Иджырей пщащэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и радиожурналист, абы и зы къудамэм и унафэщI Беслъэней Еленэ зэфIэкI къэзыгъэлъа­гъуэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм щытекIуэ пщащэ жанщ. УФ-м и Журналистхэм я зэгу­хьэныгъэм хэтщ, «Росмолодёжь» федеральнэ агентствэм и Iуэхур зыгъэкIуатэхэм ящыщщ. 2022 гъэм Еленэ «Радиопроект нэхъыфI» IыхьэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр къихьауэ щытащ. Нэгъабэ ехъулIэныгъэ щигъэлъэгъуащ журналист щIалэгъуалэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа «Шум» урысейпсо зэпеуэм. Гурэ псэкIэ зыпэрыт и лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ар IэпэIэсэщ икIи сурэтыщIщ – гъуазджэм и фIыпIэр псэкIэ зыхещIэф. Еленэ и IэщIагъэм, хъуэпсапIэхэм, и зэфIэкIхэм тыдогъэпсэлъыхь. 
- ЩIэныгъэ щызэбгъэгъуэтам дыкъытегъэувыIэ…
- ЩIы-мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ сы­Iэ­щIагъэлIщ. Ставрополь къыщызухащ къэ­рал мэкъумэш университетыр. Пэжым ухуеймэ, еджапIэ нэхъыщхьэ сыщыщIэтIыс-хьэм, и фIэщыгъэр гурыхь сщыхъури, сы-къы­теувыIауэ арат. СызэрыцIыкIурэ сэ хъуэп­сапIэу щы сиIэт: радиом сыщылэжьэну, дизайнер сыхъуну, стюардессэу сыщы­тыну. Курыт еджапIэр къыщызухым, нобэ хуэдэу, гъуазджэм ехьэлIа IэщIагъэхэм мыхьэнэшхуэ иратыртэкъым. Дизайнер IэщIагъэм къыхэзмыхами, си хъуэп­сапIэр сщIыгъуащ сыт щыгъуи. Ди унэм щIэтщ зэрыдэ машинэу тIу икIи къызо­гъэ­сэбэп. Зэман дэкIауэ, а хъуэпсапIэм згъэзэжащ. Фэилъхьэгъуэхэм я дизайнымкIэ магистратурэр мы гъэм къыщызухащ КъБКъУ-м. 
- Радиожурналист IэнатIэм къытхутепсэ­лъыхьыт. Сытхэм уелэжьрэ? 
- ХъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм сыщылэ­жьащ илъэсихрэ ныкъуэкIэ. Абы къыдэ-кIуэуи утезыгъэу нэтынхэр езгъэкIуэкIырт. ИтIанэ Iуэху зэхуэмыдэхэр къыщытIэт нэтынхэм селэжьыну гупыж сщIащ. Зытеухуам я гугъу пщIымэ, ахэр куэду зэщ­хьэщокI. Махуэ къэс эфирым сыкъохьэ. Блыщ­хьэм жылагъуэ гъащIэм, политикэм сытопсэлъыхь. Псом япэрауэ, ар респуб­ликэм и цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ­хэрщ. Гъубжым цIыхубэр тезыгъэу нэтын-хэм пызощэ, бэрэжьейм республикэм илъ хъыбарыщIэхэм зызогъэубгъу, махуэкум лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ IэпщIэлъап­щIэ­нымрэ теухуа уэршэр зыгуэрхэм я гъусэу изо­шажьэ. Псалъэм папщIэ, лъэпкъ шхы-ныгъуэхэм, псом хуэмыдэу адыгэхэм яп­щэфIхэм, я гугъу дощI. А нэтыныр эфирым занщIэу макIуэ. Куэдрэ къызогъэблагъэ ­гъуазджэм и цIыхухэр. СфIэфIу езгъэкIуэкI сабий нэтынхэр сиIэщ. Зэ шыпсэхэм сыкъоджэ, къыкIэлъыкIуэм - сабийхэм садоуэршэр. Ар мэремым тохуэ. Сабийхэм ятеухуа проектым зэманышхуэ хухызох. Шыпсэхэм сыкъеджэн езгъэжьа нэужь, сабийхэм ятещIыхьауэ «Росмолодёжь» агентствэм и ­проект гъэщIэгъуэн къэунэхуати, абыи сы­хыхьащ. Си лэжьыгъэм зеубгъу. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и шыпсэхэр» жысIэу езгъэжьамэ, иджы абы Кавказ Ищхъэрэ ­федеральнэ щIыналъэр къызэщIеубыдэ. Сабийхэм ядэпщIэ лэжьыгъэм сытым де- жи гурыфIыгъуэ къыхыбох. Щэбэтым «Хо­рошее настроение» зэрызытрагъэу нэтыныр къыдокI. Абы хеубыдэ спортым ехьэлIахэри. А проектым сэ къысхелъхьэ гукъыдэжи къаруи. 
- Радиом дауэ укIуа? 
- Журналистикэм хэт си зы ныбжьэгъум зэ­гуэрым: «Макъ дахэ уиIэщ, радиом ущы­лэжьэну ухуейкъэ?», - къызжиIат. Сэри сыбзыщIакъым абы куэд щIауэ сызэрехъуапсэр. СыкъакIуэри, си макъыр езгъэтхащ, етIуанэ махуэм сылэжьэну сыкърагъэблэгъащ. 
- Ленэ, уэ сурэтхэр, хьэпшып гъэщIэрэ-щIа цIыкIухэр бощI, фэм, пхъэм, абджым уолэжь… Апхуэдэ IэпэIэсагъэм езыр-езыру зыхуэбгъэса? 
