Бгыщхьэ лъащIэ сэтейм

Кавказым и къухьэпIэ лъэ­ныкъуэмкIэ щыIэ адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн зи щIасэхэр Мей­къуа­пэ ипщэкIэ щыIэ бгыщхьэ къуажэ Гъуа­зэ­рыплъ дыкъыIукIыжа иужь, Щхьэ­гуа­щэ псыхъуэ дыкъы­дэкIри, къухьэпIэ лъэны-къуэмкIэ къыщежьэ Хьэ-кхъуафэпс иригъэщIа къуэ бгъунжым дыдыхьащ.

Псы къуэпсхэр къыщежьэ Iэхэлъахэм а махуэм дынэ­сын ди гугъами, хьэпшып куэд зэрытIыгъам къыхэ­кIыу, ар къыдэхъулIакъым. Апхуэдэу щыхъум, зи курыкупсэм псы цIыкIу щежэх ­къуэладжэ фэншэу гъуэ­гущI­хэм ныкъуэиупщIыкIыу къагъэнам нэху дыкъыще­кIащ.
КъыкIэлъыкIуэ пщэдджы­жьым лъагъуэм дытехьэжащ. Быркъуэшыркъуэ защIэу дэгъэзеигъуэ задэр ­иухри, щIыр сэтей хъужащ. ТIэкIу дызэрекIуэтэкIыу, ухуэныгъэ гуэрхэр къэтлъэгъуащ. Ахэр сэ зэуэ къэс­цIыхужащ: мы щIыпIэм япэу дыщыщыIам дызыIущIауэ щыта зыгъэпсэхупIэ унэ_хэрат. Ауэ, дэ, мыдрей гу­пым хэтхэр, абыхэм я щIыбагъкIэт иджы дыкъызэ­ре­кIуэкIар. ЖыпIэнур арамэ, хуей зыкъызыкъуэзыхым  мы лъэхъэнэм ди къиху­тэкIэ хъуари, апхуэдизу гугъу дехьу дыкъызэ­ры­хуэ­кIуари сэ езым згъэщIэгъуэжат. 
АдэкIэ здэдгъазэ хъуну иIэр сэмэгумкIэт. Ар сэ занщIэу къызгурыIуащ. АрщхьэкIэ, ижь лъэныкъуэм­кIэ гъунэгъубзэу зыкъы­щы­зыкъуэзыха теплъэгъуэр апхуэдизу телъыджащэти, си гъусэхэм селъэIуащ абдежым зы тэлай гуэркIэ зыщыдагъэIэжьэну. ФIэщ­щIыгъуейт, ауэ дэ дыщхьэ­щытт ищхъэрэкIэ зэуэзэпсэу къыщыунэхуа мэзылъэ тIуа­щIэ кууужьым и къуащхьэ дыдэм. Абы и джабэ нэкIу езыгъэзыххэр, апхуэдизу задэти, тIуащIэ кууужьу зи лъащIэр умылъагъум «дэ­кIуадэрт».
АрщхьэкIэ, дызрихьэлIа къуэладжэм дапхуэдизу димытхьэкъуами, адэкIэ къытпэщылъыр тщIэжырти, абдежым куэдрэ зыщытIэжьакъым. Унэ цIыкIу зытIущым хуэшэмэджыпэу дазэрыпе­кIуэкIыу, зэуэ къэтлъэгъуащ дыгъуасэрей махуэм дыкъызыхуеIа хуей дахэкIейри абы и курыкупсэм зизыгъэзэгъа хыжьей телъы­джэри.

