|
|
Унагъуэ лъапIэныгъэхэр екIуу утыку кърахьэ
12 февраля, 2025 - 06:21
«Унагъуэр анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ я хъумакIуэщ» республикэпсо зэпеуэм и къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэр Налшык къалэм дэт Къалэн куэд щагъэзащIэ республикэ гимназием щекIуэкIащ. Илъэс еплIанэ хъуауэ зэхьэзэхуэр къызэрегъэпэщ КъБР-м Егъэджэныгъэм-рэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм я Iэзагъыр хэгъэхъуэнымкIэ зэпымычу лажьэ и центрым Адыгэбзэм зегъэужьынымкIэ и лабораторэм. Iуэхур дахэу утыку кърихьащ лабораторэм и лэжьакIуэ Щоджэн Iэминат.
Мызыгъуэгум зэпеуэм хэтащ гупибл: Къэрэгъэш къуажэм щыщ Нафонхэ я унагъуэр (гупыр утыку къизышар курыт еджапIэ №1-м и егъэджакIуэ Хьэбылэ Заирэщ), Аргудан къуажэм щыщ Iэрэмысэхэ я унагъуэр (гупыр зыгъэхьэзырар ку-рыт еджапIэ №-1-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Мэшыкъуэ Любэщ), Къулъкъужын къуажэм щыщ ЛIыхъурейхэ я унагъуэр (гупыр зи нэIэ щIэтар курыт еджапIэ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ КъуэщIысокъуэ Каринэщ), Альтуд къуажэм щыщ Нэгъуейхэ я унагъуэр, Курп Ипщэм щыщу Езауэхэ я унагъуэр (мы унагъуэм ядэIэпыкъуар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ ТIымыжь Лацэщ), Налшык къалэм щыщхэу Бэлахъуэхэ, Уэсмэнхэ я унагъуэхэр. Мы тIум я щIэблэр Налшык къалэм дэт 29-нэ гимназием щоджэ, Уэсмэнхэ утыку къизышар адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Ефэнды Маринэщ.
Унагъуэхэр Iуэхугъуэ зыбжанэкIэ зэпеуащ. Зы уты-кум зэдитащ дадэ-нанэхэмрэ адэ-анэхэмрэ, щIалэгъуалэмрэ школакIуэхэм- рэ. Абыхэм ягъэлъэгъуащ иджырей адыгэ унагъуэхэм щекIуэкI гъэсэныгъэр, анэдэлъхубзэр къабзэу зэрагъэшэрыуэр, жьыи щIэи я акъыл зэтехуэу зы Iуэху зэрызэдащIэфыр, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, хабзэм, литературэм, IуэрыIуатэм зэрыхащIыкIыр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зэрыхуэмыхамэр.
Зэпеуэм щагъэлъэгъуа-хэр къапщытащ Къэбэр-дей-Балъкъэр къэрал университетым Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат УнэлIокъуэ Вячеслав, КъБКъУ-м и Педагогикэ колледжым и егъэджакIуэ Лъостэн Марьянэ, Къалэн куэд щагъэзащIэ республикэ гимназием адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Тэтэр Ларисэ, «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, АР-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я журналист НэщIэпыджэ Замирэ сымэ.
Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадар адыгагъэм къызэщIиубыдэ къалэн псори адыгэ унагъуэм деж къызэрыщежьэр ягъэлъэгъуэнырщ. Адыгэм я зэхэтыкIэм, хэкум лъагъуныгъэу хуаIэм, нэмысым, хабзэм, тхыдэм щIэблэр щыгъуэзэнымкIэ жэуаплыныгъэ нэхъыбэ зыхьыр унагъуэр зэрыарар нэрылъагъу ящIащ а махуэм.
Зэхьэзэхуэм къигъэув къалэн псори екIуу утыку кърахьащ унагъуэхэм. Лъэпкъ дамыгъэм и хъыбарыр, лъэпкъым и лIакъуэ жыгыр, цIыху цIэрыIуэу къахэкIа-хэр, нэхъыжьхэм я сурэтхэр, унэцIэр къызытекIар, нэгъуэщIхэри утыкум экранышхуэкIэ къыщагъэлъагъуэу езыхэм хъыбарыр яIуатэу екIуэкIащ. «Нанэ и пхъуантэ» зэпеуэми адыгэ дауэдапщэхэм ящыщ теплъэгъуэ зырыз щагъэлъэгъуащ лъэпкъ хабзэр къыхэщу.
