ЩыIэщ лъэпкъылIхэр, я IуэхущIафэкIэ, псэлъэкIэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, хьэл-щэнкIэ «уей-уей адыгэ» жригъэIэу, ахэр къыбдалъагъуныр щIыхьу, уи пщIэр яIэту. Абыхэм ящыщщ Шурдым Борис. Зи ныбжьыр нобэ илъэс 80 ирикъу а лIы щыпкъэм и цIэр зэхэзымыха щIагъуэ ису къыщIэкIынкъым Къэбэрдей-Балъкъэрым. Зыгуэрым хьэщIэ лъапIэ къыхуеблэгъамэ, абыхэм бгъэдагъэсыну япэу ираджэ нэхъыжьыфIхэм ящыщщ ар. Тхыдэ, медицинэ, щэнхабзэ, гъуазджэ жыпIэми, купщIафIэу къыбдэуэршэрыфыну щIэныгъэкIэ зэщIэузэдащ. Хьэл-щэн дахэ зыхэлъщ, унагъуэ дахэм и пашэу гъащIэр езыхьэкI тхьэмадэ махуэщ.
Борис 1945 гъэм щIышылэм и 26-м Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. 1964 гъэм курыт еджапIэр къиухри, совет армэм къулыкъу щищIащ, 1968 гъэм КъБКъУ-м щIэтIысхьащ Iэщ дохутыру еджэну, икIи 1973 гъэм ар къызэриухыу лэжьэн щIидзащ. Липецк областым и «Троекуровский» совхозым Iэщ дохутыру илъэси 4-кIэ щыIауэ лъахэм къигъэзэжри, КъБАССР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм Iэщ дохутыру 1983 гъэ пщIондэ щыIащ. Абы иужькIэ, мэкъумэш хозяйствэмкIэ Бахъсэн щIыналъэм и управленэм Iэщ дохутыр нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ щылэжьащ. Борис зэпымычу, и IэщIагъэм хуэпэжу, ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъагъуэу зэрылэжьам папщIэ мызэ-мытIэу фIыщIэ тхылъхьэмкIэ ягъэлъэпIащ.
1984 - 2004 гъэхэм производственнэ къудамэм и унафэщIу, мэкъумэш хозяйствэмкIэ Бахъсэн райисполкомым и унафэщIым и япэ къуэдзэу щытащ, 2004 гъэм КъБР-м и «Хьэмащэ» къэрал предприятэм и унафэщI ящIри, 2020 гъэ пщIондэ абы щылэжьащ.
2003 гъэм Борис къыхуагъэфэщащ «Мэкъумэш хозяйствэмкIэ КъБР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, 2009 гъэм ар хъуащ гуащIэдэкIым и ветеран.
- Борис Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iэщ дохутыру щеджэу 1974 гъэм къэсцIыхуауэ щытащ. Абдеж къыщыщIидзащ ди зэныбжьэгъугъэм. ЕджапIэ нэхъыщхьэм дыщыщIэсым Шурдымыр щапхъэт ди дежкIэ. Ар илъэс зыбжанэкIэ дэ нэхърэ нэхъыжьти, армэми щыIауэ, гъащIэри игъэунэхуауэ, хабзэ дахэрэ адыгагъэ куурэ хэлъу, уфIэмылIыкIынкIэ, пщIэ хуумыщIынкIэ Iэмал имыIэу апхуэдэт. Езыми дигъэгушхуэу, ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужу, къуэш нэхъыжьым хуэдэу къытхэтт. А лъэхъэнэм студентхэр стройотряд жаIэурэ, Алтай крайм, нэгъуэщI щIыпIэхэм дагъакIуэу щытащ. ЦIыхур апхуэдэхэм дежщ щагъэунэхур: лэжьыгъэ щызэдэпщIэкIэ, гъуэгу ущызэдэтеувэкIэ. Борис бгъэдэлъ щIэныгъэр, и зэфIэкIхэр, къыхиха IэщIагъэм тригъэкIуадэ къарур абы щыгъуэщ нэхъ наIуэ къыщыхъуар. НэхъыщIэхэм щапхъэ дахэ дигъэлъагъуу абы щыгъуэми къытхэтащ. КъызыгурыIуэхэм, хэзыщIыкIхэм Iэщ дохутырхэм пщIэшхуэ хуащI. «ЦIыху дохутырым цIыхур егъэхъуж, Iэщ дохутырым дуней псор егъэхъуж», - жаIэ. ПщIэ хэлъу зрихьащ а