Мыхьэнэшхуэ зиIэну унэтIыныгъэ

Уней индустриальнэ парк Къэбэрдей-Балъкъэрым щыухуэным ехьэлIауэ щIыналъэм щыIэ Iэмалхэр иджыпсту зрагъащIэ. Республикэм и экономикэм и зыужьыныгъэм ар щIэгъэкъуэныфI хуэхъуну къалъытэ. Абы къыхэкIыуи, мурад щыIэщ инвесторхэр а Iуэхум къыхашэну, къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи ахэр къыдахьэхыну. 
Гугъэ зэрыщыIэмкIэ, уней индустриальнэ паркым IэнатIэ зыбжанэ хиубыдэнущ, промышленность псынщIэр, жыг хадэ гъэкIыным, мэкъумэш хозяйствэм ехьэлIа Iэмэпсымэхэмрэ техникэхэмрэ къыщIэзыгъэкI, ахэр щызэхуахьэс IуэхущIапIэхэри хэту. 
Иджы кърахьэжьэну мурад ящIа пэхуэщIэм къалэн зыбжанэ къыпэщылъщ. Псалъэм папщIэ, пIалъэ кIыхьым тещIыхьа инвестицэ ахъшэ къыхэшэныр, иджырей лэжьапIэ IэнатIэхэр къызэгъэпэщыныр, дунейпсо мардэм къитIасэ, экспортым ягъакIуэ иджырей продукцэхэр къыщIэгъэкIыныр, улахуэ инхэр щрату цIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэ къэхузэгъэпэщыныр икIи ахэр егъэфIэкIуэныр, инвестицэ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэн папщIэ абы пыщIа Iуэхугъуэхэр нэхъ тынш щIыныр. 
«Республикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ иджыпсту зи гугъу тщIы унэтIыныгъэм. Ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэсыху пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIа хъун щхьэкIэ, дыхьэзырщ сыт и лъэныкъуэкIи дадэIэпыкъуну: ар щаухуэну щIыр къыхэхыным щегъэжьауэ абы щылэжьэнухэр егъэджэным деж щиухыжу, къэрал шэсыпIэу яттынухэри абы хэту», - а Iуэхум теухуауэ жиIащ КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил. 
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.05.2026 - 12:35

ЩIэуахътыншэри аращ

Совет Союзыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зылI и быну зэщIэтаджэри, бий ерум пэщIэуващ.

12.05.2026 - 09:31

Зэхыхьэм хэт щIалэгъуалэр ди хьэщIэщ

 Мы махуэхэм Налшык къалэм щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIа­лэгъуалэ форумым и лэ­жьыгъэм пещэ.

12.05.2026 - 09:30

ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Ветеран лъапIэхэ!

12.05.2026 - 09:29

НэхъыжьыфIыр щIалэгъуалэм яIуощIэ

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьар зэрыдгъэлъапIэм и щIыхькIэ, тхыдэдж, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ УФ-м и тхакIуэхэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиI

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.