Япэу утыкур хуит зыхуащIар Къэрэгъэш къикIа Нафонхэ я унагъуэрати, адэ-анэм я гъусэу утыку къихьа щIалэ цIыкIуитIым я адыгэбзэм и шэрыуагъыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым, я къуэш нэхъыщIэ цIыкIум зекIуэн щIидзагъащIэти, сценэр игъэбжьыфIэрт. Нурдинрэ Индрисрэ жаIэжащ я унагъуэм щIэсхэм я шыфэлIыфэр, абы илъ хабзэр, адэшхуэ-анэшхуэм я щапхъэр гъуазэ зэрахуэхъур, я адэ-анэхэу Нурхьэлийрэ ШэIимэтрэ хабзэм тету зэрагъасэр. ЩIалитIыр пшынэ, бэрэбан еуэным зэрыхуэIэзэри ягъэлъэгъуащ, унагъуэм щапщэфI хабзэ адыгэ шхынхэри къыздахьащ. Хъыбарыр зэраублар Хэку зауэшхуэм и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс хэта я адэшхуэрщ, апхуэдэуи и гугъу ящIащ Нафон лъэпкъым щыщу нобэ дзэ Iуэху хэхам лIыхъужьыгъэ щызезыхьэ щIалэхэм. Унагъуэм я цIыкIуи я ини фащэ ящыгъыу зыкъагъэлъэгъуащ а махуэм, ахэр псори зыдар унэгуащэ ШэIимэтт. Зэпеуэм и Iыхьэ псоми жану хэтащ Нафонхэ.
Адыгэ фащэхэмкIэ зэкIужу зэщыхуэпыкIауэ, утыку къилыдыкIыу, я дахагъым хуэдиз Iэзагъи къагъэлъагъуэу сценэм итащ Iэрэмысэхэ я унагъуэр. ГъэщIэрэщIа гуэри хэмыту, махуэ къэс зэрахьэ фащэкIэ хуэпат зэадэзэкъуэхэу Заудин-рэ Аланрэ. Анэмрэ и нысэгъумрэ, зэшыпхъу цIыкIуитIым адыгэ бзылъхугъэ фащэр ящыгът. Я лъэпкъ жыг зэгъэпэщар экраным къридзэу Алан тепсэлъыхьащ Iэрэмысэхэ я шыфэлIыфэм, унагъуэм и зэхэтыкIэм икIи езым лIакъуиблыр кърибжэкIащ.
Макъамэм дихьэх унагъуэщ Iэрэмысэхэ. ЩIалэм пшынэм къригъэкI макъамэр бэрэбан, пхъэцIыч, пхъэтIаркъкIэ даIыгът нэхъыжьхэм, зэшыпхъу цIыкIухэр къызэдэфэрт. «ЩIопщакIуэ» теплъэгъуэр ягъэлъэгъуати, адыгэ джэгукIэхэри, хъуэрыбзэхэри, хабзэ щхьэхуэхэри, псэлъафэхэри къыщагъэсэбэпу купщIафIэу зэхалъхьат.
ЛIыхъурейхэ я унагъуэм илъ дахагъэр ягъэлъэгъуащ адэ-анэмрэ абыхэм я щIалэмрэ пщащэмрэ. Я лъэпкъымрэ унагъуэмрэ къадекIуэкI хабзэхэм къинэмыщIауэ, ахэр къытеувыIащ хамэбзэ къудейкIэ жыжьэ узэрынэмысынур, адыгэбзэр Iумпэм зыщIхэр насыпым зэрыпэIэщIэр. Унагъуэ хъугъуэфыгъуэхэм тепсэлъыхьа нэужь, адыгэ гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящы- щу ягъэлъэгъуащ «Гущэхэпхэр». Абы щызэрахьэ хабзэхэм, сабий къалъхуагъащIэм хуащIэн хуей къалэнхэм, ар зэрыгъэсапхъэм, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ унагъуэм щыщхэр.
ЕплIанэу утыку къихьа Нэгъуейхэ адрейхэм къащхьэщызыгъэкIыр унагъуэм и нэхъыжь Заурбэч и щхьэгъусэ Iэминат лъэпкъкIэ зэрынэгъуейрт. Абы емылъытауэ, анэр адыгэбзэкIэ усэ къеджащ, я сабиитхур адыгэ хабзэм зэрыщIапIыкIыр ягъэлъэгъуащ. «Анэм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфэща Iэминат и бынхэм ябгъэдилъхьэ гъэсэныгъэм нэмыщI, щIэныгъэ нэхъыщхьэ ярегъэгъуэт. А ма-хуэм видео-зэпыщIэныгъэкIэ къэпсэлъащ Москва щеджэ я щIалэр, Санкт-Петербург щыпсэу я пщащэр, Европэм щылажьэ я хъыджэбзыр. А псоми адыгэбзэр я псэм хэлъщ, хабзэм тетщ, адэ-анэр я щIэгъэкъуэну гъащIэм лъэ быдэкIэ хэуващ. Заурбэч утыкум щытепсэлъыхьащ къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ беягъым, апхуэдэуи щхьэ щIэлъэныкъуэр зэрагуэшыр игъэлъэгъуащ. Я хъыджэбз нэхъыщIитIым зым «Пщащэ къафэр» къэфакIуэ нэсым хуэдэу игъэзэщIащ, нэхъыщIэ цIыкIур Нало Заур и «Адыгэбзэ» усэм къеджащ. Мы унагъуэр и щапхъэ нэрылъагъущ анэр зэрыпсалъэр нэгъуэщI бзэми, адэр хуэнэхъуеиншэмэ, и бынхэм анэдэлъхубзэр зэрызрагъащIэм, адэр зыщыщ лъэпкъым и хабзэ псори зэрызэрахьэм.
