIапIэм. 
 ЩIалэгъуалэм папщIэ центрым хухахащ метр зэбгъузэнатIэу 270-м нэс хъу пэш, администрацэм и унэм и япэ къатым хэту. Мыбы конференц-зал хэтщ, иджырей Iэмэпсымэхэр щIэтщ, дэтхэнэ зыми дэзыхьэх лъэныкъуэм зыщиузэщIыфынущ. КъекIуалэ щIалэгъуалэм зэхуэзапIэ, уэршэрыпIэ яIэнущ. 
 
*   *   *
А махуэ дыдэм КIуэкIуэ Казбекрэ Гуров Григорийрэ ЩIалэгъуалэм папщIэ иджыри зы центр Тырныауз къыщызэIуахащ. Абы нэхърэ нэхъ лъагэ къэ­ралым иткъым. Мыр зы­хуэунэтIауэ щытынур турист-лъахэхутэ лъэныкъуэрщ. Унэм щIэсынущ районым и Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм щыщ­хэр, щIалэгъуалэ туризмэмкIэ центрым щылажьэхэр, абы хэтщ творческэ лъэщапIэхэр, уэршэрыпIэ-зыгъэпсэхупIэ-        хэр. 
Тырныауз центрым и къы­зэIухыгъуэр хуэзащ Iуащхьэмахуэ и къухьэпIэ щыгур нэмыцэ-зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжа махуэм. Илъэс 82-рэ ипэкIэ, Кавказыр хуит къыщащIыжа зауэзэрылIым и зы Iы­хьэу, метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащ­хьэм СССР-м и Къэрал ныпыр щыхатIауэ щытащ. Совет сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ зэрахьа лIыгъэм и дамыгъэу, щIалэгъуалэм альпинистхэм тыгъэ хуащIащ ТекIуэныгъэм, УФ-м, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, «Росмолодежь» зэгу­хьэныгъэм я ныпхэр, щыгум драхьеин хуэдэу. 
КIуэкIуэ Казбек и телеграм напэкIуэцIым мы Iуэхум щы­тепсэлъыхьыжащ. «Фигу къэзгъэкIыжынщ, - итхащ Iэтащхьэм, - 1943 гъэм совет сэлэт-альпинист 20, Гусев Александррэ Гусак Николайрэ я пашэу, «ПщыкIузым я хэщIапIэ» жы­хуаIэ, Iуащхьэмахуэ пэгъунэгъу Iуащхьэ ныкъуэкъутэм дэкIуеяуэ зэрыщытар. Мазаем и 13-м гугъуехьышхуэ пылъу, щIыIэм иукIыу, ахэр бгым и къухьэпIэ къуапэм дэкIуейщ, нэмыцэ фашистхэм я ныпыр кърадзы­хыжри, СССР-м и ныпыр трагъэувауэ щытащ. Мазаем и ­17-м ар къуапэ ижьми драхьеящ. А зауэзэрылIым и щIыхькIэ метр 3800-рэ зи лъагагъ бгым деж «Iуащхьэмахуэ лъапэ зыхъума лIыхъужьхэм папщIэ» фэеплъ ягъэуващ. Гу лъытапхъэщ абы и щIыбагъым тетхами: «Фэеплъыр Жэпуэ­гъуэ революцэм и цIэр зэрихьэу, Луганск тепловоз щаухуэу дэт заводым и комсомолецхэм ящIащ, 1987 гъэм накъыгъэм и 9-м туристхэмрэ альпинистхэмрэ ягъэуващ». А фэеплъым нобэ республикэм щыщхэри ди къэралышхуэм къикIа хьэ­щIэ­хэри йокIуалIэ». 
КIуэкIуэ Казбек щIалэгъуа­лэм ядэуэршэращ, зэлэжьын хуей лъэныкъуэхэм тепсэ­лъы­хьащ. Нэхъыбэу гу зылъытапхъэу къалъытар щIалэгъуалэ ту­ризмэм зегъэужьынырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым а Iуэ­ху­гъуэр икIи Хэку зауэшхуэм щепхащ. «ЩIалэгъуалэ гупхэм щIэх-щIэхыурэ къыщакIухь лIыхъужьыгъэ щызэрахьа, дзэм и тхыдэм епха щIыпIэхэм. Iуащ­хьэмахуэ щIалэгъуалэ цент­рым а лэжьыгъэр нэхъри зэрыригъэфIэкIуэнум шэч къытесхьэркъым», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.03.2025 - 10:13

ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэлъу

Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ.

21.03.2025 - 09:50

ГъащIэ кIыхьым и къежьапIэр

Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ ­мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зы­хуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ.

21.03.2025 - 09:47

Зэшыпхъухэм я зэфIэкIыр

Республикэм и ЩIалэ­гъуалэ центрым щагъэлъагъуэ «Корни и крылья» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.

21.03.2025 - 09:45

«Уэсрэ Нэсрэ» аудио тхылъыр

Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и унэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ тха­кIуэ, драматург, «Гарянка» газетым и редактор нэ­хъыщ­хьэ Къаныкъуэ Заринэ зэхишауэ.

20.03.2025 - 09:03

Оркестр цIэрыIуэр къызэрагъэпэщыж

Сэрмакъ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзэжри, Махуэ Дадушэ и цIэр зезыхьэ и щэнхабзэ-нэгузыужь центрым и лэжьыгъэр ирагъэжьэжащ.