ЦIыху мини 100-м щIигъу

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэ 11-м къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мини 103,4-рэ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм елъытауэ ар процент 12,5-кIэ нэхъыбэщ, къитащ КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм. 

Псом хуэмыдэу щIэупщIэ зиIэр, цIыху нэхъыбэ дэзыхьэхыр Iуащхьэмахуэ лъапэрщ. Мы махуэхэм абы зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 80-м икIи ар процент 14,5-кIэ ­нэхъыбэщ блэкIа илъэсым и апхуэдэ пIалъэм щыIа ­бжыгъэхэм нэхърэ. Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ кIапсэ гъуэгухэмкIэ къакIухьащ цIыху мин 56-м нэблагъэм. Языны­- къуэ махуэхэм Iуащхьэмахуэ и джабэ нэкIухэм зэуэ дэкIащ цIыху мини 7-м щIигъу. 
ХьэщIэхэм я нэхъыбэм 2025 илъэсыщIэр Азау хуейм къыщрагъэхьэну нэхъ къыхахащ. Абыхэм щхьэкIэ удэзы-хьэх, гукъинэж хъун программэ гъэщIэгъуэнхэр зэхагъэу­вауэ щытащ. 
Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыщI, илъэсыщIэ зыгъэпсэху­гъуэ махуэхэм туристхэр щыкуэдащ «Нарзанхэм я ауз»       экопаркым, Шэрэдж, Шэджэм аузхэм.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.01.2026 - 09:03

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм.

16.01.2026 - 09:26

Пэжыр цIыхубэм лъагъэIэс

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и уна­фэщI Жыласэ Заурбэч жи­Iащ илъэсым Iуэ­ху гуапэкIэ зэрыпежьар.

16.01.2026 - 09:23

АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэк

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.