- Школым сыщыщIэса лъандэрэ си IэкIэ сщIынIауэ сфIэфIщ. Уеблэмэ зэгуэр сыдэ­лэжьащ Кавказ Ищхъэрэм абдж гъэп­щынымкIэ щыIэ IэпщIэлъапщIэ закъуэм - Баттаев Михаил. Абджым сытетхыхьырт, «витраж» жаIэ абы щхьэкIэ. А псом сы­хуэ­IэкIуэлъакIуэу зыщыхуэзгъэсат курыт еджапIэми художественнэ школми. Къинэмы­щIауэ, IэфIу пщэфIэныр сфIэфIщ. Пэжым ухуеймэ, сэ радио лэжьыгъэм сыкъыщы­дэхуэ щIагъуэ къэхъуркъым. Къапщтэмэ, ра­диом и журналисту улэжьэнри творчествэм щыщщ. ИтIани, IэкIэ хьэпшып цIыкIухэр сщIыныр, сыпэщэщэныр къэзгъанэркъым. Зэман тIэкIу сызэриIэу, IэпщIэлъапщIэным-кIэ си псэр согъэнщI: къэлътмакъ хызодыкI, сурэт сощI, хьэпшып цIыкIуфэкIухэм солэжь, пхъэмрэ фэмрэ тхыпхъэхэр пхызогъэсыкI. 
- Иужьу узыхэта «Шум» урысейпсо журналист зэпеуэм и гугъу уэзгъэщIынут…
- Иужьу сызыхэта проектхэм ящыщщ ар. Шыпсэхэм ятеухуа си проектыр зэпеуэм ­къигъэув мардэхэм фIы дыдэу хуэкIуэрт. Абы сэ сыщыхыхьэм ирихьэлIэу, къэралым щыщу цIыху мини 6-м зыхрагъэтхат. Зэ­пеуэм хэтынухэр къыщабжыжым мини 10 ирикъуакIэт. ИкIэм, зэпеуэм пхыкIри, кIэух зэхьэзэхуэм хэтыну дыкъыхахащ цIыху 75-рэ. Москва щызэпеуэжахэм Кавказ Ищхъэ-   рэм щыщу яхэтар си закъуэщ. КIэух зэпеуэм сыпхымыкIами, абы сызэрыхэтар куэд и уасэщ. Си зэфIэкI сеплъыжащ, си IэщIагъэм теухуауэ щIэщыгъуэ куэд къэсщIащ. 
- ДизайнымкIи ехъулIэныгъэхэр уиIэщ…
- Дизайн зэпеуэхэм я гугъу пщIымэ, иужь­рейуэ сызыхэта дизайн-марафоныр гу­къинэ сщыхъуащ. Ар къызэригъэпэщащ «Уры­сейр Iэмалхэр щыкуэд къэралщ» зэгухьэныгъэм. Зэпеуэм езгъэхьащ дэнымкIэ зэрызагъасэ видеотеплъэгъуэ. Езыр Iыхьи­щу зэхэтт: дизайнымкIэ, графикэмкIэ, теплъэхэмкIэ. Дизайным хухэха IыхьэмкIэ нэхъыфIхэм ящыщ сыхъуащ, абы къыпэкIуэуи, сыхуеджэну Iэмал къызатащ графикэр зи лъабжьэ дизайн проектхэм селэжьыну, стилист-имиджмейкер IэщIагъэм сыхуеджэну.
- ГъащIэм куэдрэ сэбэп къыщыпхуэхъу щэн нэхъыщхьэу сыт пхэлъ?
- Сызыхуейм си Iэр тызогъахуэ, зызужьыну сыт щыгъуи сопабгъэ, си еплъыкIэм къыщ­хьэщыкI гупсысэхэр зэрыщыIэр тыншу зыхызощIэ. Ахэр псори япэкIэ сызыгъэкIуатэ хьэл-щэнщ. А псом нэхъыщхьэжуи зы хьэ­лыфI схэлъщ - цIыхухэр фIыуэ солъагъу! 
- Зыхэбныну узыхуей хьэл зыдэплъа­гъужрэ?
- Апхуэдэ хьэли схэлъщ. Iуэху сызыпэрыувэм и гъэзэщIэныр иужьрей махуэм, иужьрей сыхьэтым нызогъэс сыпэрымыувэу. Псалъэм папщIэ, зы проект зэхэзгъэувэу зыщIыпIэ езгъэхьын хуейрэ абы папщIэ махуэ бжыгъэ сиIэми, сыщелэжьыр иужьрей махуэрщ. 
- Художественнэ тхыгъэ куэд зэры­щIэбджы­кIым сыщыгъуазэщ. ФIыуэ      плъагъу тхылъ уиIэ хъунщ…
- Моэм Сомерсет и «Луна и грошь» романым си гупсысэм лъэныкъуэ куэдкIэ зригъэужьащ. ЕтIуанэу къыхэзгъэщынут Рэнд Айн и «Атлант расправил плечи» тхылъыр. 
- Мурад зыхуэбгъэувыну пфIэфI?
- Дауи. Ахэр зэзгъэхъулIэурэ, зэзгъэхъу­лIэ­хэм гукъыдэж къызатурэ сопсэу. Мазэм, илъэ­сым, уеблэмэ илъэсипщI хуэдизым зэзгъэхъулIэну сызыхуейхэр щызгъэбелджылы щыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, пIалъэ пыу­хы­кIам къриубыдэу паропланкIэ сылъэтэну    сигу ислъхьати, ар щытезухуам и пIалъэм фIэмыкIыу зэзгъэхъулIащ. Мы гъэми зэфIэзгъэкIащ нэхъапэкIэ згъэбелджылауэ щыта Iуэху куэд. ИлъэсыщIэми мурадыщIэхэмкIэ сыпежьэнущ!
Епсэлъар  ГУГЪУЭТ  Заремэщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг