Налшык модель библиотекэ №10-м щекIуэкIащ Кавказым и тхакIуэхэм ящыщхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Камни и цветы» альманахыр дунейм къызэрытехьам теухуа зэIущIэ. Ар зэхигъэуващ, къыдэгъэкIыным хуигъэхьэзыращ дагъыстэн тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, литературэ критик, Кавказым ис тхакIуэхэм я литературэ клубым и унафэщI «Золотое перо России» саугъэтым и лауреат Муслимовэ Миясат. Тхылъыр Дагъыстэным и Iэтащхьэм и гранткIэ Мэхъэчкъалэ 2024 гъэм къыщыдэкIащ. Абы ихуащ ди республикэм и тхакIуэхэм ящыщ зыбжанэм жанр зэхуэмыдэхэмкIэ гъэпса я IэдакъэщIэкIхэри. Мыр клубыр къызэрыунэхурэ дунейм къытригъэхьа ещанэ тхылъщ, тхакIуэ, усакIуэ 99-рэ къызэщIаубыдащ. 2015 гъэм Налшык къыщыдэкIащ «Под тенью чинары» япэ антологиер. 2019 гъэм Грознэ къалэм дунейм къыщытехьащ «Предчувствие» фIэщыгъэр зиIэр.
Муслимовэ Миясат тепсэлъыхьащ литературэ клубыр зытет мардэхэм, гулъытэ зыхуащIхэм, къалэну зыхуагъэувыжхэм.
- Щэнхабзэ, литературэ я лъэныкъуэкIэ Кавказыр нэхъри зэкъуэувэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къалэнышхуэ егъэзащIэ. Нобэ ди клубым хэтщ тхакIуэ, усакIуэ 140-м нэс. Абы холэжьыхь тхакIуэ нэхъыжьхэри, нэхъ щIалэIуэхэм ящыщхэри. Къалэн нэхъыщхьэу дэ зыхуэдгъэувыжыр бжыгъэкIэ дыкуэдыныркъым, атIэ клубым тхакIуэ нэсхэр, ипэжыпIэкIэ зэфIэкI зиIэхэр къетшэлIэнырщ. Сыту жыпIэмэ, дэ Кавказ псом я литературэр дгъэлъагъуэу утыку дыкъохьэ. Клубыр къызэрыунэху-рэ Кавказым щыпсэухэм едгъэцIыхуащ зи унэцIэ зэхамыхыхха тхакIуэхэр, тхыгъэ купщIафIэхэр. Тхэн щIэзыдзагъащIэ ныбжьыщIэхэм дащогуфIыкI. Iэмал имыIэу щыткъым абыхэм зэуэ сыткIи зэпэща тхыгъэхэр къызыкъуамыхынкIи. АтIэ мис апхуэдэхэми я зэфIэкIым хагъэхъуэнымкIэ, тхэным и хабзэ нэхъыщхьэхэр къащIэнымкIэ сэбэп дахуэхъуну ди гуапэщ, - жиIащ Муслимовэм.
- ТхакIуэм е усакIуэм фIыуэ къыгурыIуэу щытын хуейщ ар цIыху куэдым я цIэкIэ тхылъымпIэ напэм «зэрыщыпсалъэр», атIэ ар жэуаплыныгъэ инщ. Литературэм идэнукъым зэчииншэр - зыкIэригъэхужынущ. Девгъэгупсысыт: ди щIэджыкIакIуэхэм куэду яхэту къыщIэкIынущ егъэлеяуэ зыхэщIэшхуэ зиIэхэр, ауэ а зыхэщIэр къалэмкIэ къэзымыгъэлъэгъуэфхэр. Мис апхуэдэхэм дэ я гум дыкъипсэлъыкIын хуейщ, а къалэныр ди пщэ дэтлъхьэжащи. Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт. Дэ дыщопсэу ахъшэкIэ Iуэху куэд «щызэфIахыф» лъэхъэнэм. Ар, дауи, литературэми къыжьэхоуэ. Зи тхыгъэхэр литературэм хэувэну зыхуэмыфащэхэми Iэмал яIэщ я тхылъ мыхьэнэншэхэр пщIэкIэ къыдагъэкIыну. Куэдри къохъу ипэжыпIэкIэ зэчий зыбгъэдэлъхэр гулъытэншэ щыхъуи. Абы иIэнкIэ хъунущ щхьэусыгъуэ зыбжанэ: е утыкум ихьэну фIэфIкъым, е зигъэлъэгъуэну и дзэ мэш, е гу къылъатэркъым. Сэ сыт щыгъуи жызоIэ: зэчий зиIэхэр къэтлъыхъуэн, сэбэп дахуэхъун, гъуэгу тедгъэувэн хуейщ. Мы тхылъым и пэщIэдзэм деж къыщыхьащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, клубыр къызэрыунэхурэ куэду хэлэжьыхь ХьэкIуащэ Мадинэ и псалъи: «Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм зэхущытыкIэ гуапэ яIэным, Урысейр псоми ди зэхуэ-дэ унэу щытыным папщIэ щыIэ къалэнхэм ящыщ мащIэ дэри ди пщэ дэтлъхьэжыну къыттохуэ» псалъэхэр.
Тхылъым фIэщыгъэ хуащIам щытепсэлъыхьым, Муслимовэ Миясат къыхигъэщащ ари Кавказым епхьэлIэ зэрыхъунур. Мывэм Кавказым и лIы нэсхэм я шыфэлIыфэр къигъэлъагъуэ хуэдэщ. Удз гъэгъар гумрэ псэмрэ нэхъ тещIыхьауэ къагъэсэбэпащ. Бзылъхугъэм и псэм и махагъэр къегъэлъагъуэ гъэгъам и образым.
