Сом меларди 9-м щIигъу

ПэхуэщIэхэр
 
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ пэхуэщIэ 12-м хэтынущ. Абы хохьэ: «ГъащIэ кIыхь, купщIафIэ», «Ерыскъы шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным и Iэмалхэр», «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ», «ЛэжьакIуэхэр», «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ», «Къэралым и экономикэ IэнатIэ псори бжыгъэр зи лъабжьэ Iуэху зехьэкIэм хуэгъэкIуэн, абыхэм я хъыбархэр хъумэн», «Экологие щытыкIэфI», «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ», «ЩIалэгъуалэмрэ сабиймрэ», «Унагъуэ», «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ», «Кхъухьлъатэзехуэ зэрымыс авиацэ системэхэр».
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ ди щIыналъэм щащIынущ, къыщагъэщIэрэщIэжынущ икIи зыхуей щыхуагъэзэнущ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, спортым, гъуэгу хозяйствэм, мэкъумэш-промышленнэ комплексым, туризм IэнатIэм пыщIа ухуэныгъэхэр, социальнэ, инженер, псэупIэ-коммунальнэ инфраструктурэхэр, нэгъуэщIхэри. 
ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, а пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным хуэунэтIауэ сом меларди 9-м щIигъу къаутIыпщынущ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.

12.02.2026 - 09:03

ДыщогуфIыкI икIи дрогушхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и ми­нистерствэм блыщхьэ кIуам щрагъэблэгъащ Ярыгин Иван и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Красноярск къалэм щекIуэкIа зэ­хьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа, килограмм 74-рэ зи

12.02.2026 - 09:03

ТекIуэныгъэ инхэм я лIыхъужьхэр

СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэ­гъуэ­ныгъэ гъэ­щIэ­гъуэн къы­щы­зэIуахащ, «Героям вели­ких побед посвящается» ­фIащауэ.

11.02.2026 - 12:25

«Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» фестивалым

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мазаем и 8-м щекIуэкIащ «Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ фестиваль-еп­лъы­ныгъэр зэрызэхуащIыж концертыр.

11.02.2026 - 09:03

ЩIыналъэхэм щыIэ псэукIэм теухуауэ

Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ «КъБР-м и муниципалитетхэм я зэгухьэныгъэм» и советым и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим.