Къуажэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щаухуэнущ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэщIэхэр.

Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щра­гъэкIуэкIынухэм яхэтщ Бахъсэн районым щыщ ­Бахъсэненкэ къуажэр. Мыбы щаухуэнущ сабии 140-рэ зэуэ зыщIэхуэ сабий сад, псы къыщIэшыпIэ-зэбгры­тыкIы­пIэр, сабий спорт комплекс зыхэтыну, джэгукIэ зэхуэ­мыдэхэр щрагъэкIуэкI щIы­пIэр, щIалэгъуалэм я нэгу зыщрагъэужьын, зыщагъэп­сэхун зэхуэсыпIэ зэпэщыр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэуи ­къуажэм дащIыхьынущ физкультурэ-узыншагъэр щызэ­трагъэувэж комплексрэ ветеринар клиникэрэ.
Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Къэщкъэтау жылэм щаухуэнущ псы къабзэр зэрыкIуэ, Къарэ-Суу, Бабугент, Къэщкъэтау къуажэхэр зэпызыщIэ псы кIуапIэщIэр. Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ 2026 гъэм и кIэхэм ирихьэлIэу.
Абыхэм нэмыщI, Тырныауз къалэм Олимп джэгухэм хэ­тыфынухэр, зэчий зыбгъэ­дэлъ сабийхэр щагъэхьэзыр и спорт еджапIэмрэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я твор­чествэм зегъэужьы­нымкIэ центрымрэ нэгъабэ щрагъэжьа зэгъэпэщы­жы­ныгъэ лэжьыгъэхэм мы гъэми пащэнущ. 
Томэкъуэ  Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2025 - 09:03

НыбжьыщIэхэр дихьэхыу

Мазаем и 3 - 7-хэм Каменномост (Къармэхьэблэ) курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэныгъэм и тхьэмахуэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ­хэмрэ папщIэ ар гъэщIэгъуэнрэ купщIафIэу къызэрагъэпэщащ.

15.02.2025 - 09:03

МэкъумэшыщIэхэм защIегъакъуэ

Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм худэчых зыхэт кредиту сом мелуан 236-рэ мы гъэм яритынущ.

14.02.2025 - 09:43

Къалащхьэр ирагъэфIакIуэ

Республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэр.

14.02.2025 - 09:37

«Кхъуэ-псы» хьэмэрэ «Хъуэ-псы»?

Адыгэхэм я Хэкужьым ущрохьэлIэ Хобза - Кобза - Хъуэпсы - Хъуэбзы - Кхъуэ­псы фIэщыгъэхэр зезыхьэ псыежэх зыбжанэм. 

14.02.2025 - 09:35

«Мывэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ»

Налшык модель библиотекэ №10-м щекIуэкIащ Кавказым и тхакIуэхэм ящыщхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Камни и цветы» альманахыр дунейм къызэ­ры­техьам теу­хуа зэIущIэ.