- Удз гъэгъар мывэ къырым тыншу къыщыкIыркъым. Дапхуэдиз жьы, хьэуа, псы, дыгъэпс хуей хъурэ ар къырыр къыпхитхъыу къэгъэгъэн папщIэ! Мис апхуэдэ дыдэу, тхакIуэм и художественнэ псалъэр ипсыхьын хуейщ, - жиIащ къэпсалъэм.
Миясат къыхигъэщащ Кавка- зым ис тхакIуэхэр, литературэ лэжьакIуэхэр зэпызыщIэ сайти я клубым зэригъэлажьэр. Абы ит тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм ящыщ абдеж къыщыгъэлъэгъуащ, «подстрочнэ» жыхуаIэм хуэдэу урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ. Абыхэм езыхэр е нэгъуэщI къеджэу аудиомакъ ящIыгъущ. Аудиомакъыр усэр е тхыгъэ пычыгъуэр зэрытха бзэмкIэ итщ. Сай-тым и лэжьэкIэм кIэлъыплъ, абы къихьэ зэдзэкIакIуэхэм зы тхыгъэ гуэрым елэжьыну гупыж ящIмэ, аудиомакъыр пегъанэри, тхыгъэр зэрытха бзэм и IукIэр зыхищIэу йодаIуэ.
- Ар сэбэпщ тхыгъэм и гъэпсыкIэр зэдзэкIакIуэм къыгурыIуэнымкIэ, - жиIащ Муслимовэм.
Кавказым и тхакIуэхэм я клубыр къызэрыунэхурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы хэтхэм ящыщщ ХьэкIуащэ Мадинэ. Абы итха «Дорога домой» романым щыщ пычыгъуэ итщ зи гугъу тщIы альманахым.
- Литературэр жьы къабзэ хуэныкъуэщ зэпымыууэ. Ар гъунапкъэ куэдым ихьэн, гъуэгуанэшхуэ зэпиупщIын хуейщ. ЩIыпIэ гъунапкъэм и закъуэкъым зи гугъу сщIыр, атIэ абы хеубыдэ бзэри, зэхэщIыкIри, белджылы къэщIын хуей Iуэхугъуэ мыгурыIуэгъуэхэри. Ар къэплъытэмэ, нобэ дызытепсэлъыхь тхылъыр икъукIэ щхьэпэщ. Художественнэ псалъэм дызэпищIэн хуейуэ къызолъытэ, - жеIэ ХьэкIуащэ Мадинэ. Ар нэхъ пыухыкIауэ къытеувыIащ ди республикэм урысыбзэкIэ тхауэ къыщыдэкI литературэм и Iуэху зытетым.
- ЩIэныгъэр щыхьэт тохъуэ бзэ нэхъыбэ пщIэхукIэ акъылыр нэхъ хуабжьу зэрылажьэм. Кавказым ис лъэпкъхэм къахэкIауэ урысыбзэкIэ зи IэдакъэщIэкIхэр зыгъэпс тхакIуэхэм къагъэлъэгъуащ а бзэр и купщIэм нэсу зэрызыхащIэфыр. Сэ си гугъэкъым, псалъэм папщIэ, урысыбзэкIэ тхэ адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я зэран адыгэбзэкIэ тхэхэм ирагъэкIыу. ТхакIуэм и фIагъыр ар зэрылажьэ бзэм къигъэлъагъуэуи схужыIэнукъым. УрысыбзэкIэ тхэ адыгэ, балъкъэр тхакIуэхэм яхэтщ зэчиифIэхэр: Емкъуж Мухьэмэд, Мэкъуауэ Амир, Куэшбей Джамболэт, Мамыш Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри. Сэ тхылъ щхьэхуэ тезухащ балъкъэр тхакIуэ гъэщIэгъуэн дыдэ Чипчиков Борис и тхыгъэхэм ящIэлъ гупсысэхэм. Уеблэмэ щхьэхуэу дытепсэлъыхьын хуейщ лъэпкъ республикэхэм щыпсэу урыс тхакIуэхэми. Художественнэ бзэ телъыджэ Iурылътэкъэ Смирновэ Наталье! Сыхуейщ мы Iуэхугъуэм иджыри къытедгъазэу дытепсэлъыхьыну, абы зэIущIэ щхьэхуэ хухэтхыну, - жиIащ Мадинэ.
ХьэкIуащэм и псалъэхэм арэзы техъуащ «Урысей радиом» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, зэдзэкIакIуэ Мэремкъул Ларисэ:
- УрысыбзэкIэ гъэпса художественнэ тхыгъэфIхэр диIэщ. Апхуэдизу купщIафIэу, зэманым пэджэжу, мыхьэнэ яIэу ятха художественнэ тхыгъэхэр ди литературэм хэдмыбжэну гупсысэ щыIэххэн хуейкъым. Щхьэ зыгуэрым еттыпхъэ ди литературэ хъугъуэфIыгъуэм щыщ Iыхьэ? Абыхэм урысыбзэкIэ я гупсысэхэр нэхъ къаIуэтэф. Дауи, ддэнут апхуэдэ дыдэу адыгэбзэкIэ тха IэдакъэщIэкIхэмкIи дагъэгуфIами. Ауэ щыхъукIэ, урысыбзэращ нэхъ ягъэшэрыуэр. АтIэ ар щхьэусыгъуэ пщIы хъурэ лъэпкъ литературэм хыумылъытэнымкIэ? Хъунукъым, - жиIащ Ларисэ.
ЗэIущIэм хэтахэм ягъэбелджылащ адэкIэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр, нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIынухэр.
ГЪУЭТ Синэ.