МэкъумэшыщIэхэм защIегъакъуэ

Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм худэчых зыхэт кредиту сом мелуан 236-рэ мы гъэм яритынущ. Абы щыщу сом мелуан 73-м щхьэкIэ лъэIухэр къыIахакIэщ.

«Нэхъыбэу гулъытэ зыхуэтщIынур хьэрычэт IэнатIэ мащIэм, курытым хэтхэрщ. Урысей Банкым и ­ставкэ нэхъыщхьэр щылъагэ мы лъэхъэнэм дэ дыхущIокъу ди мэкъумэшыщIэхэм зэрыхъукIэ защIэд­гъэкъуэну, зыпэрыт IэнатIэхэр ирагъэфIэкIуэн пап-щIэ дадэIэпыкъуну, я лэжьыгъэхэр ядэдгъэпсынщIэну. 
Къэбэрдей-Балъкъэрми ди къэралми я экономикэ­хэм заужьыным и шэсыпIэщ худэчых зыхэт кредитхэр щIыпIэ АПК-хэм етыныр», - жиIащ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Со­къур Алим.
2024 гъэм Банкым и щIыналъэ къудамэм рес­публикэм и мэкъумэш IэнатIэм щIыхуэу сом мелуан 983-рэ ири­тащ, абы щыщу сом мелуан 280-р худэчых зыхэт кре­дитхэм хуэдэу. 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм ебгъапщэмэ, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, процент ­36-кIэ, 20-кIэ абыхэм хэхъуащ. Зэрыхудачых хабзэм тету кредиту сом мелаун 305-рэ нэгъабэ щIыхуэу итащ губгъуэ лэжьыгъэхэр иризэфIагъэкIын папщIэ.
Апхуэдэуи Банкым и щIыналъэ къудамэм и дэIэ­пыкъуныгъэкIэ «Налшык и жыг хадэхэр» IуэхущIапIэм и инвестицэ пэхуэщIэшхуэ 2024 гъэм ирагъэжьащ. Ар хуэунэтIащ зэуэ пхъэщхьэмыщхьэ тонн 5300-рэ зы­щIэхуэ хъумапIэ ухуэным. Абы ахъшэу хуаутIыпщы-нум и процент 75-р «Урысеймэкъумэшбанкым» ейщ.
ХъумапIэр лажьэу ирагъэжьэну я мурадщ мы гъэм и япэ мазищым къриубыдэу. Иджыпсту лэжьыгъэм и процент 97-р зэфIэкIащ. Пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэр здэщыIэр Шэджэм щIыналъэрщ икIи ар лажьэу ирагъэжьа нэужь цIыху 30-м щIигъум лэжьапIэ ираты­фынущ.
Къыхэдгъэщынщи, «Налшык и жыг хадэхэр» IуэхущIапIэмрэ «Урысеймэкъумэшбанкымрэ» зэдэлэжьэн щIадзащ 2019 - 2020 гъэхэм. ИкIи абы щыгъуэ жыг хадэщIэ ягъэтIысащ - жыгыщIэ 546210-рэ гектари ­150-м хагъэзэгъащ. Пхъэщхьэмыщхьэ къехьэлIэжы­гъуэм деж илъэс къэс цIыху 250-м нэблагъэ лэжьыгъэкIэ абы къыщызэрагъэпэщ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.