ЗэкIэ и закъуэщ![]() Самбэ Урысей Федерацэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Новосибирск къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым я бэнакIуэ 650-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыхуибл хэтащ зэхьэзэхуэм, ауэ абыхэм ящыщу къыхэжаныкIар Мамий Атмир и закъуэщ. Килограмм 88-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ спортсмен ныбжьыщIэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Къыхэдгъэщынщи, Атмир зыхэта гупыр бэнакIуэ 57-рэ хъурт. АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










