ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр нэхъапэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъу­ныгъэмкIэ министр Тогузаев ТIэхьир. Ахэр тепсэлъыхьащ илъэс блэкIам яху­зэфIэкIахэмрэ дызытехьа илъэсыщIэм къапэщылъхэмрэ. 
ЦIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщын IуэхукIэ республикэм и щытыкIэр хъарзынэу зэрызэтеувар, абыхэм я нэхъыбэр мэкъу­мэшым, хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщ­хьэ­хэмрэ елэжьыным, ухуэныгъэм, сатум зэрепхар къыхагъэщащ зэIущIахэм. 
 Республикэм лажьэу ис цIыхухэм я бжыгъэр мин 427,4-м нэсащ, ар илъэс блэкIам елъытауэ нэхъыбэщ. ЛэжьапIэншэу зыкъэ­зыгъэлъагъуэхэм я бжыгъэм хощI. Илъэс блэкIам ахэр зэрыхъур минитI къудейт, ипэ илъэсым а бжыгъэр тIукIэ нэхъыбэу щытащ. 
 Гулъытэшхуэ хуащI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зыщIагъэкъуэнми. ЩIыналъэм и лIыщхьэм абыхэм зэи и нэIэ ятригъэкIыркъым. 
Илъэс блэкIам сабий куэд зыщIэс уна­гъуэхэм зэ етыгъуэу, мазищ къэс - зэ, мазэ къэс ират пособие лIэужьыгъуиблым япкъ иткIэ ахъшэ хуаутIыпщащ. Зыуэ щыт пособиехэмкIэ нобэ къызэщIаубыдэ цIыху мин 16,9-рэ, абыхэм ящыщу сабийуэ – мин ­17,4-рэ, псори зэхэту а Iуэхум хухагъэкI сом мелуан 486,7-м нэс. 
Гъэмахуэм къриубыдэу, узыншагъэм кIэлъыплъыным хухэха зыгъэпсэхупIэ 34-м сабий мини 7,5-м зыщагъэпсэхуащ. Абыхэм хеубыдэ зеиншэхэр, дзэ Iуэху хэхам щы­Iэхэм я бынхэр, гъащIэ гугъусыгъум хиубыдахэр, узыншагъэкIэ щыщIэныгъэ зиIэхэр, хэхъуэшхуэ зимыIэ унагъуэхэм къыхэкIахэмрэ зи IэпкълъэпкъкIэ мыузыншэхэмрэ. 
Республикэр доIэпыкъу ныбжьышхуэ зиIэхэми, я унэхэм екIуалIэурэ зыхуей ­хуагъазэ. А лэжьыгъэр хеубыдэ мыу­зыншэхэр пIалъэ кIыхькIэ ядэIэпыкъуным хуэгъэпса проектым. Илъэс блэкIам къриубыдэу, социальнэ лэжьакIуэхэм зыщIагъэкъуащ цIыху мин 48-м щIигъум. 
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ уна­гъуэшхуэхэм, сабий мыузыншэхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ IэпкълъэпкъкIэ сэкъат зиIэхэмрэ ядэIэпыкъуныр къэралым игъэ­пэрыт социальнэ къалэну зэрыщытыр, социальнэ лэжьакIуэхэр а Iуэхум дяпэкIи зэрелIэлIапхъэр. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.02.2025 - 09:03

НыбжьыщIэхэр дихьэхыу

Мазаем и 3 - 7-хэм Каменномост (Къармэхьэблэ) курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ щIэныгъэм и тхьэмахуэ. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ­хэмрэ папщIэ ар гъэщIэгъуэнрэ купщIафIэу къызэрагъэпэщащ.

15.02.2025 - 09:03

МэкъумэшыщIэхэм защIегъакъуэ

Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу КъБР-м щыIэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм худэчых зыхэт кредиту сом мелуан 236-рэ мы гъэм яритынущ.

14.02.2025 - 09:43

Къалащхьэр ирагъэфIакIуэ

Республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным теухуауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэ­кIуэкIа зи чэзу зэIущIэр.

14.02.2025 - 09:37

«Кхъуэ-псы» хьэмэрэ «Хъуэ-псы»?

Адыгэхэм я Хэкужьым ущрохьэлIэ Хобза - Кобза - Хъуэпсы - Хъуэбзы - Кхъуэ­псы фIэщыгъэхэр зезыхьэ псыежэх зыбжанэм. 

14.02.2025 - 09:35

«Мывэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ»

Налшык модель библиотекэ №10-м щекIуэкIащ Кавказым и тхакIуэхэм ящыщхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Камни и цветы» альманахыр дунейм къызэ­ры­техьам теу­хуа зэIущIэ.