Адэжь лъахэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэм щыхьэт тохъуэ

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэ дыдэр къызэ­хъулIа цIыху насыпыфIэхэм ящыщщ Едыдж Нихьаи Инус и къуэр. Абы и ныбжьыр ­дыгъуасэ илъэс 80-м ири­къуащ, и къуэ­рылъху-пхъу­рылъхухэр къепщIэпщIэ­кIыу и хэкужь зыщегъафIэ илъэс 30-м ­щIи­гъуауэ. 

Ар 1945 гъэм Тырку Республикэм хыхьэ Анталие ­къалэм епха Елэмэ къуажэ ­цIы­кIум къыщалъхуащ. 1953 гъэм я унагъуэр Анталие Iэпхъуащ. И сабиигъуэри, балигъ гъащIэри абы щихьащ Нихьаи. Хэкур зэзыгъэгъуэтыжа хэкупсэ нэсым и блэкIар зэпхар, дауи, Елэмэ жылэрщ. 1888 гъэм хэкур зыбгына адыгэхэр щытIыса щIыпIэщ ар. Елэмэ жылэр хым елъы­тауэ 1200-м нэс лъагапIэм тесщ. ЩIымахуэм уэс къыщесу, уэшх къыщешхыу ап­хуэ­дэщ. Ауэ щIыр зэрымащIэм къыхэкIыу, дэсхэр хуэм-хуэмурэ Анталие Iэпхъуащ. Нихьаи и ныбжьыр илъэси 8-м иту кIуащ а къалэм. Абы щеджащ. ИтIанэ Анкара дэт институтыр нэмыцэбзэмкIэ егъэ­джакIуэ IэщIагъэр иIэу 1970 гъэм къиухащ. Элазыгъ тырку къалэм дэт колле­джым нэмыцэбзэр илъэситIкIэ щригъэджащ, иужькIэ Анталие ­игъэзэжри, зыхуеджа IэщIагъэм илъэс 23-кIэ, псори зэ­хэ­ту илъэс 25-кIэ, ирилэжьащ, пенсэм тIысыжыху. 

КъежьапIэр гукъинэт

БыниплI яIэт Нихьаи и адэ-анэм. Зэшищрэ зы шыпхъу ­нэхъыжьрэ. Езыр унагъуэм щIалэ нэхъыщIэу къахэхъуа­ти, Нихьаи къыфIащат. И  цIэм хьэрыпыбзэкIэ «иужь­рей» ­къикIыу аращ. Нихьаи къызэ­риIуэтэжымкIэ, щысабийм адыгэ фIэкIа дунейм темыту и гугъэт, цIыху псори адыгэбзэкIэ псалъэу къыщыхъурт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къыщалъхуа унагъуэми, зы­щыщ къуажэми арат щызе­кIуэр. ЕджапIэм щIэтIысхьа нэужь, къыгурыIуащ дунейм лъэпкъ куэд зэрытетри, адыгэ­хэр тыркухэм зэрахэсри. Ауэрэ къыдэкIуэтейри, нэгъуэщI къалэхэм щыпсэу адыгэхэри нэIуасэ хуэхъуащ. Нихьаи и щыхьэт нэсщ уна­гъуэм бзэр щагъэшэрыуэмэ, хабзэр щызэрахьэмэ, лъэпкъ тхыдэм щыщ ящIэмэ адыгэу дэнэ щIыпIи укъызэрыщы­зэтенэфынум. Абыхэм с­а-бийр щIагъэджыкIыурэ къы­дэ­кIуэтеймэ, зыщыщри зи­щIысри ищIэжу къохъу. «Адэ­шхуэ-анэшхуэр къыздикIа щIыпIэр, апхуэдизу гущIыхьэу IэщIыб ящIа жэнэт щIыналъэр плъагъуну ухуейуэ ­укъохъу. Плъагъуну ухуейм и за­къуэкъым, уи псэр къеIэу ­уопсэу, уи унэжь, уи лъап-сэжь бгъэзэжыну узэрыхуейм ­хуэ­-дэ дыдэу, уи хэку укъитIысхьэжыныр уи хъуэпсапIэу», - жеIэ Нихьаи. А хъуэп­сапIэр екIурэ-ещхьу зригъэ­хъулIащ тхьэмадэм. 

