Адыгэхэм я Хэкужьым ущрохьэлIэ Хобза - Кобза - Хъуэпсы - Хъуэбзы - Кхъуэпсы фIэщыгъэхэр зезыхьэ псыежэх зыбжанэм.
Абыхэм ящыщу мызыгъуэгукIэ зи гугъу тщIынур хы ФIыцIэм хэлъэдэжращи, абы и псыIур Сочэ къалэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ километр 19-кIэ «пыIухащ». Хобза цIэр зэрехьэ абдежым къыщызэрагъэпэща зыгъэпсэхупIэми.
ФIэщыгъэм ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу нэхъ трагъакIуэр ар убыхыбзэм къызэрытехъукIарщ.
«Хъуэ» псалъэм аптIэхъуэхэм (адыгэхэр убыххэм апхуэдэуи еджэрт) я бзэкIэ къикIыр дэ, адыгэхэм, «кхъуэ» жыхуэтIэ псэущхьэрщ. «Бзы» пычыгъуэр зыхуэтхь хъуну а Iуэху еплъыкIэм тезыгъащIэхэм къалъытэр дэ, адыгэхэм, «псы» жыхуэтIэрщ. Аращи, Хобза - Хъуэбзы - Кхъуэпсы. Ауэ щыхъукIи, «кхъуэпс» мыхьэнэращ фIэщыгъэр зэрыщыту зыхуэкIуэжыр. Хэт ищIэрэ, а цIэр мэзыпс цIыкIум щыкIэрыпщIа лъэхъэнэхэм и Iэхэлъахэр кхъуэ пIащэ тIысыпIэу щытагъэнущ.
Мыдрейуэ. КIуэкIуэ Жэмалдин «Адыгская (Черкесская) топонимия» и тхылъым зэритымкIэ, шапсыгъхэм «хъуэ» щыжаIэкIэ зэгупсысыр дэ, мыдрей адыгэхэм, «хъуэ - псэгъуэ», «хъуэ - псэн» псалъэ зэхэтым и япэ Iыхьэм къидгъэкIыу щытам лъабжьэ хуэхъуарщ. КъризэщIэткъуэжу а бгъэдыхьэкIэм дытехьэмэ, «хъуэ-псы»-м къикIыр «псы хъуэпсэгъуэ», «псы дахэ» жыхуэтIэрщ.
Урысей пащтыхьым и дзэпщ, куэдрэ зи цIэр зэхэтха Вельяминов Алексей деж 1834 гъэм къыщыщIэдзауэ дипломат къулыкъур щезыхьэкIа, адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я бзэм теухуауэ тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр къызэзынэкIа этнограф Люлье Леонтий зи гугъу тщIы псым и цIэр зэритхыу щытар «Зюебзе» (Жабзэ) жиIэущ.
1854 - 1921 гъэхэм псэуа урыс агроном-къэхутакIуэ Дороватовский Сергей 1911 гъэм зэхигъэува и картэм псыр зэрыщыхигъэунэхукIар «Жюавзе» (Жьабзэ-?, Жабзэ) фIэщыгъэмкIэщ. АтIэми, иужьреитIыр нэхъ зыхуэкIуэр, зэрынэрылъагъущи, «жабзэ», «къабзэ» псалъэхэм къарыкIырщ.
ЩыIэщ «Хобза» - «Хобзы» фIэщыгъэр хы Iуфэрыс адыгэхэр хы бзум («чайка» жыхуаIэм) зэреджэм хуэзыгъакIуэхэри.
Тхыдэм щыщщ
Хъуэбзы и тIуащIэм узыщрихьэлIэ иджырей къуажэ цIыкIухэр, и лъабжьэмкIэ къыщедгъэжьэнщи, «Нижнеармянская Хобза», «Верхнеармянская Хобза», «Верхнерусская Хобза» жыхуаIэхэращ. Иужьрейр, дэсыж щIагъуи щымыIэу, псыщхьэхэм-
кIэщ здэщыIэр. Кавказ зауэм и кIэухым хы ФIыцIэм къедза псыхъуащхьэхэр къыщыдагъэкъэбзыкIым, зэрыпхъуакIуэхэр щыгугъагъэнщ, яужь иту къэкIуэнухэр, ягуи я пси щагъэтIылъу, а щIыпIэм изэгъэну.
Ауэ щыхъукIи, илъэси 162-кIэ дызэIэбэкIыжынщи, Хъуэбзы и тIуащIащхьэхэм дэсыгъащ Хъыжьы убых лIакъуэ-жылагъуэм хыхьэ Хьуцуэ (Уцуа) къуажэшхуэр. Ар здэщытам деж (тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ) унагъуибгъу фIэкIа зэрымыгъэхъуа урыс «жылэ» цIыкIур щетIысэхар 1920 гъэр арат. АрщхьэкIэ, ари а щIыпIэм имызагъэу, дэсахэр Щолэхъуей (Солохаул) къуажэм 1982 гъэм кърагъэIэпхъухат. Абы лъандэрэ, зэман куэд дэкIами, тIуащIащхьэ жылэр цIыхуншэщ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.