Индием кърагъэха псалъэ гуапэхэр![]() Индием щыщу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ академием щеджахэм я унэ ягъэзэжа нэужь къэпщытэныгъэ экзаменхэр ирагъэтыжащ хамэ хэкум щызрагъэгъуэта щIэныгъэмрэ дохутыр IэщIагъэм ахэр зэрыхуэфащэмрэ зэхагъэкIын папщIэ икIи ехъулIэныгъэхэр къагъэлъагъуэу абыхэм псори пхыкIащ, къитащ иджыблагъэ КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэм. «Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр къызыпэщылъыр хамэ къэралхэм медицинэм щыхуеджа IэщIагъэлIхэрщ икIи абыхэм упхыкIын папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу балли 150-рэ къэпхьын хуейщ. Ди университетым къыщIигъэкIа гупым я нэхъыбэр а мардэм щхьэдэхащ икIи абы къегъэлъагъуэ щIэныгъэ куу ди деж абыхэм зэрыщагъуэтар», - щыжаIащ КъБКъУ-м. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|