Гулъытэншэу къагъанэркъым![]() «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым и унафэщI Дадэ МуIэед зригъэлъэгъуащ фондым и къудамэу Шэджэм районым щыIэр и лэжьыгъэм зэрехъулIэ щIыкIэр, щитхащ и телеграм-каналым щIыпIэ администрацэм и тхьэмадэ Борсэ Юрэ. 2024 гъэм щегъэжьауэ фондым и къудамэр хэплъащ абы зэрызыкъыхуагъэза лъэIу зэмылIэужьыгъуэу 600-м щIигъум. Ахэр нэхъыбэу ехьэлIат социальнэ, психологие, медицинэ, юрист дэIэпыкъуныгъэхэр дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ я унагъуэхэмрэ ягъэгъуэтыным, СВО-м зэрыщыIам щыхьэт техъуэ тхылъыр (удостоверенэр) къыдахыным, къыхуащIэ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIатын хуей пщIэм зэрыхудачых Iэмалхэр яхухэлъхьэным, зауэ зэпэщIэувэныгъэм щагъуэта фэбжьхэр санаторэхэмрэ курортхэмрэ щагъэхъужын папщIэ, абыхэм я путевкэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, нэгъуэщI Iуэху куэдми. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








