ГъащIэри, нэпсри, лъагъуныгъэри

Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым лэжьыгъэщIэ утыку къыщрахьащ. «И жизнь, и слёзы, и любовь» зи фIэщыгъэ спектаклыр игъэуващ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Толстовэ Евгение.

Лэжьыгъэр гъэщIэгъуэну зэрызэхэгъэувар я нэгу щIэкIащ премьерэм зрезыгъэхьэлIахэм. НовеллитI лъабжьэ хуэхъуащ спектаклым - Лермонтов Михаил и «Герой нашего времени» романым и «Бэла» Iыхьэмрэ Пушкин Александр и «Барышня-крестьянка»-мрэ. Япэ Iыхьэр классикэ драмэщ, шэрджэс бзылъхугъэ цIыкIу Белэрэ урыс офицер Печоринымрэ я лъагъуныгъэр къыщыгъэлъэгъуащ, Печориным и гъусэу къулыкъу зыщIэ Максим Максимыч штабс-капитаным ­къиIуэтэжу. Уи нэгу щIокI адыгэ къуажэм и гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр, лIы­хъужь нэхъыщхьэхэм я зэхущытыкIэ мытыншыр, абы къыщыхъу Iуэхугъуэхэр псори зригъэуIуж щIыкIэщ и кIэм деж хъыджэбзыр гуузу зэ­рылIэм. Роль нэхъыщхьэхэр ягъэзэщIащ Мысостышхуэ Аслъэнбэч, Жыкъуэ Аскэр, Къущхьэ ФатIимэ, Догополов Станислав, Болэ Лилие сымэ.
Классикэм къыхэкIа театр­еплъхэр бэлыхь хэхуат Пушкиным и «Барышня-крес­тьян­ка»-м щыщIидзам. АрщхьэкIэ гушыIэр къызэбэкI тхыгъэм псынщIэу хэша хъуащ ахэр. Япэ Iыхьэри етIуанэри Толстовэм зэрызэпищIа Iэмал гъэ­щIэгъуэнхэм ящыщт хужьрэ фIыцIэрэ фIэкIа нэгъуэщI плъыфэ утыкум зэрыщумы­лъагъур, артистхэри зэрыхуэпар апхуэдэут. Пушкиным и сценэ образхэр, пэжыгъэ ин хэлъу, къагъэлъэгъуащ артистхэу Ораков Замир, Мыз Iэубэчыр, Нэгъуей Заур, Толстовэ Марие, Сторожевэ Анастасие, Белобородовэ Аллэ, Хъупэ Марьянэ, Дорогов Рус­там, Къаныкъуей Залинэ сымэ.
Урыс драмэ театрым и лэжьыгъэхэм увыпIэфI зэрыщиубыдынум шэч хэлъкъым спектаклым. Абы еплъахэр арэзыуэ зэбгрыкIыжащ, гуа­уэм­рэ гуапэмрэ я зэпы­лъы­пIэр IэкIуэлъакIуэу къэгъэлъэгъуа зэрыхъуам тепсэ­лъы­хьыжу, куэд щIауэ дызы­щы­гъуазэ хъыбархэм нэ­­гъуэ-
­­щIы­нэкIэ еплъарэ абы зэ­щIи­Iыгъэу.
БЛИЙ  Даянэ. 
Сурэтыр
Уэлджыр  Артур  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.