Къалащхьэр ирагъэфIакIуэ

Республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Журавлев Андрей, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сымэ. 

КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ «Инфраструктура для жизни» лъэпкъ проектыщIэм ипкъ иткIэ, жылагъуэ зэхуэ­сы­пIэхэр зыхуей хуэгъэзэным. 
Къапщтэмэ, Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым ягъэзэщIэну я мурад Iуэху­шхуэр яублэнущ, ар гектарих хъууэ Налшык щаухуэну ТекIуэныгъэм и паркращ. Абы и лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэу щытынущ ЛIыхъужьхэм яхухэхамрэ ЩIыхьым и жыг хадэ цIыкIумрэ. Къалэдэсхэмрэ Налшык щыхьэщIэхэмрэ зэрызыщагъэпсэхунум и мызакъуэу, а щIыпIэм деж щыт егъэджэныгъэ, спорт IуэхущIапIэхэм екIуу хэзэгъэнущ паркыр, къалэм и теплъэр иригъэфIэкIуэнущ.
ТекIуэныгъэм и паркыр гъэхьэзы­рыным иужь ихьэнущ мазаем и 23-м, ар фокIадэм яухыну хуагъэфащэ. 
Зыхуей хуагъазэ щIыпIэхэм ящыщщ Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамри. Абы зы жэщ-махуэм ирикIуэ машинэм я бжыгъэр мин 30 мэхъу. Ар федераль­-нэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгущ, зэзыгъэпэ­щы­жыр «Кавказ» гъуэгу управле­- нэрщ.
ДяпэкIэ елэжьынущ гъуэгубгъум ирикIуэ лъэс лъагъуэм, «Уафэ къабзэ» программэм къызэригъэувым тету. ФокIадэм и 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я гугъэщ. 
Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Осетинскэм нэс ирикIуэ псыхъуэри зыхуей хуагъэзэнущ зэман гъунэгъум. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.