Гъэ блэкIам кърикIуар

2024 гъэм къриубыдэу, республикэм и цIыхухэм газ зэрырикIуэ бжьамийхэм зыпащIэнымкIэ «Газпром межрегионгаз Нальчик» ООО-м лъэIу тхылъу 3752-рэ Iэрагъэхьащ. Абы­хэм ящыщу 3681-м а IуэхущIапIэм зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ, лъапсэ 3383-м газыр иришэлIащ. Къи­нэ­мыщIауэ, лъапсэ 1901-м газыр я лъапсэм хурашэлIащ, унэм езыхэм щIашэжын хуейуэ. «Социальная газификация» Iэмалыр къагъэсэбэпу, КъБР-м ПромышленностымкIэ, энер­гетикэмрэ сату Iуэху­хэмкIэ и министерствэм, республикэм и бюджетым къыхэкIыу, сом мин 815,2-рэ тригъэкIуэдащ зыдэIэ­пыкъупхъэу къалъытахэм.

Федеральнэ проектым тету, электро-транспорт лIэу­жьыгъуэщIэр къагъэсэ­бэпыфын хуэдэу, республикэм и щIыналъэхэм щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ электро-заряднэ станцу 22-рэ щагъэуващ. А Iуэхум хуэгъэзауэ республикэм и бюджетым къыхаха сом мелуан 38-р, къанэ щымыIэу, зэхьэлIапхъэм трагъэкIуэдащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэм и IэнатIэхэр шы­нагъуэншэу щыгъэты­ным теухуауэ щекIуэкI кIэ­лъы­плъыныгъэхэм щыпащэ. А Iуэхум хузэщIагъэуIуа комиссэхэм, псори зэхэту 32-м, я лэжьыгъэм хэтщ КъБР-м ПромышленностымкIэ, энер­гетикэмрэ сату IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIы­кIуэхэри.
2024 гъэм энергетикэм пыщIа Iуэхухэм ехьэлIауэ цIыху щхьэхуэхэми зи гугъу тщIы министерствэм зыхуа­гъэзащ. Абыхэм ящыщу ­200-м арэзы къэзыщI жэуап­хэр къаIэрыхьэжащ. 
Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм деж щаухуэ «Шэрэдж ГЭС» электростанцым ехьэлIа Iуэхухэр и кIэм нагъэблэгъащ. Бетон лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ, аг­ре­гат­хэр щагъэуващ, киловольти 110-рэ къэзыт трансформаторыр здэщытыпхъэм ­деж щызэпкъралъхьащ, Iэмэ­псы­­мэ псори къызыхуэ­тыншэу зэрырагъэжьэным хуагъэхьэзыр, Iэгъуэблагъэр ягъэдахэ. 

КЪУМАХУЭ  Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2025 - 09:03

НыбжьыщIэхэр дихьэхыу

Мазаем и 3 - 7-хэм Каменномост (Къармэхьэблэ) курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэныгъэм и тхьэмахуэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ­хэмрэ папщIэ ар гъэщIэгъуэнрэ купщIафIэу къызэрагъэпэщащ.

15.02.2025 - 09:03

МэкъумэшыщIэхэм защIегъакъуэ

Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм худэчых зыхэт кредиту сом мелуан 236-рэ мы гъэм яритынущ.

14.02.2025 - 09:43

Къалащхьэр ирагъэфIакIуэ

Республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэр.

14.02.2025 - 09:37

«Кхъуэ-псы» хьэмэрэ «Хъуэ-псы»?

Адыгэхэм я Хэкужьым ущрохьэлIэ Хобза - Кобза - Хъуэпсы - Хъуэбзы - Кхъуэ­псы фIэщыгъэхэр зезыхьэ псыежэх зыбжанэм. 

14.02.2025 - 09:35

«Мывэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ»

Налшык модель библиотекэ №10-м щекIуэкIащ Кавказым и тхакIуэхэм ящыщхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Камни и цветы» альманахыр дунейм къызэ­ры­техьам теу­хуа зэIущIэ.