ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр

Налшык къалэм щекIуэкIащ шахмат къызэрыгуэкIымрэ блицымкIэ зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ сабий 90-рэ балигъыу 20-рэ икIи ахэр я ныбжьрэ яIэ рейтингымрэ елъытауэ гуп-гупу гуэшауэ щытащ.

КъызэрыгуэкI шахматымкIэ зэпеуэхэр екIуэкIащ мы гъэм щIышылэм и 6 - 7-хэм. Удихьэхыу къызэрагъэпэща зэIущIэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Жырыкъ Хьэмидбий, Мэремщауэ Азэмэт, Лу Къантемыр, Мирзоевэ Лиланэ, КIыщ Идар, Костахов Тимур, Къардэн Чэрим сымэ.
 Блиц зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIащ щIышылэм и 8-м. Абы щытекIуахэщ Нэгумэ Аскэр, Алэкъей Сэлэдин, Гугъуэтыж Альберт, Шэрджэс Къантемыр, Таймаскулов СулътIан, Чылар Умар сымэ.
ШахматымкIэ зэпеуэхэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ. 

КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.07.2025 - 09:48

Жылагъуэ гупсысэр еунэтI

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым щехъуэхъуащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм (РИЦ). Ар Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ илъэс ирикъуащ.

16.07.2025 - 09:46

Тхылъ хъумапIэм и лъахэхутэ къудамэм

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм лэжьыгъэм зыщагъэ­гъуа­зэу тхьэмахуитIкIэ щIэ­ныгъэ-къэхутэныгъэ практикэ щыIащ КъБКъУ-м и фи­­­лологие институтым ад

15.07.2025 - 09:03

ЛIэщIыгъуэ зи ныбжь нэхъыжьыфI

Бахъсэн къалэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ Волгоград къикIа хьэщIэхэр зыхэта зэхыхьэ.

15.07.2025 - 08:57

Унагъуэр зэпэщмэ, лъэпкъыр узыншэщ

ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я дуней лъагъукIэм зы лъабжьэщ иIэр: щыIэныгъэм хэмыкIуэдэжу дунейр щIэблэщIэм къазэрыхуагъэнэнум хуэгъэпса щэнхабзэ къэгъэщIынырщ.

15.07.2025 - 08:56

ГукъэкIыжхэр унагъуэхэм щахъумэ

Налшык къалэм и Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэм ирихьэлIэу къызэригъэпэщащ «Хэку зауэшхуэм теухуа гукъэкIыжхэр унагъуэхэм щахъумэ» зыфIаща зэхыхьэр.