«Къэгъэзэгъуэм» къыщеIуэтэж

Зи гугъу тщIы къежьапIэм­-рэ сабиигъуэмрэ теухуа тхылъ 2019 гъэм къыдигъэкIащ Едыдж Нихьаи. Абы и зы Iыхьэм къыщигъэлъэгъуэжащ Елэмэ щыпсэу абазэхэхэм Хэкужьыр ябгынэн ­хуей щIэхъуар, абы щызекIуа хабзэхэр, лъэпкъ зэхэтыкIэр, шхыныгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. 
- Иджы цIыху мащIэ дыдэ фIэкIа зыдэмысыж адыгэ ­къуажэ цIыкIухэм ящыщщ Елэ­мэ. Нэхъапэм апхуэдэ жылэу 800-м щIигъу щыIащ Тыркум. Абы щызекIуэу щыта бзэр, хабзэр зэраIэщIэхур слъагъурти, а жылэм и къе­жьэкIамрэ зэрыпсэуамрэ сы­мытхын схузэфIэкIакъым. Тхы­лъым итщ къуажэхьхэр, псалъэжьхэр, уэрэдхэр. Уэрэд 300 хуэдиз жаIэу щытауэ сощIэж, ауэ къэзгъуэтыжыфар 40-щ, нотэхэри щIызгъужащ. 
Тхылъым IупщIу къыщызгъэлъэгъуэжащ къуажэм иIа псэукIэр, дэлъа хабзэр, ар а щIыпIэм деж зэрытIыса щIы­кIэр, дэса лIакъуэхэр, жылэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа щIэ­ныгъэлIхэмрэ IэщIагъэлI­хэм­рэ я цIэхэр, - къыддогуашэ ­Нихьаи.
Абы хуэм-хуэмурэ зэхуихьэ­сыжащ хэхэс адыгэхэм яхъу­ма IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, псалъэ шэрыуэхэр, щIагъыбзэхэр, джэгукIэхэр, адыгэ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзыры­кIэхэр, нобэ къамыгъэ­сэбэ­пыж псалъэхэр. А псори тхы­лъым щызэхуихьэсри, къуа­жэм и теплъэр къызэрыщ сурэтхэри иригъэуващ. 

Тыркуми щыадыгэ щIалэт

Нихьаи и лъэпкъри хэкури      и псэм хэлъу къыдэкIуэтеящ. ИкIи и ныбжьыр илъэс 20-м иту Анталие Хасэ къыщызэ­Iуихауэ щытащ. Ди лъэп­къэгъухэм жаIэж, а лъэхъэнэм Тыркум лъэпкъ Iуэху щызепхуэну, уеблэмэ уи анэдэлъхубзэкIэ ущыпсэлъэну шынагъуэу зэрыщытар. 
«УагъэтIысынущ, щхьэ­пы­лъэ уащIынущ, апхуэдэ Iуэху ухэмыхьэ», - къызжаIэрт. Ауэ абыхэм щхьэкIэ сыкъикIуэ­тыртэкъым, «адыгэ Iуэху щхьэкIэ япэ лъэхъуэщ щIэ­хуэнур сэра ирехъу» жысIэри, си Iуэху иужь ситащ икIи къызэхъулIащ. Абы бэлыхьу пылъыр къагурыIуэрти, си Iуэхур къыздэзыIыгъыр мащIэт. Дауэ мыхъуми, Анталие Хасэр къызэIутхауэ щытащ, иджыри къыздэсым мэла­жьэ. Къурмэну яукIхэм я фэ­хэр къыхэтхыурэ тщэурэ, илъэ­сищым и кIуэцIкIэ ахъшэ зэхуэтхьэсри, Хасэм IуэхущIапIэ къыхуэтщэхуат. ЦIыхуи 100 - 150-рэ хуэдиз къекIуалIэрт абы щыгъуэ, иджы куэдкIэ ­нэхъыбэщ. Сэ а Хасэм тхьэмадэу, тхьэмадэ къуэдзэу, бух­галтеру илъэс 27-кIэ сы­щылэжьащ», - игу къегъэкIыж Нихьаи. 
Зи гупсысэкIэ зэтехуэхэр ­зэгухьэри, нэхъыбэ къайхъу­лIэн папщIэ, къэралым ит Адыгэ Хасэхэм я зэхуэс зэхашауэ щытащ. 1968 гъэм екIуэ­кIа зэхуэсышхуэм жэрдэм­щIа­кIуэ хуэхъуар Едыджхэ я къуэрат. Иджыпсту Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм лъабжьэ хуэхъуар а зэхыхьэращ. 
ИужькIэ анэдэлъхубзэр пщIэншэу щрагъэдж курсхэр къызэIуахащ, зыхурагъэщIы­жым къызэIуахыжурэ, гугъу ехьми, ди лъэпкъэгъухэр ­ирагъэджащ. Уеблэмэ тырку пща­щэ щхьэгъусэ зыщI адыгэ щIалэхэм я бжыгъэр ягъэ­мэщIэфауэ щытащ, лъэпкъ зэхэщIыкIым къыхураджэурэ. 

