И гъэсэнхэм ядилъагъум иронасыпыфIэ

Шэру Заринэ илъэс куэд хъуауэ гъэсакIуэ IэнатIэм пэрытщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр къудамэр къыщиухащ. Иджыри еплIанэ курсым щIэсу гъэсакIуэу лэжьэн щIидзащ, сабийхэм яхэтыным, игъэсэным, я зыужьыкIэм кIэлъыплъыным хилъэгъуащ псэ гуры- фIыгъуэ. Мы зэманым Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт сабий  сад №2-м и лэжьакIуэщ. ЗэрыжиIэмкIэ, цIыкIухэм я псэ къабзагъэм итхьэкъуащ. Сыт хуэдэ и ехъулIэныгъэхэр, и гъэсэнхэм заужьын папщIэ къигъэсэбэп Iэмалхэр? Абы теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ Заринэ.

- Гъэсэнхэр дауэ къы­дэп­хьэхрэ? 
- ГъэсакIуэмрэ сабиймрэ  я кум дэлъын хуейщ хуабагъэ. ГъэсакIуэу улэжьэфы-нукъым сабий фIыуэ  умылъагъумэ, абы и дунейр зыхыумыщIэмэ, пхуэмыгъэгуфIэмэ, зыгъэ­нэщ­­хъейр къыбгурымыIуэмэ. ИтIанэ, гъэсакIуэм и лъагъу­ныгъэр сабийхэм псоми зэ­хуэдэу яхурикъун хуейщ. А цIы­кIу­хэм уащытхъуныр, уа­къыщ­хьэщыжыныр, и гум уе­мы­уэу бущииныр - си гугъэмкIэ ар тыншкъым. Мытыншми, апхуэдэ къалэн щыбгъэ­защIэм и деж псэкIэ къулей уохъу. Сэ сытетщ апхуэдэ хабзэхэм.
- Сабийхэм зегъэу­жьы­ным­кIэ Iэмалу къэбгъэ­сэ­бэп­хэр…
- Абы Iэмалу иIэм нэхъыщхьэу зыбжанэ къахызогъэщхьэхукI. ДжэгукIэхэмкIэ цIыкIухэр гъэсэныр мыхьэ­нэшхуэ зиIэщ. Сабий садым кIуэхэм джэгуурэ заужьын ­хуейщи, а дэ зыхедгъэщIы­кIыну дызыхуейр езыхэм фIыуэ ялъагъу, зыдихьэх Iуэхум хэдухуанэурэ ягуры­догъаIуэ. ДжэгукIэ Iэмалым къыкIэры­хуркъым яжепIэр ебгъэлъагъуныр. Я нэм ­илъагъур я гум нэхъ щIэхыу ираубыдэри, псалъэм щапхъэ дэщIыгъун щIы­хуейри аращ. Ещанэрауэ, сабийм и IэхэмкIэ зыгуэрхэр егъэщIэн хуейщ. Ар пэщэщэху мэгупсысэ. Абы хеубыдэ су­рэт щIыныр, пластилинкIэ лэ­жьэ­ныр, щыгъэ зэфIэблэныр, хьэпшып цIыкIуфэкIухэр щIы­ныр. 
НыбжькIэ тIэкIу нэхъы­жьы­Iуэхэм къагурымыIуэм щIэуп­щIэфу, гъэхуауэ жэуап ятыфу, тегушхуауэ я гупсысэр жаIэфу догъасэ. Мыбы щы­гъуэм деж цIыкIухэр зэпеуэ­хэм хыдогъэхьэ, абыхэм увы­пIэхэр къыщахьри, нэхъри тогушхуэ щIэщыгъуэ къащIэ­ным. 
Псом хуэмыдэу сыху-щIокъу сабийхэм хьэл дахэ яхэслъ­хьэ­ным, гущIэгъур зи­щIысыр къагурыIуэу, ныбжьэгъу хъуфу, дэчых яIэу, нэгъуэщIым къыщхьэщыжу, я бзэм пщIэ хуащIу згъэсэным. «Ирехъу ди щIэблэр дэ цIэрыIуэ! Лъэпкъ гъэщIэращIэ ахэр ­тхуищI!» - жиIэгъащ «бэм я уэ­­чылкIэ» зэджэу щыта ПащIэ Бэчмырзэ. Мис абыкIэ сахуохъуахъуэ ди щIэблэм. 
- Гъэсэнхэм уащыхэткIэ гукъыдэж къозытыр сыт? 
- Хуиту мыпсэлъэфу, къы­з­да­шам яцIыху щымыIэу, езыр-езыру мышхэфхэри яхэ­ту къытхуашэ сабийхэм зэ­ры­заужьым, зэрыхэхъуэм, я гупсысэхэр къызэрызэры-кIым ущыкIэлъыплъкIэ, а псом хэплъхьэ уи лэжьыгъэм­рэ ябгъэдэплъхьэ гуапагъэм­рэ зэрымыпщIэншэр щып­лъагъукIэ, дауэ уи гур хэмыхъуэнрэ! Я нэгу цIыкIухэр зэIухауэ, я нэхэр къилыдыкIыу, щIэ­щыгъуэ ебгъэщIэным пэп­лъэу къакIуэ сабийхэм сащыхэткIэ, согуфIэ. 
- IэщIагъэм ущиIэ ехъулIэныгъэхэм я гугъу уэзгъэ­щIынут. 
- ИлъэсиблкIэ Налшык къа­лэ дэт сабий сад сыщылэ­жьауэ, сыкъыщалъхуа, сы­къы­щыхъуа къуажэм дэт сабий садым гъэсакIуэу сыкъэ­кIуэжащ. Ар 2018 илъэсрати, абы техуэу сыхагъэхьащ «Уры­сейм и гъэсакIуэ нэхъыфI» зэпеуэм. Лау­реат сы­щыхъуащ, лэжьыгъэм къы­щыс­хуэщхьэпэ Iэ­мал, щапхъэ куэди къыхэсхащ. 
ГъэсакIуэм езым сыт щы­гъуи зиужьын хуейщ, зэ­хъуэкIыныгъэхэм хуэхьэзыру, абыхэм къигъэщхьэпэн къыхихыфу, зэманым декIуу лэ­жьэн папщIэ. Илъэс 13 хъуауэ гъэсакIуэ IэнатIэм сы­пэ­рытщ. Си лэжьыгъэм папщIэ къыс­хуагъэфэщащ щIыхь тхылъ­хэри. 

Епсэлъар
ГУГЪУЭТ  Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.03.2026 - 09:14

Щыпэрытщ къэралпсо зэхыхьэхэми

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерст­вэм щекIуэкIа зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.

17.03.2026 - 09:13

Щэнхабзэм хузэфIэкIахэр Балъкъ къыщапщытэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджы­благъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и ­министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ.

17.03.2026 - 09:03

Адэм и къалэныр инщ

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.

16.03.2026 - 14:57

Ахэр щымыIамэ, къэбгупсыс хъунт

Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ

16.03.2026 - 09:14

Дрипсалъэ щхьэкIэ, къыдгурымыIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к