ЩIыпIэ жэнэту
нэр зытеплъызэ

ЖыпIэнурамэ, зэ Iуплъэ­гъуэкIэ гъэщIэгъуэныщэ тщы­хъуа щIыпIэ зэлъыIухам зэуэзэпсэу дыкъихутащ. 
Фэхур узыщIэзышэщ: гъу­нэгъуу узыхуеплъых жыгы­лъэ джабэ уэххэм къинэмы­щIа, мыбдежым зы напIэ­дэхьеигъуэу уи нэгу къы­щы­щIоувэ щIэплъыпIэмкIэ къы­щыIэгъуа бгыщхьэ хъу­пIэхэм я нэзри, абыхэм я сэмэгурабгъу щIыбагъкIэ, щхъуантIагъэ-удзыфэм «ири­Iарэ» хьэуа зэщIэплъам зэщIигъэпсыпсэжу, къы­къуэщ мэзылъэ бгыжьхэри абы адкIэжкIэ щыIэ уэсылъэ аранэхэри. 
Хуейм уздитым хуиту уо­лъагъу мы лъагапIэм укъэ­зышэс гъуэгу нэхъыщхьэр къызэщIэзыIэтэ къуэбэкъу кIейм и щIэдзапIэри, мэз ­Iувыжь дурэшхэм къахэ­кIыфIыкI къуэладжэхэри, ахэр псори мы щIыпIэм щызэзышалIэ къущхьэ зэIу­хуэпхъ тафэ «уфафэри». 
«Уэздыгъей закъуэм и гуэл» цIэ лейр зытеIукIа «Партизан хыжьейм» и Iэ­гъуэблагъэри удэзыхьэхт. Жыгыншэ щIыгур удз зэ­мыфэгъубэщ. ЩIыуэпсыр зыджхэм къызэрахутамкIэ, гъунэгъу дызыхуэхъуа Ла­гъуэ-Накъэ бгыщхьэ тафэм къэкIыгъэ зэмылIэужьы­гъуэу миным щIигъу ущрохьэлIэ. Абыхэм яхэтщ цIыхум и узыншагъэм дежкIэ сэбэп хъухэу, бжьэхэм фо къызыпаххэри, шхынхэлъхьэ-хущхъуэхэлъхьэ хуэдэхэри, нэ­гъуэщIхэри. Абы нэмыщI, мы бгыщхьэ хъупIэхэр Кавказ шытхышхуэм и лъэны­къуитIымкIи къыдаху Iэщым дежкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэщи, зэдгъэщхь хъуну къэтлъытар Къэбэрдей-­Балъкъэрым и къущхьэхъу хъупIэхэрщ. 
ГъэщIэгъуэнщ икIи къыхэгъэщыпхъэщ, Лагъуэ-Накъэ и Iэхэлъахэм къыщыкI удз лIэужьыгъуэхэм ящыщу ­120-м, щIыпIэ жыжьэхэр дэнэ къэна, Кавказ псом и зы нэгъуэщI щIыпIи узэрыщримыхьэлIэр. Псалъэм пап­щIэ, Фыщт, Уэщтенэ Iуа­щхьэхэм я бгы зэхуаку-зэ­пылъыпIэм (гузэпыщIэм) уащыхуозэ дуней псом къыщумыгъуэтын удз лъэпкъыгъуэхэм.
Махуэр уэфIу ирихьэлIат. ИкIи, ди япэ зекIуэгъуэми хуэдэу, мы хуей дахащэм псори дызыIэпишат. Дыкъы­зэрихьэу, мы щIыпIэм ­ехъуэ­пса ди нэхъыжьыр псы хъурейм и адрей лъэны­къуэмкIэ еущэкIауэ къы­щытт.
Абы хэту, дэнэкIэ къикIа­-ми къыдгурымыIуэща нэ­гъуэщI зыгъэпсэхуакIуэхэри зи псыIу дыщепсыха хы­жьейм къекIуалIэу щIа­дзащ. Ахэр гуэлым хыхьэу щытлъагъум, дэ дыпху­зэ­теIыгъэжынт? Ди гупым хэтхэри дыздэщыт лъэны­къуэмкIэ псы къипщIы­пщIы­кIым дыхыхьащ...