Адэжь лъахэм
и IэфIагъыр 

Нихьаи зэрыжиIэмкIэ, хэ­-кур зэрынэхъыфIыр хэку­рыс­хэми хамэ къэрал къыщы­хъуахэми ящIэ. Ауэ зыкъаIэ­- ту къыщIэмыкIуэжыфыр, ­къэ­кIуэ­жар занщIэу тыншу ­зэ­рымыпсэуфыр зэпхар мылъку­­ращ. Ахъшэ уимы­Iэ­мэ, дэнэ ущыпсэунуи гугъу дыдэщ. Хамэ къэрал щып­сэу цIыхум хэкур и плъапIэщ, ­хуейщ къэкIуэжынуи, мыбы щыпсэунуи, и лъэпкъэгъухэм яхэсынуи, ауэ зытезыIыгъэр гъащIэм къапигъаплъэ гугъуехьхэрщ.
«Дэ абы щыгъуэ дызытета политикэр зыт: хэкум ды­кIуэ­жын хуейщ, дымыкIуэжмэ - дыкIуэдынущ. АрщхьэкIэ, псори зэуэ щызэгурыIуэ къэхъурэ? Лъэныкъуэ зырызу ­гуэша дыхъури, хэти дэ жытIэр къыддищтэу, хэти къытпэ­щIэувэу хуежьащ. 
Адыгэм Iэмал имыIэу хэкум къигъэзэжын хуейщ. Ар зэзгъэщхьри? Жыгыр щыдахэр, пыкIэ щиIэр, зыщиужьыр и лъабжьэр щIым хэтмэщ, пэжкъэ? Апхуэдэщ адыгэри, лъэп­къыр дахэ, екIу, лъэщ щыхъунур и хэку исыжмэщ, абы къудамэхэр къыщы­дэ­жыжмэщ. 
Сэ сыт щыгъуи Кавказым сыщIыщIэхъуэпсыр зыт: си сабийхэр адыгэбзэкIэ псалъэу, абыхэм къащIэхъуэну щIэблэм я бзэр яIурылъыну сыхуейт. Сыт щхьэкIэ жыпIэ­мэ, хэхэс гъащIэм и дыджыр згъэунэхуат. Пщыхьэ­щхьэ­кIэ­рэ сытIысырти си быным адыгэбзэр езгъащIэрт, ар­щхьэкIэ, уэрамым зэры­дэ­-кIыу тыркухэм яхэхуэрти, хамэбзэкIэ фIэкIа псалъэртэкъым. Аращи, хэкум си бзэкIэ сыщыпсалъэу, си хабзэр щызесхьэу сыщыпсэунрат си ­хъуэпсапIэр, армыхъумэ, зыгуэркIэ сыкъыдихьэхын хуей­уэ щыттэкъым, - жеIэ Нихьаи. 
1989 гъэм ипхъу Тамерис еджакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къигъэкIуащ адэм. Япэ ды­-дэу Тыркум къикIыу Налшык къэкIуа студентыр аращ. Тамерис унэ къыхуащэхуауэ Налшык щеджэу, Нихьаи и щхьэгъусэ Шукран пенсэ ­кIуати, щIалэри ин мыхъу щIыкIэ къашэжмэ нэхъ къащтэу, абыхэм къагъэзэжащ. Езы Нихьаи пенсэм кIуэху илъэситI лэжьэжри, етIуанэ махуэм къежьэжащ. 

