НыбжьыщIэхэр дихьэхыу

Мазаем и 3 - 7-хэм Каменномост (Къармэхьэблэ) курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэныгъэм и тхьэмахуэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ­хэмрэ папщIэ ар гъэщIэгъуэнрэ купщIафIэу къызэрагъэпэщащ.

ЩIэныгъэм и тхьэмахуэр щхьэусыгъуэфI хъуащ дерсхэр нэхъри щIэщыгъуэу, къэхутэ­ныгъэхэр хэту егъэкIуэкIыным, зэфIэкI зиIэ ­сабийхэм зыкъызыкъуегъэхыным теухуауэ. Курыт еджапIэм а махуэр ще­кIуэ­кIащ «ЩIэ­ныгъэр къарущ» къыхуеджэныгъэм щIэту.         1 - 11-нэ классхэм дерс зэIухахэр щатащ. Еджа­кIуэхэм щIэщыгъуэ куэд къащIащ республикэм и щIэныгъэлIхэм, тхыдэджхэм, тхакIуэ-усакIуэхэм ятеухуауэ. Iыхьэ щхьэхуэ ­хухахащ къуажэм и пщIэр зыIэта цIыху щэджащэ­хэм ятеухуа тхыгъэхэр гъэхьэзырыным. Абыхэм куэду яхэтщ етIуанэ курыт еджапIэр къэзыухахэри. ГъэщIэгъуэну екIуэкIащ «КъэхутакIуэ нэхъыфI» зэпеуэр, «ДжэгукIэхэмкIэ щIэныгъэм дыхуокIуэ», «Таурыхъхэм я дунейм», «Грамматикэ нэжэгужэ», «Псэущхьэхэм я дунейр» дерс зэIухахэр. Класс къэс ягъэхьэзыращ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм ятеухуа блын ­газетхэр. 
ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ ягури я псэри етауэ бгъэдыхьащ щIэныгъэм и тхьэмахуэр щIэщыгъуэу къызэгъэпэщыным. ЩIэныгъэм и дунейр зэрыкъулейр, абы куэдрэ узыгъэпIейтей упщIэхэм я жэуапхэр къызэры­щыбгъуэтыфыр, еджэнымрэ къэхутэнымрэ я гъуэгур зэрыбгъуфIэр хьэкъыу я фIэщ хъуащ еджакIуэхэм. 

ГУГЪУЭТ  Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.09.2026 - 09:03

И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессион

13.09.2026 - 09:03

Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы тхьэмахуэм щагъэлъэпIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ махуэгъэпсым къыхыхьа махуэщIыр: ди Хэкум щыпсэу лъэпкъ­хэм я бзэхэм я махуэр.

12.09.2026 - 09:03

Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

12.09.2026 - 09:03

ГъащIэр лъапIэщ

ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ.

11.09.2026 - 16:11

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.