Лъагъуэ
гъэпщкIуар
къызэрыдгъуэтыжар

Псы хъурейм укъыпе­кIуэкIмэ, мэз Iуфэ гъуэгум адэкIэ уешэ, умыщIэххэуи узыIэпешэ: узрикIуэ лъа­гъуэм утеплъэкъукIмэ, къуэ­ладжэ уэххэми уахуешэ.
Ар наIуэ щыхъуар ижь лъэныкъуэмкIэ щыIэ мэз тIыпх Iувым къыхэгъуэ­щыкIыу хэкIуэсэжа зекIуа­пIэм дыблэкIа иужькIэщ.­ ­Гъуэгум зригъэзыхыжат, ипэкIэ дыкIуэтэху къэси ­алъандэрэ къыддекIуэкIа бгы лъагэхэми загъэпщкIужат. ЛъэныкъуэкIэ дыIуишу гу щылъыттэм, гупыр дыкъэувыIащ. ЩIыпIэм и картэ - схемэу къыздетхьэкIыр зэгуэтхрэ диплъэмэ - гъуэгум адэкIэ дызыдишэр Щхьэ­­­
гуа­щэ хэхуэж къуэпсхэм ящыщ зыр щежэх мэзылъэ къуэладжэ кууужьырт! Ар, дауи, дызыхуэмей Iуэхут. 
Дыкъыщежьэм зэрыдгъэбелджылауэ, гурылъу диIэм ипкъ иткIэ дызекIуэнумэ, ­къущхьэ зэIухуэпхъ сэнтхыу къуэладжэхэр зэзышэлIэ­жым дытещхьэрыукI хъуну­тэкъым. Абы къыхэкIыуи, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу тчын хуейр Лагъуэ-Накъэ бгыщхьэ тафэ абрагъуэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ декIуэкI адыгэ-аптIэхъуэ (убых) лъагъуэжьым техьэ­жынырт.
ГъэмахуэкIэр мы щIыпIэ­хэм щыдуней жэнэтщ. Ауэ ар тыншыгъуэ защIэу зэхэтщ жытIэмэ дыщыуэнущ. Узы­щIэзышэ, уи псэми уи Iэпкълъэпкъ псоми къыхыхьэ пIейтеиныгъэ гуэрым апхуэдизкIэ узэщIеубыдэри, Iэпхлъэпх уищIам, Iэубы­д-лъэубыду укъигъэнам хуэдэщ. Бгыщхьэ щIыпIэхэм ущиткIэ, уигукIи уи IэпкълъэпкъкIи зыхыбощIэ къэ­хъугъэм и IэфIагъым, и ­гуащIагъым и инагъыр. А щытыкIэм узыIэпешэ, укъы­IэщIэкIыжыну узэрыхуэмеищэри зыхыбощIэ. Ар гу­рыщIэм къыщежьэ къэIуэтэгъуей гуэрщ. ИкIи уи псэм щэхуу щыбгъафIэ, улъэIэ­сынкIэ куэд щIауэ узыпэплъэ хъуэпсапIэ гуэрым укъы­зэщIиIэтэнкIэ, къаруущIэхэр къыпхилъхьэжынкIэ гугъэ IэфIхэр уэзыгъэщIщ.
Мэзылъэ уэх дызыхуехым зыдедмыгъэхьэхыщэу, гу­пыр дызэщIэувыIыкIри ды­зэчэнджэщыжащ. ИкIи, къед­гъэзэкIыжмэ нэхъыфIу къэтлъытащ. Апхуэдэуи тщIащ. Дэгъэзеигъуэ защIэу дыкъыдэущеижри, Партизан хуейм пекIуэкI мэз гъуэгум дытехьэжащ. Абы и ­бгъумкIэ къыщылъ мэз цIырхъым лъагъуэ гъэпщкIуа гуэр хэкIуасэрт, набдзэгубдзаплъэу жыгхэм уахэ­мыплъамэ гу лъумытэну.
Дзыхь дымыщIыщэу, абы щабэрыкIуэу дрикIуэн щIэддзащ икIи дыхущIегъуэжакъым: куэд дэмыкIыу дэ къэтлъэгъуащ а зекIуапIэм Хы мывэ сыдж къырылъэ шытхым дызэрыхуишэм. Дэри арат дызыхуейри, лъагъуэ къэдгъуэтыжам пкIатэ-лъатэу дытеувэжащ…

КЪУМАХУЭ  Аслъэн. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2025 - 09:19

ЛIы щыпкъэм и къекIуэкIыкIэр

Аруан щIыналъэм хыхьэ Псынабэ къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ къуажэдэс ­нэхъыжьыфI Къэгъэзэж Щамхьир и гъащIэмрэ и лэ­жьыгъэмрэ теухуа плIанэпэ.

28.04.2025 - 09:18

Лышхыр зэрагъэхъуж IэмалыщIэхэр

Лышх узыфэхэмкIэ Дон Iус Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэ­ны­гъэлIхэм Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм и дохутырхэр щагъэгъуэзащ рентгенохирургием теухуауэ яIэ иужьрей къэхутэныгъэхэм.

28.04.2025 - 09:05

Блий Iэюб и анэм иджыри зы медаль къыхуешэ

Черногорием и къалащхьэ Подгорицэ къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ мы махуэхэм.

27.04.2025 - 13:25

ЩIалэгъуалэм я хабзэубзыху жэрдэмхэр

Урысей парламентаризмэм и махуэм ирихьэлIэу, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм къыщызэщIакъуэжащ «Си хабзэубзыху жэрдэм» уры­сейпсо щIалэгъуалэ зэхьэ­зэхуэм и етIощIанэ щIыналъэ Iыхьэр.

27.04.2025 - 09:05

Анэмрэ бынымрэ

Иужьрей зэманым интернетым къыщрахьэкI ныбэрылъымрэ анэмрэ я зыпыщIэныгъэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн.