Я нэгу щIэкIахэм щагъэгъуазэ![]() «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм Налшык и 14-нэ гимназием и еджакIуэхэм папщIэ къызэригъэпэщащ СВО-м и лIыхъужьхэр зыхэта зэIущIэ. НыбжьыщIэхэм я деж къеблэгъащ дзэ Iуэху хэхам щыIа зауэлIхэу Коваленкэ Романрэ ПщыхьэщIэ Ахьмэдрэ. ЗауэлIхэм школакIуэхэр щагъэгъуэзащ здэщыIам я нэгу щыщIэкIахэм. ПсэзэпылъхьэпIэм ахэр зэрыIутам теухуауэ жаIэжахэм къыхэщырт хэку лъагъуныгъи, шыIэныгъи, хахуагъи, лIыгъи, зэкъуэтыныгъи. ЗауэлI щIалэщIэхэм къыхагъэщащ дзэ Iуэху хэхам щыIэху курыт еджапIэхэм щIэсхэм хуатха письмохэр къазэрыIэрыхьар, щIэблэм я псалъэ гуапэхэм ахэр нэхъри къимыкIуэт зэрищIар.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









