«Хэкум и хъумакIуэкIуэхэр» Урысей фондымрэ Урысейм и нотариальнэ палатэмрэ УФ-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ «Нотариат России на службе Отечества» зэIущIэр.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и гъэзэщIакIуэ унафэщI Хабаров Юрий Урысейм и нотариусхэм фIыщIэ яхуищIащ СВО-м хэтхэм, абы и ветеранхэм, къулыкъум пэрыту хэкIуэдахэм я унагъуэхэм къэрал хабзэхэмрэ я хуитыныгъэхэмрэ теухуауэ зэрадэIэпыкъум, чэнджэщ Iуэхутхьэбзэхэр пщIэншэу зэры- ратым къыхэкIыу.
- Псори зэхэту а IуэхумкIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым зыкъыхуагъэзащ тхыгъэ мелуанитIым щIигъукIэ. Зыкъызэрыхуагъэзахэм я процент 91-р зэфIэдгъэкIащ. Тхыгъи 179-р юридическэ Iуэхутхьэбзэхэм ехьэлIат. ИкIи федеральнэ нотариальнэ палатэм абыхэм ящыщу 173-р зэфIихащ. Нотариальнэ палатэм и лэжьакIуэхэр зэпыу ямыIэу япыщIащ СВО-м хэтахэм. Ди фондым и IуэхущIапIэм деж ветеранхэм папщIэ юридическэ Iуэхутхьэбзэхэр щызэфIах. Нотариусхэм я Iуэхутхьэбзэ зыIэрагъэхьэну Iэмал ягъуэтащ сымаджэщхэм щIэлъ сэлэтхэми, - жиIащ Хабаровым.
Федеральнэ нотариальнэ палатэм и унафэщI Корсик Константин къыхигъэщащ СВО-м хэт е абы и ветеран цIыху мин 290-м апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ 2024 гъэм къриубыдэу зэрыхуащIар.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ СВО-м щыIэхэмрэ ветеранхэмрэ къайхьэлIа къэрал хабзэхэм, абы теухуауэ юристхэр зрихьэлIэ гугъуехьхэм. Апхуэдэщ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щрихьэкIыу хэкIуэдам и мылъкур абы и унагъуэм яIэрыхьэжыным епхахэр. Сэлэтыр зэрылIам щыхьэт техъуэ тхылъым зы илъэс-мазэ - махуэ пыухыкIа итрэ, актыр щатха, щыхьэт тхылъыр щатыжа махуэр абы темыхуэу къэгъэлъэгъуамэ, лъэпощхьэпохэр къыщрикIуэ щыIэщ. ХэкIуэдам и мылъкур абы и унагъуэм зэрыIэрыхьэн хуей мазих пIалъэр икIауэ сэлэтыр зэрыхэкIуэдам и щыхьэт тхылъыр Iыхьлым щаIэрыхьэжи къохъу. Абы щыгъуэм хэкIуэдам и унагъуэм судым зыхуигъэзэнырщ къыхуэнэжыр, щIэиныр къыIэрыхьэжын папщIэ. Мис апхуэдэ Iуэху зэхуэмыкIуэхэр гъэзэкIуэжыным теухуа законопроект ирагъэхьащ Къэрал Думэм. Ахэр депутатхэм елъэIуащ законопроектым зэрыхъукIэ нэхъ щIэхыу гулъытэ хуащIыну.
ЗэIущIэм хэтахэр зэгурыIуащ я зэпыщIэныгъэр нэхъри ягъэбыдэу зэдэлэжьэну, СВО-м хэтхэмрэ хэкIуэдахэм я унагъуэхэмрэ гулъытэ нэхъыбэ хуащIыну.
«Хэкум и хъумакIуэкIуэхэр» федеральнэ фондыр Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къэунэхуащ. Абы и къалэн нэхъыщхьэщ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэр, ветеранхэр, хэкIуэдахэм я унагъуэхэр и нэIэ щIигъэтыну, зыхуэныкъуэхэр яхуищIэну, зыкъыхуэзыгъазэхэм я Iуэхур игъэтэмэмыну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, фондыр Хэкум и хъумакIуэхэм зэрадэIэпыкъур медицинэ, юридическэ Iуэхутхьэбзэхэм я закъуэкъым. АтIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтынымкIи, лэжьыгъэ IэнатIэ къахузэгъэпэщынымкIи, СВО-м ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэр гъащIэм хэгъэзэгъэнымкIи гулъытэ хуащI.
ГЪУЭТ Синэ.