Езауэхэ я унагъуэр Джылахъстэнейм къикIат. Адэ-анэм я гъусэт балигъ хъуа зэшыпхъуиплIымрэ абыхэм я бынхэмрэ. ЛIакъуищым зэгъусэу зыкъыщагъэлъэгъуа теплъэгъуэхэр сыткIи бейт. Адыгэ хабзэм щыщ пычыгъуэ куэд ягъэлъэгъуащ Езауэхэ, я унагъуэм илъ къулеягъри экраным къыщагъэлъэгъуащ, абы къежьапIэ хуэхъуар жаIэжащ нэхъыжьхэм.
НэхъыщIэхэм я утыку итыкIэр екIуми, пщIэ зыхуозыгъэщIт дадэм и жьантIэ дэсыкIэр. Абы зэIущIэм щигъэIуащ адыгэ уэрэдыжьхэм я пычыгъуэхэр. Апхуэдэуи атэлыкъым къаныр зэрыхуашэр, ар балигъ хъууэу унагъуэм къызэрыхыхьэжыр дагъэлъэгъуащ.
Бэлахъуэ Олег и унагъуэри щапхъэу республикэ псом щыбгъэлъагъуэ хъун хуэдэт. Адэшхуэ-анэшхуэм я гъусэт я къуэмрэ абы и бынитхумрэ. Къафэм, адыгэ усыгъэм, хабзэм, я лъэпкъым тепсэлъыхьащ щIэблэр, адэшхуэ-анэшхуэр я дэIэпыкъуэгъуу. Адыгэ фащэ зыщыгъ дадэм и унэм адыгэ хабзэ фIэкIа щызекIуэркъым, нэгъуэщIыбзэкIэ псэлъэну хуиткъым и къуэрылъхухэри. Къалэм дэсми, бзэр шэрыуэу зыIурылъ щIалэ цIыкIухэм уи щхьэр лъагэу уагъэлъагъужырт. Абыхэм я къуэрылъху пщащэм щIэлъ дыжьын бгырыпхым и къэжьапIэмрэ къекIуэкIыкIамрэ жиIэжащ анэшхуэ Любэ. Мис апхуэдэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэрщ гъэсэныгъэ нэсым, дуней тетыкIэ екIум лъабжьэ хуэхъур.
Уэсмэнхэ я унагъуэ щIалэм, абыхэм я нанэм зэпеуэм щагъэлъэгъуащ зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу, лъэпкъ хабзэр, бзэр япэ ирагъэщу зэрызэдэпсэур. НысащIэр зыхэс лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэм тепсэлъыхьащ, лIы цIэрыIуэу къахэкIахэм я ехъулIэныгъэхэр жиIащ. Унагъуэм я нэхъыжьым дахэу игъэзэщIащ «Шагъдий» уэрэдыр. Лъэтеувэм щызэрахьэ хабзэхэрщ Уэсмэн-хэ ягъэлъэгъуа теплъэгъуэр зытеухуауэ щытар. Хьэлыуэ Iэнэм и мыхьэнэр, абы сабийр щIытрагъэIэбэр, къыхихам ирапх нэщэнэхэр къызэхуэсахэм жраIащ.
Унагъуэ къэс зыхуэIэзэхэр щхьэхуэу къагъэлъэгъуа нэужь, я акъылым и жанагъкIэ зэпеуахэщ. Абыхэм къуажэхьхэр къащIащ, адыгэ псалъэжьхэр зэпагъэуващ.
А дахагъэ псом кIэлъыплъа къэпщытакIуэхэм я Iуэхур тыншу щытакъым. Дэтхэнэ унагъуэми егугъуу зигъэхьэзырат. Гур хигъахъуэрт нэхъыщIэхэр гулъытэкIэ зэрагъафIэм, езыхэм я псэм хэлъ адыгагъэр зэрыхалъхьэм. Псом нэхъ-рэ нэхъ гуапэжращи, зэпеуэм хэтахэр езыхэм я жэрдэмкIэ къыхыхьауэ арат, я зэфIэкIыр ягъэунэхужыну, ящIэ мащIэр адрейхэм бгъэдалъхьэну, нэгъуэщI адыгэ унагъуэхэм щызекIуэ хабзэхэр зрагъэщIэну.
Унагъуэр быдэмэ, къэралри йофIакIуэ, унагъуэм адыгэбзэкIэ щыпсалъэмэ, адыгэ хабзэр щызэрахьэмэ, лъэпкъри лъэщ мэхъу. А махуэм ягъэлъэгъуа зэхэтыкIэм уи фIэщ ещI ди лъэпкъым къэкIуэн зэриIэр.
Къэбарт Мирэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
|
|
17.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:13 Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:03 Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.
|
|
|
16.03.2026 - 14:57 Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ |
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|