ЩIэблэм я щапхъэщ икIи я гъуазэщ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыб­лагъэ яIущIащ щIыпIэ спорткомитетым и унафэщI Къаскъул Аслъэн, Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и директор Къарэмышэ СулътIан, тренер Жамырзэ Беслъэн, спортсмен цIэрыIуэхэу Багъ Алийрэ Мэш Ислъамрэ.

Багъымрэ Мэшымрэ зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ къапэщылъ зэIущIэхэм зэрызыхуагъэхьэзыр щIыкIэм­рэ дызыхыхьа илъэсым зэхуагъэувыжа къалэнхэмрэ. Абыхэм я псалъэм пэджэжу Жамырзэ Беслъэн къызэ­хуэсахэр щигъэгъуэзащ зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ (ММА) зыкъэзыгъэлъагъуэ спортсменхэм я Iуэхур нобэкIэ зыIутым, ахэр адэкIэ кIуэта зэрыхъуным. 
ММА-м хэт спортсменхэм иужьрей илъэсхэм зыщагъэхьэзырар Щауэм и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэрщ. Иджы абыхэм пэш щхьэхуэ хухахащ икIи зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр иджыпс­ту щрагъэкIуэкI. ИужькIэ зы­хуей-зыхуэфIхэмкIэ пэшыр «яхуэпэнущ». Абы къыдэкIуэу, тренерхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я бжыгъэми хагъэхъуэнущ.
«Зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэм иджыпсту щIэупщIэшхуэ дуней псом щаIэщ. Абы хэт спортсменхэр щагъэ­хьэзыру къэралым щыIэ и центрхэм яхэтщ Бахъсэн къалэр. ИкIи тлъэкI къэдгъанэркъым апхуэдэ пщIэр нэхъ лъагэу тIэтын папщIэ. Мырзэкъан Азэ­мэт, Багъ Алий, Бырхьэм Мухьэмэд, КIуэкIуэ Мухьэмэд, Мэш Ислъам, Гугухэ Ислъамрэ Муратрэ, Хъыжьрокъуэ Валерэ, Балъкъыз Ахьмэд, Хъуэтхэ Резуанрэ Залымрэ, Щоджэн Артур сымэ, нэгъуэщIхэри къыдэкIуэтей ди щIэблэм я щапхъэщ икIи я гъуазэщ», - жиIащ Мамхэгъ Хьэчим. 
Тамокъуэ Алыдж. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.03.2026 - 09:03

Зэныбжьэгъугъэм и нэщэнэ

Мечиев Кязим и цIэр зе­зыхьэ НыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэм ще­кIуэкIащ «Мы разные, мы вместе: мир через литературу» усэ зэпеуэр.

05.03.2026 - 09:03

Я зэфIэкIыр къагъэлъэхъшэнукъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерст­вэм иджыблагъэ щыхэп­лъэжащ 2025 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм, щытеп­сэлъыхьащ дызыхыхьа илъэ­сым япэ игъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэм ик

05.03.2026 - 09:03

Анэдэлъхубзэм зэришэлIахэр

Бахъсэн щIыналъэм хы­хьэ Ислъэмей къуажэм и модельнэ библиотекэм зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ, Анэдэлъхубзэхэм я дуней­псо махуэм теухуауэ.

04.03.2026 - 09:03

Щхьэлыкъуэ и хьэщIэ лъапIэхэр

Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Виктор я пашэу тренер гуп иджыблагъэ щыIащ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт базэм.

04.03.2026 - 09:03

Кавказ тажым хэс налмэс лъапIэ

Мазаем и 21-м ди къэралым щагъэлъапIэ Экскурсоводым и дунейпсо махуэр.