ЯхузэфIэкIам хоплъэж

2024 гъэм и иужьрей тхьэмахуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIащ республикэм дзюдомрэ самбэмкIэ и бэнакIуэхэм яху­зэфIэкIахэр къыщапщытэжа зэIущIэ. 

Абы хэтащ КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, КъБР-м дзюдомкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Емкъуж Мухьэмэд, Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Мудрэн Беслъэн, УФ-м дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренерхэу Щад ­Муратрэ Хьэбэчыр Муратрэ, КъБР-м ­дзюдомрэ самбэмкIэ и спорт еджапIэм и унафэщI Сэ-   ралъп Олег, «Локо-дзюдо» клубым и тхьэмадэ Джэданэ Залым сымэ, республикэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьа­кIуэхэр, спортсменхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ, нэгъуэщIхэри. 
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ къэралым мыхьэнэ нэхъыбэ зрит спорт лIэужьы­гъуибгъум дзюдор зэращыщыр, ди респуб­ликэми абы гулъытэ хэха зэрыщи­гъуэтыр икIи абы зыхуэзыгъасэхэм я­ ­ехъу­­­лIэныгъэхэм щIыналъэм и уна­фэщI­хэри спортым дихьэххэри зэрыкIэлъыплъыр, ди спортсменхэм я зэфIэкIхэми зэ­ригъэпIейтейр.
КъБР-м ДзюдомкIэ и федерацэм лэжьыгъэ куэд блэкIа илъэсым иригъэкIуэкIащ икIи, псалъэм къыдэкIуэу, ди спортсмен-хэр зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэу (щIыналъэхэм ­къы­щыщIэдзауэ къэрал, дунейпсо зэпеуэ­хэм деж щиухыжу) 30-м хэтащ, текIуэ­ны­гъэхэр абыхэм къыщахьащ е етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ. Абы нэмыщI, егъэджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсу 4 ­ира­­гъэкIуэкIащ. IэнатIэм и лэжьакIуэхэм къы­­зэрыхагъэщамкIи, апхуэдэ Iуэху бгъэ­дыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, ди спортсменхэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэри къагъэлъэ­гъуащ. Къапщтэмэ, абы и щыхьэтщ къэ­ралым и командэ къыхэхам республикэм и бэна­кIуэ 18 зэрыхэхуар.
Хьэсанэ Ислъам тренерхэм фIыщIэ яхуи­щIащ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм папщIэ икIи спортсменхэм ехъуэхъуащ дызыхы- хьа илъэсми ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъэ­гъуэну, республикэм и щIыхьыр нэхъри ­лъагэу яIэтыну. 
Къыхэдгъэщынщи, УФ-м дзюдомкIэ и командэ къыхэхам Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалиплI тренеру нобэ щолажьэ икIи ди республикэм дежкIэ ар мыхьэнэшхуэ, пщIэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ.
ЗэIущIэр Iуэху гуапэкIэ иухащ: УФ-м дзюдомрэ самбэмкIэ и командэ къыхэхам хэ­хуахэм саугъэт лъапIэхэр - кимонохэр, спорт щыгъынхэр, сумкэхэр иратащ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэмрэ я сабийхэми апхуэдэ гулъытэ хуащIащ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.07.2025 - 09:03

Шэр сэбэп, хьэмэрэ зэран?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэ.

11.07.2025 - 17:49

Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ.

11.07.2025 - 15:06

Удз гъуахэм мафIэ евмыдз

Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ.

11.07.2025 - 10:03

Дыгъэм дисыжыну хьэмэрэ уэшхым дилъэсыну?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым егъэлеяуэ зыкъызэридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва къыщыхъуа борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэтезыкъута уэр, к

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