Тамерис и цIэкIэ
шхапIэ

Едыджхэ я унагъуэр хэкум къэкIуэжри, Налшык къали Къэбэрдей-Балъкъэррри ягъэ­дэхащ. «Тамерис» шхапIэм махуэм къриубыдэу зэ щIыхьэну зыфIэмыфI ар здэщыт щIыпIэм щеджэхэм­-рэ щылажьэхэмрэ яхэткъым. Хуабжьу хуэарэзыщ ар зыгъэлажьэ унагъуэм. Абы, дауи, лъабжьэ хуэхъур, IэфIу, хьэлэлу, гуапэу узэрыщагъашхэрщ. А псоми набдзэгуб­дзаплъэу кIэлъоплъ Нихьаии Шукрани. Уеблэмэ тхьэма-­дэм жеIэ ерыскъыр къызы­хащIыкIыр псори езым къы­зэрищэхур, пщэдджыжь къэс пщэфIапIэм зэрыщIэплъэр, махуэм шхапIэм зэрыщIэ­-сыр. 
Абы щIыхьэ дэтхэнэми гу лъетэ унагъуэм щIэсхэр зэ­ры­зэдэлажьэм, зэгурыIуэрэ-зэ­дэIуэжу зэрызэдэпсэум. ЦIы­ху­хъур ин зыщIыр, и пщIэр зыIэтыр щхьэгъусэращ. Шукран Адана къыщалъхуащ, Шыкуэхэ япхъущ. Шукранрэ Нихьаирэ я гупсысэкIэр зэ­техуэу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу зэдопсэу икIи зэ­долажьэ. Апхуэдэуи я бынхэр я жыIэм щIэтщ. Тамериси Едыджи щIэныгъэ нэхъыщ­хьэ яIэщ. Пщащэр Цейхэ я нысэщ, хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ яIэщ - Дижан, Сэ­-жан, Синэмис сымэ. Едыдж зы къуэрэ пхъуитIрэ иIэщ - Лъэпщ, Уэрэд, Данэпс. 
Нэхъыжьи нэхъыщIи я зэ­хуаку дэлъ зэгурыIуэныгъэращ унагъуэр зыгъэбжьыфIэ­ри, ящIэ Iуэхум псэ хэзылъ­хьэри, хэкужьым и IэфIагъыр зыгъэбагъуэри. 
- Си гъащIэм зы фIы гуэр къызэхъулIамэ, си гур зыгуэрым хигъэхъуамэ - ар си адэжь хэку сыкъызэрыкIуэ­жаращ, - къыддогуашэ Нихьаи. - А гурыщIэм и инагъри  и IэфIагъри фэ къывгуры­-Iуэнукъым, фи хэку фыкъы­щалъхужащ, абы пэIэщIэу фыщытакъыми. Хамэ щIыпIэ ущыпсэуну гугъущ. Сыт хуэ­дизу уи Iуэху дэкIыу ущыла­жьэми, узыхуэлажьэр хамэ къэралщ. Iей гуэр пIэщIэ­щIамэ, «укъыздикIам кIуэж» къыб­жаIэну хьэзырыххэщ. Си гъащIэр зыгъэдахэр си хэку сызэрисыжырщ, си бынхэм анэдэлъхубзэ зэращIэрщ,            си къуэрылъху-пхъурылъху­-хэр адыгэбзэкIэ зэрыпсалъэрщ. 

НэщIэпыджэ  Замирэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.03.2026 - 09:14

Щыпэрытщ къэралпсо зэхыхьэхэми

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерст­вэм щекIуэкIа зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.

17.03.2026 - 09:13

Щэнхабзэм хузэфIэкIахэр Балъкъ къыщапщытэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджы­благъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и ­министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ.

17.03.2026 - 09:03

Адэм и къалэныр инщ

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.

16.03.2026 - 14:57

Ахэр щымыIамэ, къэбгупсыс хъунт

Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ

16.03.2026 - 09:14

Дрипсалъэ щхьэкIэ, къыдгурымыIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к