лэжьыгъэр Борис. ИужькIэ Шурдымыр ягъэкIуащ «Хьэмащэ» хъупIэм. КъызэгъэпэщакIуэу, унафэщIым и къуэдзэу, унафэщIу. Гу лъытапхъэщ губгъуэм ит, гугъуехьышхуэ зи фэм дэкI, лэжьыгъэ хьэлъэ езыхьэкI цIыхухэр арэзы пщIыну зэрымытыншым. Ауэ Борис и лэжьакIуэхэр къыхуэарэзыуэ яхэтащ, Iэщыхъуэхэм я Iуэхур ящигъэпсынщIэу, лэжьакIуэхэм ящытрикъузэнури, щыщэбэнури, чэнджэщ хуейм гулъытэ щыхуищIынури ищIэу. Илъэс пщIейр цIыхухъу жаным дежкIэ ныбжьышхуэкъым. Борис акъыл жан зиIэ цIыху жыджэрщи, абы и жьауэм и унагъуэ дахэр куэдрэ щIэтыну, лъэпкъым тхуэузыншэну сохъуэхъу. Шурдым лъэпкъым цIыху цIэрыIуэ куэд къахэкIащ. Си ныбжьэгъур абыхэм я нэхъ курыххэм ящыщщи, апхуэдэ куэд Шурдымхэ иджыри къащIэхъуэну си гуапэщ. Къыхэзмыгъэщу слъэкIынукъым мыри… Срогушхуэ Борис адыгагъэм, фащэм, хабзэм, тхыдэм, щэнхабзэм пщIэ зэрыхуищIым. Абы цей екIу щыгъыу гупым къыщытхыхьэкIэ дегъэгуфIэ, ди гур хегъахъуэ. Адыгэ лъэпкъыр дигъэбжьыфIэу, и щIэблэм мурадыфIу хуиIэм IэкIэ теIэбарэ абы иригуфIэу тхьэм куэдрэ ди япэ иригъэт! – жеIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Шурдымхэ си благъэщ – си адэм и анэр абыхэ япхъущ. КъищынэмыщIауэ, Борис сэрэ дыкъызэдэхъуащи, си къуэш пэлъытэщ. Куэдрэ Къущхьэхъу сыдэкIуеящ курыт еджапIэми университетми сыщыщIэсым, итIанэ лэжьыгъэ IуэхукIи. Псом хуэмыдэжу иужьрей илъэс 30-м. Сыт щыгъуэми си Iуэху дигъэкIмэ и гуапэу къыспежьар си ныбжьэгъужь Шурдым Борисщ. ЛIыгъэ иIэщ абы! Адыгэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ тезгъэгушхуэу Къэнжал зауэм теухуауэ роман итхыну щыпэрыувам, ар щекIуэкIа щIыпIэр и нэкIэ зригъэлъагъуну къытхуеблэгъат. Гупышхуэ дыкъызэрыгъэхъуат: КъармэхьэблэкIи ГундэлэнкIи дикIыу дыдэкIынут Къэнжалым. ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнкъым абы щыгъуэ Шурдым Борис къызэрытпежьамрэ дызэригъэлъэпIамрэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, хьэщIэ нэхъыщхьэм хуэщIыпхъэ пщIэри кIэлъызэрихьащ, дэри хьэщIагъэ дахэ щхьэхуэу къыдихащ. Иужьым езым и машинэм МэшбащIэр иригъэтIысхьэри, Къэнжал зауэм епхауэ сыт хуэдэ щIыпIэ щыIэми, псори дигъэлъэгъуащ, я хъыбарыжьхэр гъэхуауэ къытхуиIуэтэжащ. ЖыпIэнуракъэ, мы щIалэм хуэдэу пэж, гупцIанэ, хабзэщIэкъу, хэкупсэ, адыгэгу зыкIуэцIылъ, хьэлэл щыIэу си фIэщ хъуркъым. Сэ апхуэдэхэм хуабжьу пщIэ яхузощI! ЦIыху дыщэщ, малъхъэфIщ, адэ щыпкъэщ, адэшхуэ гумащIэщ Борис. Адыгэ цейр щыгъыу, щIакIуэ екIур и плIэм иубгъуауэ, и бгыр щIэкъузэжарэ Iэщэ-фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ пэкIугъэдахэу куэдрэ срихьэлIащ. Тхыдэжьым къыхэтэджыкIа адыгэ уэркъым хуэдэу уIуоплъэ, апхуэдизкIэ уардэщи. Сыт и уасэ апхуэдэлI лъэпкъым уиIэну, Шурдым Борис хуэдэ нэхъыжьыфIхэр къыбдалъагъуу уи япэ итыну! – пещэ ЩIДАА-м и вице-президент, Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Къызэрыхагъэщащи, Шурдым Борис куэдым къацIыху, пщIэ зыхуащI лIы Iущщ. «Нобэрей Къэзанокъуэ Жэбагъы» жысIэнт сэ абы щхьэкIэ… Борис къэзгъэпсэлъэну я деж сыщеблэгъами хьэщIагъэу къызахар гуимыхуж сщыхъуащ, ерыскъыуэ сагъэшхари си Iум итщ. Апхуэдиз псалъэ гуапэ зыхужаIэ Шурдымыр икъукIэ зэпIэзэрыту къыщIэкIати, и щхьэ теухуауэ зы псалъи къысхужьэдэшакъым: «Си напэ къамылъыфэр къысхуумыгъэцIыплъ», - жиIэри. Арами, жылэм фIыкIэ зи цIэ ираIуэ лIы щыпкъэм пэж дыдэу куэд и нэгу зэрыщIэкIамрэ нэрыбгэ бжыгъэншэхэр зэрицIыхуамрэ хьэкъ сщыхъуащ, Къущхьэхъу щилъэгъуа гъэщIэгъуэн гуэрхэм щытепсэлъыхьым:
- ЖыпIэкIи цIыхум я фIэщ пхуэмыщIыну Iуэхугъуэ куэд ущрохьэлIэ Къущхьэхъу щIыналъэм. Ар нэгъуэщI дунейм укъыщыхутам хуэдэу гъэщIэгъуэнщ. Си щIалэгъуэм сцIыхуащ къару къызэрымыкIуэ зыхэлъ зы бзылъхугъэ. Ар Зеикъуэ къуажэм щыщт. И цIэри къысхуэмыгубзыгъыж… Ауэ, ар апхуэдизкIэ къарууфIэти, зым литр 60 ихуэу бидонитIыр Iэ зырызкIэ къиIэтырт, бгым къыдихырти, машинэм иригъэувэрт. Апхуэдэ къару къылъыкъуэкIынкIи хуумыгъэфащэу, езыр дахащэт, зэпIэзэрытт, щэхут. ЗэрыжаIэмкIэ, зэрыбын 11 хъурт ахэри, зэрыщыту пелуант. Я щIалэхэр щакIуэ лъэрызехьэу, щхьэзакъуэу къуршым итт, я пщащэхэри мис апхуэдэу гуащIафIэт.
- Я адэм Исуф и цIэу, ауэ псори ТыркукIэ еджэу, я анэр балъкъэру, езы пщащэм Заирэт и цIэу, аракъэ? - сыщIоупщIэ.
- Аращ! Дэнэ щыпщIэр? - къоуIэбжь си псэлъэгъур.
- Заирэт си анэшхуэщ, си анэм и анэщ…
- ГъэщIэгъуэнкъэ, хэт зэзгъэщхьыр жысIэурэ сыноплъ. Нобэр къыздэсым къуажэдэсхэм хъыбарыжьу яIуэтэж а унагъуэ къызэрымыкIуэм я хъыбар.
- ФIыщIэ пхузощI, Борис. Iэджи сигу къэбгъэкIыжащ. Уи деж къэдгъэзэжынщи, уи нэхъыжь псалъэ зэхэсхыну сыхуейт: сыт мы гъащIэм нэхъыщхьэ дыдэу хэлъыр?
- ЩIэблэр. Абыхэм яхэтлъхьэ гъэсэныгъэмрэ зыхуэдгъэIущымрэ, - зегъэкIэщIри, щэху дыдэу Iущащэу зэбгъэдэс къуэрылъхухэм я дежкIэ – Акуандэрэ Пщымахуэрэ – маплъэ Борис.
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщи, - Борисрэ абы и щхьэгъусэ, Къаныкъуэ Барэсбий ипхъу ФатIимэрэ бынитI яIэщ. Япхъу Залинэ дохутырщ, эндокринологщ, я къуэ Мурат экономикэм хуеджащ. ТIури унагъуэщ, бын тIурытIи яIэжщ. Езы ФатIими дохутырщ, педиатрщ, я нысэ Жаннэ (Хъуэжэхэ япхъущ) «1-КБР» телеканалым щолажьэ, журналистщ.
- IуэхукIэ къалэм зэщхьэгъуситIыр дыкIуауэ, дыкъэмэжэлIати шхапIэм дыщIыхьат. Къэтщта ерыскъым щыщу зы тыкъыр и джий ехакъым Борис. «ЦIыкIухэр димыгъусэу дауэ тшхыну мыр?!», - жиIэри, мышхэу къекIуэлIэжауэ щытащ. АпхуэдизкIэ а лIы ткIийр хуэгумащIэщ и къуэрылъху-пхъурылъхухэм, - жеIэ ФатIимэ.
Хъуэпсэгъуэщ Шурдымхэ я унагъуэр. Нэхъыбэрэ сахэсарэт, садэуэршэрарэт жозыгъэIэщ. Дохъуэхъу Борис къыщалъхуа махуэмкIэ, тхьэмадэ Iумахуэу, гъуазэу лъэпкъым куэдрэ къытхэтыну, и унагъуэ дахэм зэи фIыгъуэр имыкIыну ди гуапэщ.
Фырэ Анфисэ.